«Динамо»-р ягъэлъапIэМэлыжьыхьым и 18-м «Динамо» урысей-псо физкультурэ-спорт зэгухьэныгъэр илъэсищэ зэрырикъум теухуауэ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрагъэпэщ. «Динамо»-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Джэданэ Залым къызэрыджиIамкIэ, Урысейм абы егъэщIылIауэ щекIуэкIыну спорт зэхьэзэхуэ 13-м хэтынущ ди лIыкIуэхэр. Куэд мыщIэу мы махуэр Мэзкуу щагъэлъэпIэнущ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэр иригъэкIуэкIынущ «Динамо» спорт зэгухьэныгъэм и унафэщI Гулевский Анатолий. Абы щыIэну ди спортсмен, тренер пажэхэм фэеплъ дамыгъэхэр, саугъэт лъапIэхэр, щытхъу тхылъхэр иратынущ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 18:49 →
Къармэ Мажмудин ящыгъупщэркъым
17.05.2024 - 14:33 →
Борсэ Алан ятокIуэ
17.05.2024 - 13:32 →
Дыщэу тIу
16.05.2024 - 14:22 →
Фагъуэ хъуа футбол
15.05.2024 - 17:22 →
Европэ зэхьэзэхуэм зыхуагъэхьэзыр
|