ФутболУрысей Федерацэм футболымкIэ зэкъуэтым и ет1уанэ лигэм и япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хыхьэ зы зэIущIэ зэхэтакъым. Абы щыджэгу «Спартак-Налшык» и хьэщIэн хуеящ ди гъунэгъу ЕсэнтIыгу къикIа командэр. АрщхьэкIэ, футболым къигъэув хабзэхэр ипэкIэ къызэрызэпиудам къыхэкIыу, чемпионатым хагъэкIащ. А щIыкIэм тету ди футболистхэм 3:0-у текIуэныгъэр къахьауэ къалъытащ.
Мэлыжьыхьым и 10-м щIидзауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и федерацэм егъэбелджылы илъэс 35-м нэхърэ мынэхъыщIэхэр щыджэгуну чемпионатым хэтынухэр. Абы зыкъыщызыгъэлъэгъуэну командэхэм лъэIу тхылъыр тIуащIэу, спортсменхэм я паспортым траха копие, хэтыпщIэр зэрыхэфлъам щыхьэт техъуэ тхылъ езы федерацэм игъуэу щIалъхьэн хуейщ. Футзал Налшык дэт «Гладиатор» спорт IуэхущIапIэм щокIуэкI, зи ныбжьыр илъэс 22-рэ мынэхъыжь дэгухэм я зэхьэзэхуэ. Ар зэхэтынущ мэлыжьыхьым и 20-м пщIондэ. Къэбэрдей-Балъкъэр гупым нэмыщI, мыбы командэу 8 хэтщ Урысей Федерацэм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIауэ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 18:49 →
Къармэ Мажмудин ящыгъупщэркъым
17.05.2024 - 14:33 →
Борсэ Алан ятокIуэ
17.05.2024 - 13:32 →
Дыщэу тIу
16.05.2024 - 14:22 →
Фагъуэ хъуа футбол
15.05.2024 - 17:22 →
Европэ зэхьэзэхуэм зыхуагъэхьэзыр
|