«Вагъуэ цIыкIухэр» аргуэру пашэ мэхъуШэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм лъэпкъ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта и «Вагъуэ цIыкIу» сабий ансамблым (художественнэ унафэщIыр Къурашэ Едыджщ) Гран-при саугъэтыр къыщихьащ цIыхубэ къафэхэмкIэ Сочэ къалэм щекIуэкIа «Код нации» япэ международнэ зэпеуэмрэ Железноводск къалэм «Радость планеты» щэнхабзэ-егъэджэныгъэ Iуэхум хыхьэу щызэхэта «Кубок России» международнэ чемпионатымрэ. Сочэ къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм зэхуишэсащ Урысейм и щIыналъэ 20-м щIигъум щыщ къэфакIуэ ныбжьыщIэхэр. ЩIыналъэ, урысейпсо, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм мызэ-мытIэу адрейхэм щефIэкIа «Вагъуэ цIыкIу» ансамблыр абы и зэфIэкI зэрыщеплъыжар икIи пашэ зэрыщыхъуар гуапэщ. "Вагъуэ цIыкIу" ансамблым и зэфIэкIым илъэс зыбжанэ хъуауэ куэд кIэлъоплъ икIи телъыджэ ящохъу. Республикэм и щэнхабзэ, гъуазджэ зэхыхьэхэр зыгъэдахэ «Вагъуэ цIыкIу» ансамблым и къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм я хьэл-щэн дахэр, я зэфIэкIыр куэдым я дежкIэ щапхъэщ, абыхэм я ехъулIэныгъэхэм уригушхуэ хъунущ. НыбжьыщIэхэм я утыку итыкIэмкIэ зыхыбощIэ ди лъэпкъым и хабзэхэмрэ гъуазджэмрэ хуаIэ лъагъуныгъэр. Къафэм къыдэкIуэу, ахэр пшынэмрэ бэрэбанымкIи зэрымыхуэмыхур умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Ар зи фIыщIэр сабийхэм псэемыблэжу ядэлажьэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, пшынауэ цIэрыIуэ Сэхъу Хьэсэнрэ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, бэрэбэнауэ Iэзэ Шэрэдж Алийрэщ. ЦIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа «Вагъуэ цIыкIу» сабий ансамблым хэтхэр я фащэкIи къызыхуэтыншэу зэпэщу утыку зэритым укIэлъыплъыну гухэхъуэщ. Щэнхабзэ зэхуэсхэмрэ фестивалхэмрэ зэрызыкъыщагъэлъагъуэм и фIыгъэкIэ, гупым Iуэху бгъэдыхьэкIэ щIэщыгъуэхэм зыхагъэгъуазэ, я зэфIэкIым хагъахъуэ. Нэхъыщхьэращи, Къурашэ Эдик и гъэсэн ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIым куэд дехьэх икIи Iэгуауэшхуэ хуаIэт. ЗэфIэкI зиIэ къэфакIуэхэр хамэ къэралхэми къыщацIыхуащ. КъищынэмыщIауэ, къэфакIуэ ныбжьыщIэхэр псапэ Iуэхухэми жыджэру хэтщ.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 12:48 →
Кинофестивалым и махуэхэр
13.05.2024 - 17:30 →
ТекIуэныгъэ Иным траухуэ
10.05.2024 - 12:36 →
Зэманым жьы хуэмыщI уэрэд
07.05.2024 - 17:46 →
Зи напэ емыплъу лъэбакъуэ зымыча
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
|