НОБЭ

ШыщхьэуIум и 30, бэрэжьей

Залымыгъэ кIэлъызэрахьэу ягъэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ
1933 гъэм
къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Кубаным щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Сэкий Нурдин. 
1941 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ Сыжажэ Валерэ.
1961 гъэм къалъхуащ атлетикэ хьэлъэмкIэ спортым и мастер, УФ-м щIыхь зиIэ и гъэсакIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
1981 гъэм къалъхуащ хьэрычэтыщIэ, юридическэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Едыдж Едыдж. 

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 25 – 28-рэ, жэщым градус 14 - 17 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Дыщэр къыщыщIахми щылъапIэщ.

 

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

17.05.2024 - 07:16 Нобэ
16.05.2024 - 09:08 НОБЭ
15.05.2024 - 12:44 НОБЭ