ЦIыхур къызэригъэщIрэ щIыуэпсыр къегъэсэбэп бгъуэнщIагъхэм, бгыщхьэхэм, жыг щхьэкIэхэм, къумым, псыщ-хьэм псэуалъэхэр щаухуэу. ЩIыуэпсми, зэрылъэкIкIэ, зэрызихъумэжыным яужь итщ, цIыхум иригъэлей зэрымыхъунур игу къигъэкIыж хуэдэурэ зыкърегъащIэ. Къапщтэмэ, IуэрыIуатэм нобэ къихьэсащ мызэ-мытIэу псыдзэм илъэса, къэбэкъауэм (вулканым) ирижьыкIа, щIыхъейм ихьа пасэрей къэралыгъуэ телъыджэхэм я хъыбар.
Апхуэдэщ мы тхыгъэмкIэ фэдгъэцIыхуну дызыхуей, пасэрей адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ щызэхэзекIуэу щыта къалэжьхэу Киммерик, Акрэ, ДиоскIурей жыхуиIэхэр.
Киммерик
Мыр алыдж къалэ-къэралу щытащ. Ди лъэхъэнэм ипэкIэ псэуа философхэмрэ тхакIуэхэмрэ зэхуэдэу щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Киммерикыр Мэуэтейрщ здэщыIар, Керч хы тIуащIэм деж къыщыщIэдзауэ, МыутI гуэлым (Iузэв) и Iуфэм зыщиукъуэдияуэ кIэрысу. ЩIэныгъэлIхэмрэ археологхэмрэ къыщIатIыкIыжыну я мураду лIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ лъыхъуащ къалэжьым, ауэ ягъуэтакъым. Абы къыдэкIуэу гу лъытапхъэщ ди лъэхъэнэм ипэкIэ 600 гъэ- хэм, алыджхэр хы ФIыцIэмрэ МыутI гуэлымрэ я Iуфэр щаубыдам, Киммерикыр боспор пщыжьхэм яухуауэ IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжым.
Пэжу, пасэрей Кърымри, Темэнри, Къафэри нобэ зэрытцIыхум хуэдэу щытакъым. Сыту жыпIэмэ, Керч хы тIуащIэм шууэ удэкIыфу хы ФIыцIэр метри 4 - 5-кIэ (нэхъ мащIэ дыдэу) нэхъ чэнжу щытащ. Абы щыхьэт тохъуэ Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIэдзауэ Кърымым нэс километр 18-кIэ кIуэцIрыкI пшахъуэ лъагъуэр. Аращи, псы Iуфэмрэ тIуащIэмрэ я теплъэм илъэс къэс зэрызихъуэжыр къэплъытэмэ, Киммерикыр здэщы-тар къэпхутэнуи ар къэптIэщIыжынуи гугъущ. Ауэ пасэрей философхэм зэратхыжамкIэ, ар тIуащIэм укъызэрикIыу, Темэн и гъунапкъэ дыдэм деж щытащ, мывэ къалэкIэ къещIэкIауэ, хьэкхъуафэ дэтIыкIарэ Iуащхьэ IэрыщIхэмкIэ псым щыхъумауэ. Аращи, тIуащIэм и щIыпIэ нэхъ Iузэ дыдэм а къалэм ущылъыхъуэну щхьэпэт.
Пэжу, 18-нэ лIэщIыгъуэ пщIондэ тхыдэтххэм я гугъащ Киммерикыр къуэкIыпIэмкIэ, кавказ Iуфэм Iусауэ. Сыту жыпIэмэ, МыутI гуэлым Iуса лъэпкъыжь-хэм тIуащIэм къыхэпIиикI мывэшхуэхэр къыхахыурэ псэуалъэхэр яухуэу къэгъуэгурыкIуащ. Псым къыхахыу щыта а мывэ- хэр пасэрей къалэжьым и къутахуэу хуагъэфащэу арат археологхэм. Ауэ, иужьыIуэкIэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, тIуащIэм дэкI пшахъуэ лъагъуэм нэхъыбэжу къыщыбогъуэтыж къалэжьхэм я лъэужь, уеблэмэ мрамор щIэгъэкъуэн нэгъунэ къыхопIиикI. Киммерикым ущылъыхъуэн хуейри абдежщ.
Акрэ
Кърымым нэхъ и гъунэгъуу щыта мы къалэм щхьэкIэ «лъэхъэнэжьым и щэху» жаIэ. Абы тетхыхьащ Страбон, Плиний Нэхъыжьыр, нэгъуэщIхэри. Акрэ здэщытауэ зыхуагъэфащэ щIыпIэ дыдэм деж щыIауэ жаIэ нэгъуэщI пасэрей къалэхэри: Пантикапей, Фанагорие, Китей, Корокондамэ. Ахэр псори лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм щыIащ, языхэзыр къагъуэтыну щыгугъыуи, куэдрэ къалъыхъуащ. Къагъуэтыжар зы закъуэщ - Акрэр.
