Нэхъ лъэщыр зэхагъэкIШахматхэмрэ шашкэхэмрэ дихьэххэм папщIэ Налшык щыIэ «Ладья» клубым иджыблагъэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и Унэм щылажьэ, гъэзэщIакIуэ властым и IэнатIэхэм я IэщIагъэлIхэм я зэхьэзэхуэ. Удэзыхьэхыу икIи гъэщIэгъуэну екIуэкIа зэпеуэм япэ увыпIэр щиубыдащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и лэжьакIуэ Гъуэгу Мурат. етIуанэ хъуащ КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я Iуэхухэр зезыгъакIуэ управленэм и IэщIагъэлI Байчекуев Расул. ещанэ увыпIэр зыIэригъэхьащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэ Хьэмжу Сэлим.
Поделиться:
Читать также:
16.05.2024 - 14:22 →
Фагъуэ хъуа футбол
15.05.2024 - 17:22 →
Европэ зэхьэзэхуэм зыхуагъэхьэзыр
15.05.2024 - 16:00 →
Ди шууейхэр къыхожаныкI
15.05.2024 - 15:11 →
Европэм и дыжьын медалыр
14.05.2024 - 11:44 →
КъаIэтащ цIыхухэм я гукъыдэжыр
|