НОБЭБадзэуэгъуэм и 14, мэрем 1945 гъэм Париж къалэм ТекIуэныгъэм и парад щекIуэкIащ. Япэ иту уэрамым ирикIуащ Франджым и ЛIыхъужь адыгэ бзылъхугъэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан. 1957 гъэм Налшык щекIуэкIащ СССР-м ис лъэпкъ псоми я тхакIуэхэм я лIыкIуэхэр зыхэта пшыхь гъэщIэгъуэн. 1965 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэмкIэ и «Кабардинка» къэрал ансамблыр къафэмкIэ «Кабардинка» ансамблу зэрахъуэкIащ. 1904 гъэм къалъхуащ адыгей тхакIуэ Щоджэн Iэюб. 1936 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэу щыта, КъБАССР-м и Министрхэм я Советым и унафэщIу 1988 – 1991 гъэхэм лэжьа Мамхэгъ Михаил. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 26 - 28-рэ, жэщым градус 19 - 22-рэ щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Зы гъэр тIэу къакIуэркъым.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 07:16 →
Нобэ
16.05.2024 - 09:08 →
НОБЭ
15.05.2024 - 16:22 →
Хьэрш къэхутэныгъэщIэхэр
15.05.2024 - 15:10 →
Дэтхэнэри дыхуэныкъуэщ
15.05.2024 - 12:44 →
НОБЭ
|