18-нэ лIэщIыгъуэм и кIэхэм псэуа академик Паллас П. С. хы ФIыцIэмрэ Керч тIуащIэмрэ я зэпылъыпIэм деж пасэрей къалэ гуэр щытауэ хуигъэфащэу картэм дамыгъэ тригъэуват. Ар Кърымым и ипщэ-къуэкIыпIэ гъунапкъэрт. ИужьыIуэкIэ, 19-нэ лIэщIыгъуэм и пэхэм, Дюбрюкс Поль а щIыпIэ дыдэм деж къыщигъуэтащ пасэрей къалэжь гуэрым и къутахуэхэр. Дюбрюкс и къэхутэныгъэр алъандэрэ псори зылъыхъуа Акрэр арауэ игъэIури, илъэси 100-м щIигъукIэ къекIуэкIащ а хъыбарыр. Ауэ 1918 гъэм а къалэжьым и лъабжьэм щIэлъу бдзэжьеящэхэм къагъуэтащ мывэ чырбышышхуэ. Абы тедза тхыгъэр щыхьэт техъуащ а къалэр зэрымы-Акрэм. Ар Китей къалэрат…
Страбон итхам тепщIыхьмэ, Акрэр псы лъабжьэм щIэлъщ, «Мэуэтейм и мылхэм гъэр ящIауэ». Ар тегъэщIапIэ пщIырэ, Китейр зытет щIыпIэр зэи зэрымыщтыр къэплъытэмэ, Ак-рэм ущылъыхъуэн хуейр Керч тIуащIэрщ. Сыту жыпIэмэ, ар екIуэкIыу мэщт щIымахуэм. Пэжу, Плиний етх: «Феодосие и къуэкIыпIэмкIэ къыщылъщ Китей, Зефирий, Акрэ, Нимфей…». Ауэ щыхъукIэ, Акрэр Зефирийрэ Нимфейрэ я зэхуакум дэлъащ. А псори зэпашэчу, иджыри зэ ириплъэжа нэужь, щIэныгъэлIхэм жаIащ Акрэр Яныш гуэлым Iус нобэрей Набережнэ къуа- жэм и лъабжьэм зэрыщIэлъыр. Курыт еджапIэм щIэс Куликов Алексей 1981-1982 гъэхэм а къуажэм и Iэхэлъахэм пасэрей жьгъей Iэбжьыб къыщигъуэтауэ щытащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, ахэр Боспор къэралыгъуэм ди лъэхъэнэм ипэкIэ 375 - 321 гъэхэм щызекIуэу щыта ахъшэт. ЩIалэ цIыкIум щIэныгъэлIхэм яригъэлъэгъуащ ар къыщигъуэта щIыпIэр, икIи 1982 гъэм археологхэм Яныш гуэлым и лъабжьэм щIэлъу къагъуэтыжащ пасэрей Акрэ къалэшхуэр.
ЩIэныгъэм къызэрихутамкIэ, Акрэр хуэм-хуэмурэ псым щIилъэфащ. Абы щыпсэуахэр лIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ пэщIэтащ псым, Iуащхьэхэр иращIэкIыу, къагъэувыIэн я гугъэу. Щыпэмылъэщым, а щIыпIэм иIэпхъукIащ.
Къэлъхъейм и вагъуэ
ЩIэныгъэр зэрыщыгъуа-зэмкIэ, Понт Iуфэм Одессэу тIу щыIащ. Языр псы лъабжьэм щIэлъщ. Акрэуи тIу щыIащ: къалэшхуэрэ псым пикIуэтурэ тIысыжауэ щыта къуажэ цIыкIурэ. Боспоруи тIу щIыIащ: Босфоррэ Кимерий Боспорымрэ. Къы-зэрыщIэкIымкIи, Севастополри тIу мэхъу: УФ-м и флотыр здэщыIэмрэ Сыхъумрэ… НэгъуэщIу жыпIэмэ, ДиоскIурейрэ. Аращ пасэрей зэманым Сыхъум зэреджэу щытар.
Троян зауэм (ди лъэхъэнэм ипэкIэ 1218 гъэм щIидзам) ипэ-кIэ Хьэт къэралыгъуэм къикIри, ДиоскIур зэкъуэшитI (Касторрэ Полидевкрэ) хы ФIыцIэм и Iу-фэм къалэ щаухуащ, IуэрыIуа-тэм зэрыжиIэмкIэ. Къалэм зэкъуэшитIым я лIакъуэцIэр фIащыжащ - ДиоскIурей. Ар нобэ-рей Сыхъумращ зыхуэзэр. Археологхэм зэрыжаIэмкIэ, псы Iуфэм щIыхъей шынагъуэ къыщыхъущ, абы псыдзэ къыкIэлъыкIуэжри, къалэр илъэсащ ар зытета щIыр гуэщэтри, псы лъабжьэм щIилъэфэжащ. ЗэрыжаIэмкIэ, нобэр къыздэсым псым къыхопIиикI пасэрей ДиоскIурейм и мывэ блынхэмрэ чэщанэхэмрэ. Нобэр къыздэсым Сыхъум и псы Iуфэм Iутщ быдапIэм и къуэкIыпIэ блынхэр.