Анэм и сурэтыр тыгъэ хуещIГъэлъэгъуэныгъэхэр КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым дыгъэгъазэм и 15 лъандэрэ щагъэлъагъуэ Санкт-Петрбург щылажьэ икIи щыпсэу, Тэтэрстаным и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт ди лъэпкъэгъу художник цIэрыIуэ Ныр Алим «Возвращение» зыфIища и выставкэр. Алим и лэжьыгъэ зыбжанэ теухуащ гъэм и зэманхэм, икIи умыгъэщIэгъуэн плъэмыкIыну щIыуэпсым и дахагъэм гу лъозыгъатэ IэрыкIщ ахэр. ЗэIущIэм хэтахэм гуапэ ящыхъуащ и анэм и сурэт ищIар абдеж зэрыщритыжар, къыщалъхуа махуэмкIэ ехъуэхъуу. - Хэкум си лэжьыгъэхэр щызгъэлъэгъуэну Iэмал сызэриIэр гуапэщ. Художник 400 зыхэта гъэлъэгъуэныгъэ ин Тэтэрстаным щекIуэкIащ, Тэтэрстан Республикэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ къызэрагъэпэщауэ. Абы щызгъэлъэгъуа лэжьыгъэхэм ящыщ зыр - «Абика» зыфIэсща нанэм и сурэтыр - куэдым ягу ирихьащ. А лэжьыгъэр Къэзан, Тэтэрстаным, Башкирием, Урысейм и къалэ пщIы бжыгъэхэм щагъэлъэгъуащ. Иджыпсту УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым щахъумэ, - жиIащ Ныр Алим. Ныр Алим 1966 гъэм дыгъэгъазэм и 6-м Налшык къыщалъхуащ. 1979 гъэм Художественнэ школым щIэтIысхьащ. «Iуащхьэмахуэ» комбинатым художник-инкрустатору щылэжьащ. 1989 гъэм КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым щагъэув спектаклхэм я художникыу ирагъэблэгъащ. Ар зэлэжьахэм ящыщщ «Свадьба в Малиновке», «Фиалка Монмартра», «Травиата», «На дне» спектаклхэр. 1999 гъэм Ныр Алим Санкт-Петербург къалэм ирагъэблэгъауэ нобэр къыздэсым абы щолажьэ. Абы и лэжьыгъэхэм щыщ ящэхуащ США-м, Германием, Тыркум, Чехием, Украинэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыпсэухэм. Нырым и Iуэхум зыкърагъэхьэлIат гъуазджэм и лэжьакIуэхэм, сурэтыщIхэм, художникым и лэжьыгъэхэм дихьэххэм, абы и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 10:01 →
ЕджапIэ нэхъ ин дыдэр
15.05.2024 - 17:01 →
«ТекIуэныгъэм и щIэблэр»
14.05.2024 - 12:36 →
Алий и пшыхь
14.05.2024 - 10:36 →
Я лIыгъэм дрогушхуэ
13.05.2024 - 17:30 →
ТекIуэныгъэ Иным траухуэ
|