КЪУЩХЬЭ Надим: Хэкур сыт? Хэкур цIыхуу исхэращ

Къущхьэ Надим ди лъэпкъэгъу куэдым къацIыху, фIыуэ ялъагъу. Ар егъэджакIуэщ, усакIуэщ, журналистщ, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэщ. Сирием щекIуэкIа зауэр къэхъеин ипэкIэ Адыгэ Хасэм и унафэщIу лэжьащ. Ар псоми зэрацIыхур гущабэрэ хьэлэлу, адыгэ Iуэхум гууз-лыуз иIэу бгъэдэтущ. ГъащIэ зыгъэунэхуа тхьэмадэр 2013 гъэм и унагъуэр щIы­гъуу Си­рием къиIэпхъу­кIыжри, Хэкум къитIыс­хьэжащ.

Къущхьэ Надим и адэшхуэ Мыхьэмэтмырзэ Кавказ зауэм и зэманым хэкум ира­хуахэм языхэзщ, Абейкъуажэ (Урожайнэм) къы­дэкIащ. Абы и щIалищыр щIыгъуу япэу тIысыпIэ хуэхъуа Тырку Анэдолэм иIэпхъу­кIыжри, Джоланым хыхьэ Хъышние къуа­жэм дэтIысхьащ 1897 гъэм. Абы къыщы­хъуащ Надими. Ди лъэпкъым и щхьэ лIэ­щIыгъуэ-лIэщIыгъуэкIэ кърикIуа зауэ къо­мыр я нэгу щIэкIащ Къущхьэхэ я унагъуэм: Япэ, ЕтIуанэ дунейпсо зауэшхуэхэри, 1946 гъэм щыIа Палестинэ зауэри, 1967 гъэм адыгэ къуажэ къомыр щызэтракъутэу ди лъэпкъэгъухэр аргуэру я псэупIэхэм къи­зыхуа, Джолан лъагапIэхэм щекIуэкIа зауэри, иужьрейуэ Сирием къыщыхъея зауэри.
Адыгэм и лIыгъэр къигъэлъэгъуэнкIэ зэи хуэмыхуакъым. Ауэ, Сирием щекIуэкIа зауэм зэпэщIэтхэр мыIупщIу езы къэрал кIуэцIым щекIуэкIырти, лIыгъэ къыщыбгъэлъэгъуэну Iэмали щыIэтэкъым. А хьэ­лэбэлыкъыр щхьэусыгъуэ хуэхъуащ иужьрей зэманым Сирием ди лъэпкъэгъу куэд къызэрикIыжам. Надим куэду игу къоуэ иужьрей илъэс тIощIитIым адыгэр мамыру, зыхэсым фIыуэ къалъагъуу зэрыса щIыналъэхэр ябгынэн хуей зэрыхъуар, абы къина ди лъэпкъэгъухэр къэрал зэхэкъутам щекIуэкI Iуэху мыщхьэпэхэм, хуей-хуэмейми, хэша зэрыхъур.
Апхуэдэу ар ирогуфIэ хэкум къэзыгъэзэжахэм щхьэх ямыщIэу я псэуныгъэр зэрызэтраублэм. Пэжщ, уи Хэкум и IэплIэ ­хуабэм зыкъыбодзэри, гугъуехьри нэхъ гъэкIуэгъуафIэщ. Апхуэдэу щытми, цIыхур зы къуажэ, е зы унэ къыщIэкIыу нэгъуэщI унэ щIэтIысхьэным гугъуехь Iэджэ пылъщ. Абыхэм пэлъэщынымкIэ хэкурысхэр къа­зэрыдэIэпыкъуам мыхьэнэшхуэ зэриIэр, псом хуэмыдэу езым и лъэпкъэгъухэм, ­Къущхьэхэ гуапагъэрэ гулъытэу ядилъэ­гъуар игу къегъэкIыж Надим.
