Нэхущ Iэдэм Мэрем и къуэрКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и мызакъуэу, къэралым, дуней псом я щIэныгъэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ - и ныбжьыр илъэс 81-м иту дыгъэгъазэм и 27-м дунейм ехыжащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, Урысейм естественнэ щIэныгъэхэмкIэ и академием, ЩIэныгъэмрэ ГъуазджэмкIэ Петровскэ академием я действительнэ член, ЩIэныгъэхэмкIэ, Технологиемрэ IэщIагъэ езыт егъэджэныгъэмкIэ Испан академием щIыхь зиIэ и академик, ЩIэныгъэхэмкIэ Абхъаз академием щIыхь зиIэ и член, УФ-м, КъБР-м, КъШР-м, АР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Нэхущ Iэдэм Мэрем и къуэр. И IэдакъэщIэкIхэмкIэ ди республикэм, Урысейм я мызакъуэу, щIыналъэ, къэрал куэдым ар къыщацIыхуащ. Нэхущ Iэдэм Мэрем и къуэр Зеикъуэ къуажэм (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) 1938 гъэм дыгъэгъазэм и 5-м къыщалъхуащ. Курыт школ нэужьым абы еджэным щыпищащ КъБКъУ-м и физико-математикэ къудамэм. 1961 гъэм диплом плъыжькIэ ар къиухащ икIи Зеикъуэ дэт курыт школым математикэр иригъэджу уващ. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 60 гъэхэм я пэщIэдзэм Iэдэм и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и академием Сыбырым щиIэ къудамэм МатематикэмкIэ и институтым и аспирантурэм. Кандидат диссертацэр ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIа нэужь, Новосибирск 1966 гъэм иригъэблагъэри, МатематикэмкIэ институтым щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьу ягъэуващ. 1971 гъэм Нэхущым утыку ирихьащ щытхъушхуэ зыхужаIа и доктор диссертацэр. ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академиер, 2018 гъэ, дыгъэгъазэм и 27
Поделиться:
Читать также:
18.03.2024 - 11:09 →
Лэскэн ЕтIуанэм сом мелуаным нэблагъэ хуаутIыпщынущ
18.03.2024 - 11:06 →
Жьэжьей лышхым фыхуэсакъ
18.03.2024 - 11:04 →
ШхапIэхэм я хэхъуэр
18.03.2024 - 11:00 →
Лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр
17.03.2024 - 20:51 →
Къэралым и къэкIуэнур зэлъыта
|