Адыгэхэм дифI къызэрыкIын лэжьыгъэм тегъэщIауэ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ Налшык къалэ щекIуэкIащ. Абы хэлэжьыхьащ Тыркум, Сирием, Иорданием, АР-м, КъБР-м, КъШР-м, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием щылажьэ Хасэ къудамэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ. Щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ къримыхьэлIэфахэм папщIэ видео зэпыщIэныгъэ къызэрагъэпэщри, зэIущIэм щекIуэкI лэжьыгъэм щыгъуэзахэщ Израилымрэ Европэм хыхьэ къэралхэмрэ я Хасэхэм я тхьэмадэхэу Тхьэухъуэ Зухьеррэ ДыщэкI Эртанрэ. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, КъБР-м граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, ДАХ-м и Нэхъыжьым и советым хэтхэр, нэгъуэщIхэри.

ЗэIущIэм нэхъыщхьэу зыщытепсэлъыхьахэм ящыщщ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым и комитетхэр къызэгъэпэщыныр, абыхэм 2019 - 2021 гъэхэм ирагъэкIуэкIын хуей Iуэхугъуэхэр убзыхуныр.
ЗэIущIэр къызэIуихри, хамэ къэрал, гъунэгъу хэгъэгухэм къикIа лIыкIуэхэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ Сэхъурокъуэ Хьэутий икIи зэрылэжьэну жыпхъэр яубзыхури, Iуэхум пэрыхьащ. ДАХ-м хыхьэ «Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм 2018 гъэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм щытепсэлъыхьым, Адыгэ Республикэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан, Шэрджэс Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий, Мэздэгу Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Дербыт Валерий, Ставрополь щызэхэт Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Шыбзыхъуэ Юрэ сымэ зэIущIэм и пащхьэ къралъхьащ а хасэхэм илъэсым и кIуэцIкIэ зэфIагъэкIа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр. Абыхэм ящыщщ адыгэ псоми зэдагъэлъапIэ махуэшхуэхэри, къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ дунейпсо зэгухьэныгъэхэмрэ ядэлэжьэным ехьэлIа, анэдэлъхубзэмрэ щэнхабзэмрэ хъумэным теухуа Iуэхугъуэхэри, нэгъуэщIхэри. Лэжьыгъэм зэрехъулIам хуэдэу, зыхунэмысахэри зрихьэлIэ лъэпощхьэпохэри утыку къралъхьащ Хасэхэм я тхьэмадэхэм. Апхуэдэу, Дербыт Валерий къыхигъэщащ Мэздэгу щIыналъэм щыпсэу адыгэхэм я щIэблэм ящыщу анэдэлъхубзэр зыIурылъыжыр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ зэрыхъур, а Iуэхугъуэр зи пщэ къыдэхуэхэм яхузэфIэкIыр зэращIэр, ауэ адэ-анэхэм я зэхэщIыкIымрэ егъэджэныгъэм къыхыхьа хабзэщIэхэмрэ зэхыхьэжауэ адыгэбзэр джыныр Iэпэдэгъэлэл зэращIыр.
- Бзэмрэ литературэмрэ зэраджыну программэхэр, тхылъхэр къэрал къэпщытэныгъэм пхымыкIауэ Iэмал имыIэу школхэм щаджын хуей предметхэм хагъэхьэркъым, абы къыхэкIыу адыгэбзэр джыныр щхьэрыутIыпщ хъуащ, мы Iуэхум теухуауэ ДАХ-м хузэфIэкIынумкIэ хэлIыфIыхьыну дыщогугъ, - жиIащ Дербытым.
АдэкIэ ЛIымыщыкъуэ Рэмэзан кIэщIу тепсэлъыхьащ Тыркум щыIэ Конья къалэмрэ Мейкъуапэрэ «зэкъуэш» хъуным, щIыналъитIым я зэпыщIэныгъэхэм теухуа IуэхукIэ АР-м и лIыкIуэхэр, езыри яхэту, иджыблагъэ Тыркум зэрыщыIар. Экономикэ, дин Iуэхухэм нэмыщI, хэхэс адыгэхэмрэ хэкурысхэмрэ нэгъуэщI лъэныкъуэхэмкIи зэпыщIа зэрыхъунур мы Iуэхум фIыуэ къыпыкIынухэм ящхьэу зэрыщытыр къыхигъэщащ тхьэмадэм.
ЗэIущIэм щекIуэкI псалъэмакъым къыхыхьащ ДыщэкI Эртан. Абы гъэзэщIакIуэ гупым хъыбар къаригъэщIащ Европэм щыпсэу адыгэхэм я федерацэ-зэгухьэныгъэу щыIэхэр зэгуагъэхьэу зы Хасэшхуэу зэхаублэну апхуэдэ унафэ къызэращтар. Абы и пэ къихуэу ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэр зэрымытыншар, зэгурымыIуэныгъэ гуэрхэри къызэрызэранэкIар къыхигъэщащ.