- КъэкIуэжахэм я унэцIэхэр «Адыгэ псалъэ» газетым къыщытрадзэм, сыкъагъуэтащ. КъакIуэхэри: «Уэ удикъуэшщ, укъы­зэрыкIуэжам дыщогуфIыкI. Нобэ гузэвэ­гъуэм укъыхэкIащи, дыбдэIэпыкъуну ды­хуейт, сыт нэхъ ухуэныкъуэ?» - жаIащ. Си гур къилъэтыкIыным хуэдэу сыгуфIащ, зеин­шэ къабзэу сызэрыщымытыр зыхэсщIащ. Лъэпкъ сиIэщ, абы сыкъыхыхьэжащ, жыс­Iэри сыгушхуащ. Дызэрыпсэун къыдатурэ илъэсым нэблагъэ дэкIащ. Унэ зимыIэм ­лъапсэ иIэкъым, - жаIэ. Лъапсэ къэдугъуейри Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыдита мелуан ныкъуэмкIэ унэшхуэ Нартан деж къы­щызэфIэдгъэуващ, и щхьэр си къуэшхэм схутралъхьэри, зыхуеин къыхуэмыту яухри, иджы дыдэ дыщIэтIысхьэжащ. ЩIалэ нэхъыщIэм и унагъуэм щIыгъуу дыщопсэу. Хэкум дыкъызэрыкIуэжрэ цIыхуу дызрихьэлIам и процент 90-р гуапагъэ къы­зыпыкIщ. Сирием щекIуэкIа зауэм хэкIыу ­нэгъуэщI къэрал Iэпхъуа си лъэпкъэ­гъу­хэм­рэ хэкум къэзыгъэзэжахэмрэ зэплъытмэ, дэ дынэхъ насыпыфIэщ куэдкIэ. Ап­хуэ­дэу къэтлъытэным и щхьэусыгъуэ нэхъы­щхьэр ди цIыхухэм ягурэ я псэрэ зэIухауэ дыкъы­зэрырагъэблэгъэжарщ. Хэкур сыт? Хэкур цIыхуу исхэращ, абы хуабагъэу, дахагъэу щыплъагъуращ. Сэ ахэращ щыслъэ­гъуар.
Къущхьэ Надим и щIалэгъуэм къыщIи­дзауэ Адыгэ Хасэхэм я лэжьыгъэм жыджэру хэтщ. Сирием и Чэнджэщэгъу Хасэм и унафэщIу лэжьащ, илъэсипщIым нэблагъэкIэ Къуцея жылэм и Хасэм и тхьэмадащ, Хэкум къызэригъэзэжрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтщ. ДАХ-м щыхэлэжьыхьа лъэхъэнэм теухуа и гуп­сысэхэмкIэ къыддогуашэ тхьэмадэр:
- Хасэм и лэжьыгъэм тегъэщIапIэ хуэхъу и Хабзэ (устав) диIэжщ. Абы ГъэзэщIакIуэ гупыр хэлэжьыхьыжри къащтащ, дызы­щыпсэу къэралыгъуэшхуэм щекIуэкI хабзэхэм пэщIэувэу зы Iыхьэ хэмыту. Ди лъэпкъыр къэтхъумэнумэ, адыгэм фIы хуэтщIэнумэ, а уставым демыбакъуэу дылэжьэн хуейщ. Хасэм хэтхэм лъэпкъым папщIэ ялэ­жьыр Тхьэм псапэу, насыпу къаритыж. Щызэхэсх щыIэщ Хасэм и лэжьэкIэр цIыхухэм яубу. Лэжьам и фIыщIэ зыгъэкIуэдхэм гуэныхь къахь. Хасэм и лэжьыгъэм ­гъунэгъу зыхуэпщIу плъэкI хэплъхьэным и пIэкIэ, жыжьэу укъыщыту ушхыдэ нэужь, лъэпкъым уи зэран йокI.
Ди хэку къызэрыдгъэзэжрэ гу лъыстакъым ди хабзэ зетхьэжыну зыми къытпиубыду, е ди бын анэдэлъхубзэ едгъэщIэну зэран къытхуэхъуIауэ. Апхуэдэщ нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу адыгэхэри - а зи гугъу сщIахэмкIэ зыри дауэгъу къахуэхъуркъым. Апхуэдэу щыщыткIэ, дэ ди зэран зэкIыжын хуейкъым, къэралхэм я хабзэхэм дытету ди псэуныгъэр, лэжьыгъэр зэтедублэн хуейщ. ДАХ-р зыкъутэну яужь ­къихьэр адыгэ лъэпкъым епцIыжауэ собж сэ. Хасэр димыIэу зэрымыхъунур хьэкъыу ди фIэщ хъуауэ щытын ­хуейщ, псом хуэмыдэу хэхэс адыгэхэм. Анэ бгъэ хуабэу, хэкум дыщызэхуишэсу илъэс 25-м щIигъуауэ диIэщ Хасэр. ДэнэкIэ щыIэ адыгэри зы Iэрэ зыгуу ДАХ-м дыгуэувэн ­хуейуэ соплъ.
Бзэм теухуауэ. Мы ГъэзэщIакIуэ гупым сызэрыхэта лъэхъэнэм къриубыдэу Хасэм и зы зэхуэс блэкIакъым, псом япэ иригъэщу бзэм темыпсэлъыхьу. Бзэр хъумэнымкIэ ­комитетым ирихьэкIа лэжьыгъэр нэрылъа­гъущ, абы къызэщIиубыдащ хэкуры­с­хэри, дэнэкIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэри. Абы и щыхьэтщ иджыблагъэ комитетым Налшык щригъэкIуэкIа Дунейпсо щIэныгъэ конференцыр, абы къыщаIэта Iуэхугъуэхэр. Шэч хэлъкъым а зэхуэсым къыщащта унафэхэр къэкIуэну щIэблэхэм зэрахуэ­щхьэпэнум.
Мы комитетым и жэрдэмкIэ едгъэжьауэ, ДАХ-м и архив щыIэну зэхэубла хъуа Iуэху­гъуэри икъукIэ ехъулIэныгъэшхуэу къызолъытэ. СытыбзэкIи къыдэкIауэ, дэнэ щIыпIэ щытрадзами, адыгэхэм теухуауэ журнал, газет жыпIэми, ди лъэпкъэгъухэм я IэдакъэщIэкIыу тхылъ, сурэт хъуми - псори щызэхуэтхьэсынущ мы архивым. Ди щIэ­блэм и тхыдэр ищIэнымкIэ, адыгэ дунейм нэхъыфIу щыгъуазэу къэхъунымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэнущ  а архивым, тэрэзу тхуэгъэлажьэмэ.
Дуней псом щикъухьауэ щыпсэу адыгэхэм мылъкушхуэ зиIэ куэд яхэтщ. Дауи, щIэныгъэшхуи ябгъэдэлъщ нэхъыбэм. Сыту дэгъуэ хъунт апхуэдэхэм я мылъку халъхьэрэ хэкум къэзыгъэзэжыну зи мурадхэм ядэ­Iэпыкъуу зы фонд къызэрагъэпэщатэ­мэ. Е къэзыгъэзэжахэм сэбэп яхуэхъуну проект гуэрхэр хэкум щызэхаублатэмэ. Дуней псом апхуэдэ щапхъэ куэд щызокIуэ  икIи абыхэм сэбэпынагъыу къахьым дыщыгъуазэщ. Мис апхуэдэу пщIэ зиIэ Iуэху гуэрхэращ ди лъэп­къыр нэхъыбэу зыхуэны­къуэр. АтIэ мы­хьэнэ зимыIэ псалъэмакъ мышыу къе­зыхьэкIхэм зыри сэбэпынагъ къапыкIыркъым.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм илэжьу фIыгъэшхуэ къызыпыкIыу  сэ  сызыхэплъахэм ящыщщ ди щIэблэр зэрыгъэлъагъуным, къэрал щхьэхуэхэм щыпсэу ди ныбжьыщIэ цIыкIухэм хэкур егъэ­цIыхуным ехьэлIауэ ирихьэкI лэжьыгъэр. Абы теу­хуауэ илъэсым и кIыхьагъкIэ екIуэкI Iуэхугъуэ­хэм хэкурысри хэхэсри дыщыгъуазэщ: гъэмахуэ зыгъэ­псэхугъуэм сабий гупышхуэхэр хэкум що­хьэщIэ,  зыщаплъыхь, адыгэбзэ щадж. Апхуэдэу къэфакIуэ, артист ныбжьыщIэхэр сыт зэмани ди лъэпкъэгъухэм ирагъэблагъэри, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм фестивалхэм зыкъыщагъэлъагъуэ. Аращи, ди щIэблэр хэкупсэу къэгъэхъуным ехьэлIа лэжьыгъэр зэи зэпыуркъым.
Адыгэр зыхэс лъэпкъхэм фIыуэ къа­лъагъу. Ди щэнхабзэр дахэщ, ди Iуэху зехьэкIэр екIущ. Апхуэдэу, Урысейм пщIэшхуэ щиIэщ ДАХ-м, абы и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Сыт хуэдэ Iуэхугъуэ Хасэм къимыIэтми, дахэу гъэпсауэ, гупсысэ хэлъу ирегъэкIуэкI. Пэжщ, Хасэм хэтхэр баш цIыкIукIэ Iэнэм теуIуэмэ, зыхуей псор къэхутэнукъым. «Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэщ, абы и къалэнщ», - жамыIэу, хэти лъэкIыр къыхилъхьэу, дэнэкIэ щыIэ адыгэри дэIэпыкъуэгъу хъун хуейщ. ДызэгурыIуэмэ, дызэкъуэувэмэ, дяпэкIи ди Iуэхур зэрефIэкIуэнум шэч къытесхьэркъым.
Къущхьэ Надим и Iэзагъри, и Iуэху еплъыкIэ узыншэри, хэкум хуиIэ лъагъуныгъэри къызыхыхьэжа и лъэпкъэгъухэм яхуэсэбэпу, узыншэу куэдрэ ди япэ итыну ди гуапэщ.

КЪАРЭНАШЭ Мадинэ.
Поделиться: