Къэзан къыщыхэжаныкIахэрТэтэрстан Республикэм и щыхьэр Къэзан къалэм щекIуэкIащ каратэмкIэ «Ак Барс и Кубок» дунейпсо зэхьэзэхуэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ мыбы спортсмен 31-рэ хэтащ. Зэпеуэм цIыху минитIым щIигъу зэхуишэсащ, Урысейм и щIыналъэ 49-м нэмыщI, Азербайджаным, Таджикистаным, Къэзахъстаным, Къыргъызым, Ираным, Белоруссием къикIахэу. Зэхьэзэхуахэр илъэс 12 - 17 ныбжьым ит хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэщ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым япэ увыпIэр къыщахьащ: Къэзанш Артур (килограмм 32-рэ), Яхуэмыгъуэт Аслъэн (килограмм 30), Блий Iэмир (килограмм 34-рэ), Гуэбэшы Аскэр (килограмм 38-рэ), Гуэбэшы Арнеллэ (килограмм 47-рэ), КIэбышэ Ислъам (килограмм 57-рэ).
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 18:49 →
Къармэ Мажмудин ящыгъупщэркъым
17.05.2024 - 14:33 →
Борсэ Алан ятокIуэ
17.05.2024 - 13:32 →
Дыщэу тIу
16.05.2024 - 14:22 →
Фагъуэ хъуа футбол
15.05.2024 - 17:22 →
Европэ зэхьэзэхуэм зыхуагъэхьэзыр
|