Илъэсищэ зэрырикъуар ягъэлъапIэКъэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэм щызэхэтащ «Динамо» спорт зэгухьэныгъэр илъэсищэ зэрырикъум теухуа гуфIэгъуэ зэIущIэ. Абы кърихьэлIат республикэм и хабзэхъумэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр, «Динамо» зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэмрэ ветеранхэмрэ. Республикэм щыIэ МВД-м и унафэщI, КъБР-м и «Динамо» зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий зэIущIэм къекIуэлIахэм хъуэхъукIэ захуигъазэу жиIащ: «Динамо» зэгухьэныгъэм илъэсищэ лъэхъэнэм къриубыдэу зи лэжьыгъэм хуэIэижь IэщIагъэлI куэд игъэхьэзыращ. Абыхэм узэрыпагэ хъун, ехъулIэныгъэ ин зиIэ спортсмен мымащIэ утыку кърашащ. Чемпион хъуахэм я бжыгъэм дяпэкIи хэхъуэну дыщогугъ». ЗэIущIэм къекIуэлIахэм хъуэхъу псалъэкIэ захуигъэзащ экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ советым и секректарым и къуэдзэ, «Динамо» зэгухьэныгъэм и ветеран Залиханов Къанщобий. Абы и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ къаIэта Iуэхугъуэм мыхьэнэшхуэ зэрыритыр, «Динамо»-мкъызэринэкIа илъэсищэм лэжьыгъэ щхьэпэу куэд ди республикэм зэрыщызэфIигъэкIар. ЗэIущIэм и кIэм юбилейм ирихьэлIэу къыдагъэкIа медалхэмрэ щIыхь тхылъхэмкIэ яхуэупсащ лэжьыгъэм къыхэжаныкIа, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ къулыкъущIапIэм и унафэщIхэмрэ ветеранхэмрэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам министр Павлов Василий спортым хуищI хэлъхьэныгъэм папщIэ фIыщIэ хуищIащ икIи ЩIыхь тхылъ иритащ. ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 18:49 →
Къармэ Мажмудин ящыгъупщэркъым
17.05.2024 - 14:33 →
Борсэ Алан ятокIуэ
17.05.2024 - 13:32 →
Дыщэу тIу
16.05.2024 - 14:22 →
Фагъуэ хъуа футбол
15.05.2024 - 17:22 →
Европэ зэхьэзэхуэм зыхуагъэхьэзыр
|