- Дэтхэнэ зэгурымыIуэныгъэри къызэбнэкIын папщIэ нэхъыбэрэ узэрыщIэн, узэпсэлъэн хуейщ. Хэхэсхэмрэ хэкум щыпсэухэмрэ зэрымыщIэмэ, адыгэр ныкъуэу жыпIэ хъунущ. Ар къэлъытауэ, ди зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэн хуейщ. Си гугъэщ ДАХ-м къыхыхьэ хасэхэр абы телэжьэну, - жиIащ Эртан.
АдэкIэ зэхуэсыр ГъэзэщIакIуэ гупым и комитетхэр къызэгъэпэщыным тепсэлъыхьащ. Хасэхэм я лэжьыгъэр зэрыщыту къапщтэмэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм къигъэлъагъуэ лэжьакIуэ гупхэм ирагъэкIуэкIыну IуэхущIафэхэм къызэритIасэр къалъытэри, Хасащхьэм хэтхэр ГъэзэщIакIуэ гупым хэтынухэми къыщагъэлъэгъуакъым икIи хасэ тхьэмадэхэм гъэзэщIакIуэ гупхэм я лэжьыгъэмкIэ жэуап яхьу, Iуэху кърахьэлIэу зэрыщытыпхъэр къыхагъэщащ.
Комитетхэм щылэжьэну гупхэр яубзыхуа нэужь, 2019 - 2021 гъэхэм я лэжьэкIэнум тепсэлъыхьащ. Абыхэм ящыщщ: Хэхэс адыгэхэм я щIэблэр Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэхэм я еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэгъэтIысхьэнымкIэ сэбэп хъуныр; хамэщI щыпсэу адыгэхэр адэжь щIыналъэм къешэлIэжыным теухуа Iуэхугъуэхэр нэхъри ерыщу къызэгъэпэщыныр; адыгэбзэкIэ къыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм яIэрыхьэу Iуэхур зэтеублэныр; хэхэс адыгэхэм ятеухуа хъыбархэр хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм щIэх-щIэхыурэ къату зэтеублэныр; ДАХ-м и сайтыр егъэфIэкIуэн, хэкум щекIуэкIми, хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэр зыхэт жылагъуэ, политикэ, экономикэ, щэнхабзэ Iуэхугъуэхэми ятеухуа тхыгъэхэр нэхъыбэ щIыныр; хамэ щIыпIэ къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм адыгэбзэ егъэджынымкIэ курсхэр нэхъыбэу къызэгъэпэщыныр; ДАХ-м хэмыт щIалэгъуалэ адыгэ зэгухьэныгъэхэм щаIэ пыщIэныгъэхэр нэхъыбэ, нэхъ быдэ щIыныр, нэгъуэщIхэри.
ГъэзэщIакIуэ гупыр зыхэплъа Iуэхугъуэхэм ящыщщ ДАХ-м и япэ Тхьэмадэ Къалмыкъ Юрэ къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум зыхуэгъэхьэзырыным, абы и щIыхькIэ егъэкIуэкIын хуей Iуэхугъуэхэр убзыхуным, 2019 гъэр Къалмыкъ Юрэ и илъэсу гъэувыным теухуар. Мы Iуэхугъуэм теухуауэ къэпсэлъащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ДАХ-м и Нэхъыжьхэм я советым хэт ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Абы къыхилъхьахэм ящыщщ республикэпсо мыхьэнэ иIэу Къалымыкъ Юрэ и фэеплъ пшыхь къызэгъэпэщыныр, жылагъуэ IэнатIэм, щIэныгъэм, литературэм, гъуазджэм спортым зэфIэкI лъагэ къыщызыгъэлъэгъуахэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и япэ тхьэмадэу щытам и цIэкIэ ДАХ-м и саугъэт яхуэгъэувыныр, КъБКъУ-м, АКъУ-м, КъШКъУ-м я юридическэ факультетхэм Къалмыкъ Юрэ и цIэкIэ стипендиехэр щыгъэувыныр, Къалмыкъ Юрэ и гъащIэмрэ и Iэужь инымрэ теухуа зэIущIэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр республикэм и библиотекэхэм къыщызэгъэпэщыныр, цIыхум и хабзэм, хуитыныгъэм еджакIуэ цIыкIухэр нэIуасэ щыхуащI дерсхэр еджапIэхэм щегъэкIуэкIыныр, нэгъуэщIхэри. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд хасэ тхьэмадэхэм захуигъэзащ мы Iуэхугъуэхэм жыджэру хэтыну, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къыхилъхьахэм къищынэмыщIа, щIыналъэхэм хуэфэщэн лэжьыгъэ мыбы теухуауэ щрагъэкIуэкIыну къыхуриджащ.
Апхуэдэу, зэхуэсым щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэпкъ макъамэм и классик Балэ Мухьэдин къызэралъхурэ илъэс 95-рэ зэрырикъум ехьэлIа Iуэхугъуэхэр къызэгъэпэщын зэрыхуейм.
ГъэзэщIакIуэ гупым хэт, Адыгэ Республикэм и шууей зэгухьэныгъэм и пашэ Тхьэпщокъуэ Альберт ДАХ-м и комитетхэр зэрылэжьэну планым хэгъэхьапхъэу къилъытэ Iуэхугъуэ зыбжанэ утыку кърилъхьащ. Ахэр теухуащ адыгэшым и пщIэр къэIэтыным. Абы теухуауэ къызэгъэпэщыпхъэ, егъэкIуэкIыпхъэ лэжьыгъэм щыщу Альберт къигъэлъэгъуащ «Адыгэшыр дунейпсо хъугъуэфIыгъуэхэм щыщщ» зи фIэщыгъэ Дунейпсо конференц егъэкIуэкIыныр, 2019 гъэм и накъыгъэ мазэм Санкт-Петербург щекIуэкIыну «Иппосфера» XXI Дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэм КъБР-м, АР-м, КъШР-м я лIыкIуэхэр хыхьэн папщIэ ДАХ-р щIэгъэкъуэн хъуныр, «Шууей Хасэм» хэтхэм папщIэ адыгэ фащэ егъэдыным мылъкукIэ щIэгъэкъуэн хуэхъуныр, «Шууей Хасэм» илъэсым и кIуэцIкIэ иригъэкIуэкIыну лэжьыгъэм ехьэлIа дэфтэрхэр зэгъэпэщынымкIэ щIэгъэкъуэн хъуныр, нэгъуэщIхэри.
АдэкIэ псалъэ иратащ Тыркум и лIыкIуэ Бабыгу Эргун. Абы и щхьэр течауэ и гугъу ищIащ Тыркум щызэхэт KAF-FED зэгухьэныгъэмрэ ДАХ-мрэ иужьрей зэманым яку къыдэхъуа зэгурымыIуэныгъэхэр языныкъуэхэм тэрэзу къазэрыгурымыIуэм. Эргун къыхигъэщащ KAF-FED-р Дунейпсо Адыгэ Хасэм къызэрыхэмыкIыжыр, атIэ лъэныкъуэ гуэрхэмкIэ а тIум яку къыдэхъуа, зыщIэгупсысыжыпхъэ Iуэхугъуэхэр зэфIэха хъухукIэ, Тырку Адыгэ Хасэхэм я лIыкIуэхэм ДАХ-м я хэтыныгъэр къыщызэтрагъэувыIауэ зэрыарар. Апхуэдэу щытми, Iуэху куэдымкIэ хасэхэм я зэдэлэжьэныгъэр къызэтрагъэувыIэркъым икIи Бабыгу Эргун, илъэс зыбжанэ ипэкIэ Хэкум къэзыгъэзэжауэ Налшык щыпсэур, а лэжьыгъэм и зэтеублакIуэу ГъэзэщIакIуэ гупым хэтыну и пщэ къыдалъхьауэ егъэзащIэ.
Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхигъэщащ дэнэкIэ щыIэ адыгэри зэрыщIэн зэрыхуейр, зэгурыIуэныгъэ яку дэлъу зэбгъэдэтмэ, ар лъэпкъым дежкIи зэрынэхъыфIыр, ДАХ-р зыдэлэжьэнур KAF-FED-рауэ зэрыщытыр, нэгъуэщIу егупсысхэм я Iуэху еплъыкIэр зэрадимыгуэшыр.
Зэхуэсым и кIэм ДАХ-м къыбгъэдэкIыу Сэхъурокъуэ Хьэутий ехъуэхъуащ, фIыщIэ тхылъхэмрэ тыгъэхэмкIэ яхуэупсащ цIыху зыбжанэм. Абыхэм ящыщщ ДАХ-м илъэс куэдкIэ хэлэжьыхьа, зи ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъу ГубэщIыкI Владимир, жылагъуэ лэжьакIуэхэу Хьэтыкъуей Мурат (КъШР), Шэкэм Владимир (Мэздэгу щIыналъэ), КIэрашэ Сами (Тырку) сымэ. Сэхъурокъуэр абыхэм гуапэу ехъуэхъуащ адэкIи лъэпкъым и сэбэп къызыпыкIын лэжьыгъэ ирахьэкIыу, щIэблэм щапхъэ ирагъэлъагъуу псэунхэу.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьа Iуэхугъуэхэм ятеухуа унафэхэр IэIэткIэ къащтащ икIи гъэзэщIакIуэ гупым и къыкIэлъыкIуэ зэхуэзэр гъатхэпэ мазэм щыIэну зэгурыIуащ.

ЩОДЖЭН Iэминат.
Поделиться: