Къэралым и щIыпIэ псоми къикIахэр Налшык щызэхуэсатДжиу-джитсу Налшык и Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ бразил джиу-джитсумкIэ зэхьэзэхуэ зэIуха. Абы кърихьэлIат ди къэралым и щIыпIэ псоми къикIа цIыху 200-м нэблагъэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зэхьэзэхуэм хэтащ спортсменибл. Абыхэм фIы дыдэу зыкъагъэлъэгъуащ. Апхуэдэу Мэш Алимрэ Куэшмэн Къантемыррэ дыщэ медалхэр зыIэрагъэхьащ, я хьэрхуэрэгъу псори хагъащIэри. Балъкъэр Елдар ещанэ увыпIэр иубыдащ.
Поделиться:
Читать также:
16.05.2024 - 14:22 →
Фагъуэ хъуа футбол
15.05.2024 - 17:22 →
Европэ зэхьэзэхуэм зыхуагъэхьэзыр
15.05.2024 - 16:00 →
Ди шууейхэр къыхожаныкI
15.05.2024 - 15:11 →
Европэм и дыжьын медалыр
14.05.2024 - 11:44 →
КъаIэтащ цIыхухэм я гукъыдэжыр
|