НОБЭ

ШыщхьэуIум и 29, гъубж

         Ядернэ Iэщэхэр гъэунэхуныр мыдэным и дунейпсо махуэщ

         Урысейм и МВД-м и къэрал кIуэцI дзэхэм я гуп хэхахэм я махуэщ

         1972 гъэм Германием и Мюнхен къалэм щекIуэкIа XX  гъэмахуэ Олимп джэгухэм лъакъуэрыгъажэ спорт лIэужьыгъуэмкIэ дыщэ медаль къыщихьащ адыгэ щIалэ Шыхъуэ Борис.

         1928 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къумахуэ Мухьэдин.

Дунейм и щытыкIэнур

         «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу  щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 27 - 28-рэ, жэщым   градус 14 - 20  щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

ЖьакIэр тхъуамэ, фIыцIэ хъужыркъым.

 

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.

 

Поделиться:

Читать также:

17.05.2024 - 07:16 Нобэ
16.05.2024 - 09:08 НОБЭ
15.05.2024 - 12:44 НОБЭ