IуэхуфIу къалъытащ

Ди волонтёр ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIым хагъахъуэ.

«Машук-2018» фIэщыгъэм щIэту илъэс кIуам Псыхуабэ щекIуэкIа зэIущIэшхуэм фIым я фIыжхэм ящыщу и цIэ къыщраIуат Нияз Иляс. «Интернет шынагъуэншэ» фIэщыгъэм щIэту абы игъэхьэзыра проектыр зытеухуар мы зэманым и тепщэ хъуа компьютерым, псом хуэмыдэу къыдэкIуэтей щIэблэм дежкIэ зэраныгъэшхуэ къэзышэ языныкъуэ напэкIуэцIхэм зэрызыщахъумэну Iэмалхэрщ.
Иляс къыхуагъэфэща Грантым пэкIуэ мылъкур щIидзауэ къыхуегъэсэбэп куэд лъандэрэ иIа хъуэпсапIэм. Абы курыт еджапIэхэм зэгурыIуэныгъэ ярищIылIауэ, махуэ хэхакIэ макIуэ, сэбэпынагъ зыхэлъ Интернет дерсхэмрэ чэнджэщ щхьэпэхэмрэ ярет. Ниязым и проект купщIафIэр ипэкIэ кIуэтэнымкIэ къыдэIэпыкъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ «1-ая компьютерная» цIэр зезыхьэ IэнатIэмрэ. Иляс яжриIэхэм, къызэригъэпэщ презентацэхэм икъукIэ яфIэгъэщIэгъуэну школакIуэхэр щIодэIу.

ХЬЭТУ Астемыр.
Поделиться: