Асфальтыр узыншагъэмкIэ зэранщ

Зи бжыгъэм зэпымычу хэхъуэ машинэхэм къалэхэм ущымыбэуэжыф ящI. Ахэр зэрылажьэ гъэсыныпхъэхэм къапкърыкI Iугъуэм и закъуэкъым зэраныр, гъуэгум телъ асфальтыр нэхъ шынагъуэжщ.

Асфальт лIэужьыгъуитI щыIэщ: щIыдагъэр къыщыщIах щIыпIэхэм пэмыжыжьэу хьэзыру къыщагъуэтымрэ IэрыщIымрэ. ЩIым къыщIахыр щабэщ, махэщ, псынщIэу мэткIу. АсфальтобетонкIэ зэджэ IэрыщIыр битумкIэ зэкIэрышха мывэкIэщхърэ пшахъуэу зэхэлъщ.Зэрызэпкърылъ пкъыгъуэхэм я процент бжыгъэм елъытауи асфальтыр лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщокI.
И щабагъкIэ зэхуэмыдэ мывэкIэщхъ лIэужьыгъуэ зыбжанэ щхьэхуэ-щхьэхуэу ягъэкъабзэ, щIагъэкI, ягъэгъущ, зы кумбыгъэ иракIутэжри, битум (проценти 9 нэхъыбэ мыхъуу) хакIэж. Асфальтым и фIагъымрэ ар гъуэгум зэрытелъ зэманымрэ зэлъытэжар битумращ.
Асфальтыр нэхъыбэрэ гъуэгум телъын, жьыр, псыр, уаер, хуабэр, машинэ хьэлъэхэр зэран хуэмыхъун папщIэ, ар щагъавэкIэ тхъуэбзащхъуэ, яжьэ, хьэфэ, нэгъуэщI гуэрхэри халъхьэ.
ПщIантIэм иралъхьагъащIэ асфальтыр апхуэдэу зэранкъым, илъэси 2-5 хъуауэ телъхэм елъытауэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, хьэуам хэлъ гъуэз щхъухь куэд зыщIешэ асфальтым, икIи, нэхъыбэрэ телъыху, нэхъыбэ зэхуехьэс. ЗыщIишар къыпкърынэу аракъым, атIэ зэман гуэр дэкIа нэужь,  зэхуихьэса гыныр къеутIыпщыж (псалъэм папщIэ, бдзапцIэ), абы цIыхур иробауэ, и узыншагъэмкIи къызэрымыкIуэу зэранщ.
ГъэщIэгъуэныракъэ, машинэхэр куэду щызэблэкI гъуэгущхьэхэм бдзапцIэр щынэхъ мащIэщ, пщIантIэхэм нэхърэ. Ар къызыхэкIыр машинэм къыпих Iугъуэр гъуэгум деж къыщызэтемыувыIэу (жьы зэпеуэм кърихьэкIыурэ), пщIантIэхэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ зэрыдихьэрщ.
Апхуэдэ къэхутэныгъэм щыгъуазэ ухъуа нэужь, уогупсыс: пщIантIэхэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ асфальтым и пIэкIэ нэгъуэщI зыгуэр телъхьамэ нэхъыфIкъэ?! Асфальтыр нэхъ пудщ, дауи, дэнэкIи ар щIытралъхьэр гурыIуэгъуэщ. Пэжщ, машинэхэр щызекIуэ гъуэгум къозэгъ, ауэ, щIэныгъэлIхэм жаIэм уедаIуэмэ, цIыхухэр, сабийхэр нэхъыбэрэ щызэхэзекIуэ лъэс лъагъуэхэмрэ пщIантIэхэмрэ мывэкIэ е плиткэкIэ къищIыкIамэ, узыншагъэмкIэ нэхъ сэбэпщ.
«ПщIантIэхэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ асфальт тезылъхьэ машинэшхуэхэр щылэжьэфыркъыми, ахэр нэхъ псынщIэу къохуж. IэкIэ яуба асфальтымрэ машинэм иубамрэ я фIагъыр зыкъым: пщIантIэм телъыр нэхъ щабэу къонэ, махэщ. Апхуэдэм Iугъуэр нэхъ псынщIэу зыщIешэ, гын нэхъыби къыпкърокIыж. ХэкIыпIэу щыIэр зыщ - цIыхухэр нэхъыбэу щызэблэкI щIыпIэхэр мывэкIэ е плиткэкIэ къищIыкIынырщ. Пэжщ, абы мылъкушхуэ ехь, ауэ нэхъыбэрэ зокIуэ, цIыхум и узыншагъэмкIи зэранкъым», - жеIэ УФ-м и «Санэпидемнадзор»-м и технолог нэхъыщхьэ Геральдов Вениамин.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться: