ЛIыфI и Iулыдж

Уэрэдус Жылау Арсен и ныбжьыр илъэс 60 ирокъу

Уджпыху макъамэм хэунэзыхьа екIэпцIэ мэзым жьэрэжьэжу зипхъэхыурэ фокIадэ IутIыжым зыкIэлъиший щхьэкIэ, дэнэт! «Пщащэ дахэ - щIалэгъапцIэщ» жыхуаIэрати, Бахъсэныжь и хъурыфэ куэщIым зрегъэщатэри зи кхъуафэ исым и уэрэд къришурэ фокIадэ уджыр аузым докIуэсэж.
Жэпыщхьэщ иджы екIэпцIэр. Жэп­уэгъуэщ… Мыпхуэдэ бжьыхьэ минхэм я лъэужь иплъа Хьэрэкхъуэрэ шэхуфэ бащ­лъыкъым къыщIэплъызыкIыурэ ХьэтIохъу­щыкъуей Ипщэ зыщызыхъунщIэ жьы­хъарзым и соку джэгум пхроплъ. Къулъ­шыкъум зреIуэтыхьри жылэр къызэщоу.
Жылэжь кхъэжьыбэщ… Зеикъуэм кхъибл дэтщ. Дэтхэнэ зы кхъэмащэми, абы илъыр къызыхатIыкIа гущэми, а тIум яку псэм щигъэхъа гъащIэми я дэфтэр пIалъэншэщ Хьэрэкхъуэрэ. ЛIакъуэхэм, лIэужьхэм, жьэгухэм я пащIэ щIыIущ Хьэрэкхъуэрэ. Зауэхэм, гурыщIэхэм, гъыбзэхэм я мывэ пIэщхьагъщ Хьэрэкхъуэрэ. Мылажьэу лыжь зышхаи, мышхэу цIыхугъэм хуэлэжьаи я уэчыл мыджылщ Хьэрэкхъуэрэ. ХэкулI дапщэм я щIыхь абы игъэфIэжыр? ЛIыфI дапщэм я тыхь абы игъэтIыгъуэжыр? Мес, къызоплъэкI жэпуэгъуэ уафэр зи нэху­жьыбэм тедия ныбжьхэр. Мо кхъэлъахэм и куэщI зэгупэ-зэлъэпагъыу илъщ Жылаухэ Нурбийрэ Таисэрэ я Iуащхьэхэр. Плъызурэ Хьэрэкхъуэрэ кIэлъоплъ зэщхьэгъусэхэм я сынхэм бгъэдэт лIы теплъафIэм…
КъэкIуащ аргуэру… Уоу, сыту иджыри куэдыщэрэ еIущэщэну а лIыр мо мывэ дэгу псэншэхэм! Нышэдибэр адрейхэм хуэдэжкъым. ЛIыр, Жылау Арсен, кхъащхьэр зейхэм я бынщ, модэ мо лъапсэм езыми бын щипIащ. Нышэдибэр зыми ещхьыжкъым - Арсен иджы дыдэ тхьэмадэ хъуащ. Шап­сыгъ лIакъуэм къыхэкIа пщащэр нысэу ирашащ Жылаухэ я жьэгу. КъэзылъхуаитIым а гуфIэгъуэмкIэ егуэпэну хъуапсэурэ лIым сынхэм Iэ яделъэ. Мы жэпуэгъуэ мазэр Арсен дежкIэ къызэрыгуэкIкъым: и ныбжьыр илъэс 60 ирокъури, ари ягу къигъэкIыжыну мэлъаIуэ. ХуэфIын хъуат мы гъэр Жылаухэ я къуэм - илъэс зыбжанэкIэ зэлэжьа «Адыгэ уэрэдыжьхэр» нобэ-ныжэбэ дунейм къы­техьэнущ. Нурбий и псэр Iыхьэлейм икIыу а тхылъым иригуфIэнтэкъэ! Абы и закъуэкъым, Жылау Нурбий гуащIэ хьэлэлкIэ къызэригъэпэща къуажэ музейр иджы зэрызэрихьэр, адыгэбзэкIэ гъэпса сабий уэрэдхэм я тхылъ зыбжанэ къызэрыдигъэкIар, балигъ эстрадэ уэрэдылъэу адыгэбзэкIэ дунейм тришар - Iэджэ мэхъу лIым хуэмыIуатэр.
Щымщ кхъэлъахэр. Сынри бжьыхьэ дыгъэ гуащIэншэм имыгъэхуэбэфу щIыIэ­мылщ. А мылым къыхоплъ адэм и Iуплъэ­гъуэ Iущу нэхэм щызэхуэкъусар. Нурбий зэи къимыIуэтэжыну теплъэгъуэхэр иджы къы­зэщIоятэри зэрызехьэу Хьэрэ­кхъуэрэ докI, бгы тхыцIэ сыджыр зэпакIухьри бгым къиIущэщым заущэхуауэ щIодэIу.
Мэщатэ Хьэрэкхъуэрэ: «УкъэкIуа, ТIэм­рашэ? Хэт е сыт щхьэкIэ угумэ­щIыжрэ иджы, си къуэ? Дыщэ бынщ дунейм къы­щывнар. Фи нэхъыжьыр, мес, кхъэм йокIыж. ПщIэуэ пIэрэ а икIыжыгъуэм щIалэм и псэр зэрызэпитхъыр? Ижь зищIми, сэмэгукIэ зихьми, уэрамым техьэжа нэужьи уи Iуплъэ­гъуэр лъаIуэурэ кIэлъокIуасэри, гурыгъум еудыныщIэ ар. Уафэ Iэмырым сыт пху­хэлъхьэн? Быным игъэв уз хьэкъщ а Iыхьэри - псэкIэ бэуэху игъэвынущ. ТIэмра-а-а-шэ… Уи адэшхуэм къищынэмыщIа, хэту пIэрэт а гъэфIагъыбзэр къыбдэзыщIэр? Уи дэф­тэрым, пэжщ, псори иптхэжащ. «ТIэмрашэ и дэфтэрыр» иджыпстуи Арсен зэрехьэ. Уи бынхэм а тхыгъэр дунейм зэрытрашэнум шэч гуэри иумыщIэкI. Уи тхылъ хъумапIэр тхылъ фIыуэ зылъагъухэм тыгъэ хуащIыжат-тIэ уи бынхэм. Адыгэмэ зыщыуа тхылъхэр езыхэм хуэсакъыу уи жьэгу щызэрахьэж. УмыгъэщIагъуэ ар. Дуней пэжым узэры­кIуэжрэ тхылъ хуэныкъуэу зы цIыху дыхьакъым фи пщIантIэ. Аддэ зэгуэр, пщIэжрэт, жылэр тхылъыхьэ пхузэблэкIт?! Ахэри щыIэж… Тхылъ хуэныкъуэр мащIэщ. ИтIани узыщыгуфIыкIын щыIэщ. Фащэр! ПщIэжрэ уи цей гъуабжэ екIур хьэзырыбгъэу цIыхум уащыхыхьэм, зыгуэрхэм IупщIэ ящIырти. Иджы, мес, зэхахагъэнщ уи жэуапыр: «Уи фащэ зумыхьэжмэ, ауан пцIанэу укъы­дэнэнщ!» - щажепIар… ЩIалэгъуалэм фащэр яфIэфIу иджы къыдахыж, ар щалъа­гъукIэ уи бынхэри мэгуфIэ.
БыныфI къыфщIэнащ, Нурбий. Унагъуэ хьэлэмэт яухуащ фи щIалитIми, фи хъыджэбзми. Уи къуэрылъху-пхъурылъху­хэри щIэныгъэпсэщи, щэн Iэдэбым и щапхъэщ. Дапщэщи фыхущIыхьат фипкъ къикIахэр лъагъуэ тефшэну? КъысхуэщIэжыркъым абыхэм языхэз фи куэщI щыджэгуауэ. УхущIыхьэххэрэт уэ?! Зэщхьэгъусэхэм жылэм я бын щывгъэфIым, фыфейхэр къэжэпхъырт, зыкъыфщамыгъэнщIу. Уэ еджапIэм уриунафэщIти, жылэ къалэн пхьырт, уи нысащIэри пхуэдэ дыдэу егъэджакIуэти, и гуащIэ зэпимылъытэу щIэблэр игъасэрт. Уэ - Жылау Нурбий - уи гъэсэнхэр иджы хэкулIхэщ; нэхъыбэр къэралми щыцIэрыIуэщ. ЕсэпымкIэ щIэныгъэлI щэджащэу мы къуажэм дэкIахэр езыгъэджар уи Таисэщ. А бзылъхугъэ хьэлэмэтым и ­гуащIэм хуэфэщэн гулъытэ зэримыгъуэтыжар уэрэ сэрэ ди гукъеуэ щэхущ, ТIэмрашэ. Абы и лъэныкъуэкIэ (пцIыр сыткIэ щхьэпэ?) уэри зыкъыптрафыщIэжатэкъым. Ауэ щыхъукIи, къалащхьэхэм зи хъыбарыфI щыIуа уи музейр щхьэдагъэIуххэм ящыщт-тIэ? Уэри хамэхэм деж ущыпэжщIэкъу жьэна­хуэми, уи щхьэ къэсамэ - Iэдэбыр къыплъихьэрт. Уакъыдэхуэртэкъым еджапIэм, лъэпкъ Iуэхухэм, музей зехьэным. ЩIэблэ къэпIэтурэ къэкIуэнум ухуэгъэтIылъэрт. Утхэрт. ЦIэ лъапIэ зэхуэмыдэхэр щызекIуэрт а уздэщылэжьа дунейм! Зэ закъуэ (сощIэж) «Отличник просвещения» жиIэу къыпхуа­гъэфэщат зыгуэр. Таисэ ари къылъысыххатэкъым.
Сытуи хьэкъувыкъут фи щIалэгъуэр зыхиубыда зэманыр! Сэ зэи зыри сщыгъупщэркъым, Нурбий. ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ ­гъадэжь плъыру сыщхьэщытщи, си напIащхьэхэр бэгыурэ къысфIещэтэхми, пIалъэ-пIалъэкIэрэ сафIоIуэщхъу. КъызощIэж Хъутихэ (дигор лъэпкът) япхъу дахэм и унэ­идзыхьэр. Ари Iуэхут! Къэфхьа егъэджакIуэ пщащэм шыпхъуитI къыдинат! Агузар уэркъыжьхэм къахэкIа уи щыкъу анэм гъущIыр игут - Таисэр къимылъхуххам яхибжэри, хьэрэм къищIат. Уэ, ТIэмрашэ, у(ы)ибэ хъуреймэ, уи нысащIэр щIыбагъыншэ джафэт. ФщIэжрэ, цIыхуфI гуэрым кIэртIоф пэгун фэтэр нэщIым ныщыфхурихьар? Хьэмэрэ, а кIэртIофри зэрывгъэвэн фызэримыIэм ­къигъэуIэбжьу, шыгун фIыцIэ цIыкIу нызэ­рыкIэлъихьыжар? Уафэр щыхьэту сэ зырщ зылъэгъуар Таисэ мыгъуэм и пIэщхьагъ псыфыр. Хьэуэ, ТIэмрашэ, щхьэгъусэ-псэгъусэкIэ фэ тIум зэи гукъеуэ зэфщIэкIакъым. Тхьэр къыфхуэупсат гухэлъ IэфIкIэ. Уи нысащIэм игъейр къэзылъхуам къыпигъэтIылъа анэ нэлатырт. Iэтыгъуейт ар. ИтIани уафэр лъэщкъэ - насып жылэкIэ ар къыфхуэупсэри, нетIэ кхъэм ита щIалэмкIэ къывэтат. А щIалэм, Нурбий, къыфIощI зэи уи куэщI иумыгъэтIысхьауэ, ауэ пэжыр дэращ зыщIэжыр. Мес ар: сабий IэрыIыгъ уи бгъэгу ису щхьэнтэм зыбогъэщIри:
Уоу, си адэжь пщIантIэ гущэм шыгур щызэщIащIэ…, - щыжыпIэм, сэри уи уэрэ­дым пысщэу: Уоу, Истамбыл гъуэгу гущэри зэрынашэкъашэ, си къэшэну дахэри жылэм къыдэзнауэ…
Уэрэдыпсэр зи фIыншэ иткIухь сабийм иджыри къыгурыIуэртэкъым макъамэкIэ хузэIупх дунейм и лъэщыр, итIани и псэр щIэлъэтурэ джэгурт!
А щIалэр илъэсих хъури зы пщащэ цIыкIуи - Мадинэ - тевгъуэтэжауэщ Таисэ дыщ ­лъапсэ щилъэгъуар. АпхуэдизкIэ Арсен дигор щауэхэм ящхьти, Агузархэ я жыр гуащэр къэлэнджащ… Ауэрэ фи Руслани къалъхуат.
ЕгъэджакIуитIым къызытевнакъым щIэб­лэм и хьэкъ. Лъэпкъ щэнхабзэмрэ бзэмрэ уаридэщIакIуэу мащIэрэ уигу уза, ТIэмрашэ! Узыхьыжари гуузырщ.
Бынищ пхуэзыгъуэта Таисэ ещхьу есэп щIэныгъэм хуэIэзэ дэсауэ пIэрэт фи жылэм? Е-ей, Iущт а уи нысащIэр, гумащIэт! Аддэ зы пшыхь гуэр, пщIэжрэ, IэфIыкIэ чилэ иIыгъыу тыкуэным къикIыжат ар. Iэнэм тригъэува хъуржыным уи Iэгушхуэр щыщIэб­гъалъэм, пщIэжрэ: «Сабийхэм къахуэсхьати…» - зэрыжиIар? Уэри щабэу пэбдзыжат: «Зэи сабиигъуэ сиIакъым, иджы зэ сысабий хъунукъэ?». ЕтIуанэ махуэм Таисэ IэфIыкIэ сэмбышхуэ къищэхури стIолым тригъэувэурэ быным яриIуэкIат: «Зыри иремыIусэ, фи адэм и закъуэщ къызыхуэсхьар». ТIэкIуи уукIытат, куэдуи ­гуапэ пщыхъуат апхуэдэ ­гулъытэр.
Илъэсищэ нэблагъэ къигъэщIауэ дунейр ихъуэжащ Таисэ и анэм. Агузархэ я пхъур ткIиями, Iущт: Таисэ апхуэдизрэ зыхуэны­къуа гъэгъуныгъэм и тезырыр зытрихыжри, анэр и уахътым хыхьэжат.
ТIэмрашэ, дэ тIум ди уэрэдым дунеижьыр и кIыхьагъщ. Иджы зи чэзуращи, нетIэ игу фхупихыурэ кхъэлъахэм икIыжа щIалэр (щIалэжкъым ар, илъэс 60 ирикъуащ) ноби хуэныкъуэщ зэи, зэ закъуи анэм иримышэкIа IэплIэм. ЛIы балигъ щыхъуами, хъуапсэурэ зи гуащIэр кIуэщI анэм хущIэплъырт ар. IэплIэ хуейуэ псэм зишийрт, арщхьэкIэ укIытэурэ ирикъухыжырт. Ари фи жьэгу илъа щэным и Iэужьщ. Фхуэфащэ дыдэу Арсен лIы ­къищIыкIащ. ЕджапIэхэр, дзэ къулыкъур, аргуэру еджапIэр, адэкIэ щIэблэ гъэфIэныр, псом япэжращи - уэрэдыр! Хэт и гугъэнт а макъамэ жьуджалэу: «Адыгэ бэракъ гущэри, уоу, жьыбгъэм зэрехьэ…» - сабийр ипхъуатэу, илъэс тIощI дэкIа нэужь, щIэныгъэ лэжьыгъэшхуэ а уэрэд дыдэм ирищIэкIыжыну?! Уэрэд уэ жыпIэу зэи уи ­къуэм зэхихакъым, ТIэмрашэ. ДэнэкIи къыщызэпхитхъыжт а сабий гущIэнэр? Жылау зэщхьэгъусэхэм фи къуэ Арсен иджы «Кавказ» уэрэдгъэIу гупым я къызэгъэпэщакIуэщ. Музыкэ еджапIэу ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм дэтым и уна­фэщIщ. Арсен сабий уэрэдхэр адыгэбзэкIэ дахэу еузэщI. И бынунэращи, фи нысэ Лолэрэ Арсенрэ я цIэ хэкум теIуащ унагъуэфI и щапхъэу. «Адыгэ уэрэдыжьхэр» мы махуэхэм дунейм къытехьэнущ. Дэ тIум дэщхьу хэту пIэрэ абыхэм я ежьур зыIэтынур? Зэманым!
«Зэманым декIур лIыфIщ» жызыIа лIыжь Iущым и щIагъыбзэр къэзымытIэщIа Iэджэ ирахьэхыж мащэ фIэкIыпIэншэм.
ФитIнагъэ фиблщ, ТIэмрашэ, а зэманкIэ дызэджэр - дэтхэнэ ажэгъафэм зыдебгъэкIун?!
ЩIагъыбзэращи: лIыфI и Iулыджым зэман гъунапкъэхэри къыфIолIыкI. Лъэу­жьыфI зиIэм и мащэри… гущэщ. Апхуэдэхэм я пащтыхьыр - Напэрщ, я гуащIэдэкIыр - Псапэрщ. Апхуэдэ закъуэтIакъуэ уи жылэ къыдэкIыныр насыпджэшщ. Сыпхуэарэ­зыщ, си къуэ! Уи мащэ - гущэщ! Сэрщи - ущызгъэщIэнкъым уэрэд!
…Хьэрэкхъуэрэ и напщIэ джэхухэр зэщIелъхьэжри, пшагъуэ бащлъыкъыр къреуфэхыпэ. Уэрэд Iуэщхъум игъэундэрэщхъуа жьыхъарзыр кIэрахъуэурэ къызэщоуж, зызэлъэщIехри и шыкIэ уэгу лъащIэм щIихуарзэу Бахъсэныжь и псыпыху бапхъэм щхьэщохьэ: «Мо си шыпхъу нэхъыщIэ гущэри зэрыщхьэбарини…»

Жылау Арсен

Жылау Нурбий

Къармэ Iэсият.
Поделиться: