Зыми емыщхь миссис СевиджЖьакIэмыхъу КIунэ Джон Патрик и «Странная миссис Сэвидж» пьесэ цIэрыIуэм ехъуапсэрт. Ар ди театр утыкум кърихьэну и нэ къыхуикIыу, абыкIэ цIыхуу щыIэм яжриIэфынум къару къыхилъхьэу гукIэ зыкъомрэ игъэ-фIащ. ИтIанэ къищтэри адыгэбзэ ищIащ. Адыгэ театрым и унафэщI Пащты Иринэрэ и режиссёр нэхъыщхьэ Шыбзыхъуэ Басиррэ я пащхьэ ирилъхьащ. А тIум ар режиссёр Дэбагъуэ Роман IэщIалъхьэжри… театреплъхэр ди джэгуакIуэфIхэм дыкъагъэфIащ иджыблагъэ! Роль нэхъыщхьэр зыгъэзэщIа ди театр Гуащэм нобэ цIыхуу щыIэм зыдэдмылъагъужу тфIэкIуэд лъапIагъэр - ЦIыхугъэр - театр утыкум къыщытхуишиижащ. Игу зэгъа? Зэгъащ. Утыкум кърихьа образым пкърылъщ гуащIэ, ар КIунэ хуэдэу зыхозыгъэщIэн актрисэ куэд щыIэу фIэщщIыгъуейщ. Спектаклыр репертуарым щIэх хамыхыну дыщогугъ. Акъылымрэ псэмрэ я зэдауэ Джон Патрик «Зыми емыщхь миссис Севидж» пьесэр щитхар 1950 гъэрщ. Ар урысыбзэ зэращIу (1960 гъэм) театрхэм япхъуэтащ, ди къэралым хыхьэ лъэпкъхэм я бзэкIэ зэрадзэкIым - ягъэувурэ цIэрыIуи хъуащ. И щэхур сытыт? Ахъшэрыбжэ цIыху акъылымрэ гурыщIэхуэлIэ псэмрэ я зэхуакум дэлъ зэныкъуэкъурщ. Сыт зэманми. Зэпекъуу. Акъылыр текIуэмэ, цIыхупсэр бохъшэшхуэ мэхъу, псэр текIуэмэ - акъылыр ЦIыхугъэм хуолажьэ. А тIум я зэдауэр зыгъэлъагъуэ пьесэфIхэм гъащIэ яIэщ. Дэбагъуэ Роман адыгэ театрым мы пьесэр хуигъэуву къыщытщIэм, театреплъхэр дыгуфIащ. ЗэIусэм псэ къыIуигъакIэу Кавказ Ищхъэрэм и режиссёр нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщ зым и лэжьыгъэщIэм ущымыгуфIыкIыпIэр иIэт?! Зэман мащIэ дыдэм къриубыдэу абы утыку къищIар нэхъ гуапэу икIи гурыхьу си щхьэкIэ къысщыхъуащ, Урысейм и театрышхуэхэм ар зэрыщагъэу-вам еслъытри. А спетаклхэм я дагъуэхэр зэхуэмыдэми, нэхъыщхьэ дыдэм ущхьэщаш. Зым я фащэхэр ямылейуэ щхъуэкIэплъыкIэщи, нэм къыщIоцIууэ, джэгуакIуэфIхэм ягъэлъагъуэр фIэщщIыгъуей пщащIу. Адрейм я макъамэр нобэ ятх цIрухэм ящыщщи, абы бжьыпэр еубыд, утыкум къыщыхъур зыхыуимыгъащIэу. НэгъуэщI зым джэгуакIуэхэр щыдрипсырийщ, ахэр щыпсэу унэм «ПсэупIэ тыншкIэ» уеджэ мыхъуну. «Теплъэрыджэгу-купщIэщIэх» къэIуэтэкIэр нэхъ зыфIэфI щыIэми, итIани, мы спектаклым макъамэ щIэзыгъэува Уэркъуасэ Артур журналист КъуэщIысокъуэ Марья-нэ жриIам сыкъыщеджам, щIалэр сигу къипсэлъыкIауэ къыщIэкIащ: «Джон Патрик и пьесэр «комедия положений» жыхуиIэм хуэдэу режиссёрхэм щагъэув щыIэщ - узыгъэгупсысэм нэхърэ узыгъэдыхьэшхыр, нэм къыфIэнэр нэхъыбэу. Сэ Дэбагъуэм и еплъыкIэр нэхъ сфIэфIщ - апхуэдэут сэ езым си нэгу къызэрыщIэувэр пьесэм хэтхэр. Абы къыхэкIыу, макъамэри къыщыслъыхъуэнур сэркIэ занщIэу наIуэт». Артур къыхиха макъамэхэм (Шопен Ф., Десплэ А., Дадли Э. сымэ ятхахэм) куууэ зыхыуагъащIэ «псэупIэ тынш» зиIэ цIыху гумащIэхэм я щхьэ кърикIуар. Миссис Севидж мылъкушхуэ зыбгъэдэлъ цIыхубзщ, дызыхэт дуней хьэзэрышхым хэмызэгъауэ. Абы хуэмыщIахэм псапэ зэрахуилэжьыр, ахъшэ зэратригъэкIуадэр и мылъху бын щыкIахэм къагурыIуакъым. Анэм и щхьэр зэIыхьа я гугъэу, хэзэрыхьыжахэм щеIэзэ унэм ират, а псом ищIыIужкIи абы и мылъкур къыIэщIагъэкIыну яужь йохьэ. Нэпсеягъэм и гъэрыпIэм ихуа бынхэм ущеплъкIэ укъагъэуIэбжь, хэзэрыхьыжар ахэрауэ пфIэщIу. Анэм ар гущIыхьэ щыхъуу жеIэ: «Мыбыхэм умыбзаджэу уадекIуэкIыфынукъым. Сэ сыкъогубжь, зыгуэр яжызоIэри… сросымэджэж»... Дуней фIыгъуэр зыбгъэдэлъ цIыхубзым и псэм псэхупIэ щигъуэтыр а и бынхэр зыхэт гъащIэ хьэрэмыпсэ-нэпсейракъым, атIэ ахъшэми бохъшэми къару лъэпкъ щамыIэ, къабзагъэм и дуней хейрщ, «псэупIэ тыншырщ». «Миссис Севидж и ролымкIэ цIыхум яжесIэн сиIэт!» ЖьакIэмыхъу КIунэ мы пьесэм щIехъуэпсар къызгурыIуэрт, итIани, дэтхэнэ зы журналистми зэрихабзэу, ар щыIэу хъуам къащIыхихамкIэ сеупщIати, мыращ жэуапу къызитар: Iупхъуэм адэкIи… «зыми емыщхь КIунэ» къыщонэху Зэман кIэщIым къриубыдэу спектакль гугъур гунэсу зыгъэува Дэбагъуэ Роман сыщепсалъэм, сэ гу лъыстащ декорацэ дахэм, сурэтыщIыр зэрыIэзэм, зэдзэкIакIуэм адыгэбзэ дахэ джэгуакIуэхэм зэраIурилъхьам, артистхэр хуэфащэу къызэрыхахам (ахэр Быдэ Хьэсэн, Тэмазэ Лиуан, Мысостышхуэ Маринэ, КIэхумахуэ ФатIимэ, Хьэмырзэ Ахьмэд, Гуэщокъуэ Регинэ, Багъ Иннэ, МафIэдз Заирэ, Блашэ Им-ран, Хьэщхъуэжь Ислъам сымэщ), ахэр псори дахэу, гумрэ псэмрэ дыхьэу зэрыджэгуам, щхьэж и ролыр IупщIу ди нэгу къызэрыщIагъэувам, нэгъуэщI Iуэху зыкъомми. Ауэ псом я щхьэж къэхъур ЖьакIэмыхъу КIунэт: гурыхуэу, жьакIуэу. Ар дахэу утыкум иту иджыри илъэс куэдкIэ дигъэгуфIэну сызэрыщыгугъыр щыжесIэм, Дэбагъуэм мыр жэуапу къызитащ: «КIунэ удэлэжьэну насыпышхуэщ. Артистхэмрэ режиссёрымрэ ди Iуэхум куэд хэлъщ: гугъу уезыгъэхь, жыпIэр къызыгурымыIуэ, уи Iуэху еплъыкIэр къызыхуэмыщтэ, зыкъызыфIэщIыжа, лэжьэну хуэмей, зи Iэзагъым хэзыгъэхъуэну хуэщхьэх… куэдым уарохьэлIэ. Сэ згъэщIагъуэр КIунэ и Iуэху бгъэдыхьэкIэрщ. Ар цIэрыIуэуи, и лэжьыгъэм Iэзагъэ хуиIэуи, уэр нэхърэ нэхъыжьуи зыкъуигъащIэркъым. Дыгъуасэ лэжьакIуэ къэкIуам хуэдэу, жыпIэу хъуар и щIэщыгъуэу зыщIешэ, сыт хуэдэ къалэнми и гур хыхьэу йолэжь, зрегъэлIалIэ, Iуэху еплъыкIэщIэ гуэр къыбдилъагъумэ утрегъэгушхуэ, къикIуэт иIэкъым. Артистышхуэ-хэм я щэн псори хэлъщ абы. Сэ си нэ къыхуокI лэжьыгъэ нэхъыбэ ЖьакIэмыхъу КIунэ дэсщIэну, апхуэдэ къысхуимыхуэми, ар лажьэу ди утыкум иту слъагъуну!» ДжэгуакIуэмрэ Спектаклым хэт дохутыр Эммет егъэщIагъуэ Севидж дуней хуитым нэхърэ «псэупIэ тыншыр» нэхъ къызэрыхихыр икIи жреIэ: «Ущымыуэ. Мыбы щыпсэухэр зыхэтыр нэкъыфIэщI дунейщи, уэ къыпхуэныкъуэкъым. УкъызыхэкIа дунейращ акъылыншагъи, напэншагъи, бзаджагъи зэбэкIыр, хэзэрыхьыжахэм ейуэ къыщIэкIыр. Уэ пхуэдэ цIыхуфI хуэныкъуэр ахэращи, гъэзэжи ядэIэпыкъу». АБРОКЪУЭ Беллэ.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2024 - 11:18 →
Дахагъэм дихьэххэм я кIуапIэ
18.05.2024 - 12:48 →
Кинофестивалым и махуэхэр
18.05.2024 - 12:26 →
Дохутырхэр лэжьыгъэ и пIалъэкIэ зохъуажэ
18.05.2024 - 10:01 →
ЕджапIэ нэхъ ин дыдэр
15.05.2024 - 17:01 →
«ТекIуэныгъэм и щIэблэр»
|