Инвестицэм нэхъыбэ къыдегъэхьэхын

Минеральные воды къалэм Кавказым и япэ инвестицэ гъэлъэгъуэныгъэ щызэхэтащ. Ар иригъэкIуэкIащ Урысейм и Премьер-министр Мишустин Михаил, къэралым спортымкIэ и министр Матыцин Олеги кърихьэлIэу.
Гъэлъэгъуэныгъэм хыхьэу мыхьэнэшхуэ зиIэ зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэр ирагъэкIуэкIащ. Кавказ Ищхъэрэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм нэмыщI, мыбы гулъытэ щыхуащIащ физическэ культурэмрэ спортымрэ. Абы епха Iуэхугъуэхэр, упщIэхэр, нэгъуэщIхэри щызэпкърахащ. Зэхуэсым хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам. Уигу химыгъахъуэу къанэркъым кIуэ пэтми ди къэралми, республикэми спортымрэ физическэ гъэсэныгъэмрэ гулъытэ нэхъыбэ зэрыщигъуэтым, абы хуэунэтIа лэжьыгъэ щхьэпэхэр икIи купщIафIэхэр кIэщI-кIэщIурэ къызэрызэрагъэпэщым.
Гъэлъэгъуэныгъэм хэтахэщ Азербайджаным, Венесуэлэм, Израилым, Ираным, Къэзахъстаным, Катарым, Абхъазым, Кипрым, Осетие Ипщэм, Сербием, Словением, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Таджикистаным, Шри-Ланкам къикIа хьэщIэхэр.
Мыпхуэдэ Iуэхугъуэ къызэгъэпэщынымкIэ жэрдэм къыхэзылъхьар Урысей конгресс Фондырщ, абы дэIэпыкъуэгъу хуэхъуащ УФ-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэр.
Мы гъэлъэгъуэныгъэм инвестицэ и лъэныкъуэкIэ Кавказ Ищхъэрэм хузэфIэкIынухэм къекIуэлIахэр щыгъуазэ хуащIащ икIи Урысейм нэмыщI нэгъуэщI къэралхэри а Iуэхум къыхэша зэрыхъунум тепсэлъыхьахэщ.       

 

ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться: