Амман еплъыныгъэ къыщызэIуех. 2004 гъэ
Урысей Федерацэм, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ сурэтыщI, УФ-м и Художникхэм, Журналистхэм, ТхакIуэхэм я союзхэм хэт Къат Теувэж ди къэралым фIыуэ къыщацIыху, абы и цIэр щащIэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъуми, Тыркуми, Европэми. АдыгэлI зэчиифIэм и лэжьыгъэхэм нэхъыбэу къыщыгъэлъэгъуар XX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм и кIэуххэм, XXI и пэщIэдзэхэм лъэпкъ щэнхабзэм зэрызиужьарщ. Апхуэдэуи Къатым и IэдакъэщIэкIхэр теухуащ къыщалъхуа щIыналъэм, адыгэхэм я тхыдэм, хабзэм, щэнхабзэм. «Си къуажэ», «Жыг хадэ», «Гугъэ», «ЩакIуэхэр», «1918 гъэ» сурэтхэм я цIэхэм къыбжаIэ абыхэм къыщыгъэлъэгъуар. КъищынэмыщIауэ, къэрал куэд къызэхикIухьыну хунэсащ Теувэж икIи ахэр къызэрыщыхъуар щынэрылъагъущ «Иордание», «Болгарие», «Мэжэр» сурэт гупым. График, живописец цIэрыIуэм лэжьыгъэ мин бжыгъэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Абы и зэчиймрэ зэфIэкIымрэ гъуни нэзи яIэкъым жыпIэкIэ, ущыуэнукъым. Ар матхэ тушкIэ, дагъэкIэ, акварелкIэ.
И ныбжьыр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу дыхуейт Къатым и гупсысэ, гукъэкIыж гъэщIэгъуэнхэмкIэ дывдэгуэшэну. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэрейщ, ныбжьэгъу куэд щиIэщ, дэри цIыхугъэ, псэлъэгъу тхуэхъуащ абы и ныбжьэгъу, ди газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и деж къыщIыхьэурэ.
Мейкъуапэ щегъэжьауэ хамэ къэралхэм нэс
- Сэ зэрысщIэжрэ сурэт сощI. Си сабиигъуэм сыщегупсыскIэ, си нэгу къыщIыхьэр сыкъызыхэкIа бынунагъуэшхуэрщ. Зэкъуэш пщыкIуз дыхъурт, зы шыпхъу закъуэ диIэу. Зэкъуэшхэм псоми къалэн зырыз яIэт, сэ сынэхъыщIэти, зыкъом сщхьэщахырт. Хэт пхъэ къишэну, хэт удз къихыну щыдэкIхэм деж сэ унэм сыкъыщIэнэрт. Мис абы щыгъуэм сурэт щIын фIэкIа Iуэху сиIэтэкъым. «Унэм ущIэсурэ гъуэжь ухъуащ», - жиIэурэ си анэм сыкъыщIишу зэрыщытар сощIэж, уэрамым щыджэгу си ныбжьэгъухэм сахигъэхьэну хуейуэ.
Курыт школыр къыщызухам, пэжыр жысIэнщи, КъуэкIыпIэ къэралхэм я бзэхэр щадж институтым сыщIэтIысхьэну сыхуейт. Москварэ Бакурэт апхуэдэ еджапIэ здэщыIэр. Ауэ а зэманым ди къуажэм зы унагъуи дэстэкъым я бын а къалэхэм еджакIуэ ягъэкIуэфыну. Iэмал дызэримыIам къыхэкIкIэ, а мурадыр хъуэпсапIэ къудейуэ къэнэжри, Кубань къэрал университетым сыкIуащ сыдэзыхьэх Iуэхум - сурэт щIыным - сыхуеджэну. 1959 гъэм ехъулIэныгъэхэр сиIэу къэзухащ ар.
Сурэт щIынымрэ черченэмкIэ егъэджакIуэ IэщIагъэр зэзгъэгъуэтауэ арати, Мейкъуапэ къэзгъэзэжри, илъэс ныкъуэкIэ сыщылэжьащ. ИтIанэ си щIэныгъэм щыпысщащ Тбилиси дэт ХудожествэмкIэ академием.
Дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэ куэдым сыхэтащ сэ - Сирие, Иордание, Мэжэр (Венгрие), Болгарие, Тырку (Истамбыл, Анкара, Бурсэ), Куржы. Си лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ щхьэхуэхэр 20 мэхъу.
1982 гъэм Будапешт сыщыщыIам Дунейпсо мэжэр саугъэтыр, Каплар Миклош и цIэкIэ щыIэр, къысхуагъэфэщауэ щытащ. Болгарием, Мэжэрым, Къалмыкъым щекIуэкIа пленэрхэм (жьы къабзэм хэту сурэт щIыным) сыхэтащ.
КъуэкIыпIэм и сурэтыщI цIэрыIуэхэм адыгэхэри яхэтщ
- Си IэщIагъэм къэрал куэдым щыщхэр ныбжьэгъу схуищIащ, ауэ нэхъыщхьэр си къуэш куэд къызэрызгъуэтыжарщ. Дэнэ сыкIуэми, сэ сфIэгъэщIэгъуэнщ сурэт щIыным дихьэх адыгэхэр зэзгъэцIыхуну. Езыхэми уи хъыбар зэрызэхахыу, къыпщIоупщIэ, укъалъагъу.
Хамэ щIыпIэхэм щикъухьа шэрджэсхэм яхэтщ Европэм ХудожествэмкIэ и академие нэхъыфIхэр къыщызуха сурэтыщI Iэзэхэр. Абыхэм фIыуэ сурэт ящI, жыпIэкIэ ущыуэнукъым. КъызэрымыкIуэу дахэу тхэ бзылъхугъэхэми сарихьэлIащ. КъухьэпIэмкIэ щыщ нэмыцэ е америкэ абстракционист гуэрым и IэдакъэщIэкIыу фIэкIа умыщIэну тхэ цIыхубз слъэгъуащ.
Сурэт щIыныр цIыхухъу IэщIагъэу къалъытэ, ауэ нэгъуэщIхэм я гугъу умыщIи, Анкара щыщ, сэ сызыхуэза адыгэ бзылъхугъэ цIыкIум и Iэзагъыр щыхьэт тохъуэ ар зэрымыпэжым. Абстракционизмыр пыухыкIауэ зыгуэр къыщымыгъэлъэгъуа сурэтщ. Сэ сурэтыщI Iэзэ куэдым я IэдакъэщIэкIхэр слъэгъуащи, а пщащэм ейм езгъэщхьын срихьэлIакъым. НэгъуэщI зыгуэрым и нэм къыфIэнэну къыщIэкIынкъым сэ гу зылъыстар: апхуэдизкIэ ди лъэпкъым и хьэуакIэ псыхьат абы и лэжьыгъэхэри, тхыпхъэ, дамыгъэ щхьэхуэхэр къахэбгъуатэрт. Ар гур зэрыгъум тету ищIу аращ, армыхъумэ, хуейуэ хилъхьэркъым. Абы и сурэтым ущеплъкIэ уи нэгу арджэн къыщIохьэ!
Мыри гъэщIэгъуэнщ: Кавказ Ищхъэрэм ис адыгэхэм япэ ирагъэщыр макъамэр, къафэр арамэ, хамэ къэрал щыпсэухэр дэзыхьэхыр сурэт щIынырщ.
Тыркум щызэзгъэцIыхуахэм ящыщщ Пщэкукъуэ (Озел) Мыхьмуд. Ар бжьэдыгъу щIалэщ, инженер-электрикщ, дахэу адыгэбзэкIэ мэпсалъэ. Босфор телъ лъэмыжыр щхъуэкIэплъыкIэу зэщIэзыгъаблэ уэздыгъэхэр къэзыгупсысар аращ. Абы и къуэш Ахьмэди абстракционистщ. Ар Истамбыл дэт академиехэм ящыщ зым и кафедрэм и унафэщIщ. Сишэри и лэжьапIэр сигъэцIыхуащ, и студентхэм саIуигъэщIащ.
Зэрыригъаджэм нэмыщI, дуней псом къыщалъытэ реставраторщ Ахьмэд. Хамэ къэралхэм къыщрашэкIыурэ фэеплъхэр зыхуей хуегъэзэж, къегъэщIэрэщIэж. Абы и сурэтхэри хуабжьу хьэлэмэтщ. Зи гугъу сщIы хъыджэбзым и IэдакъэщIэкIхэр арджэным езыгъэщхь тхыпхъэхэр хэтмэ, Ахьмэд и сурэтхэм пшэхэм, бгыхэм, шым, шууейм я теплъэхэр хыболъагъуэ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, ахэр гум, щхьэм, лъым хэтщи, емыгупсысу я Iэм ищIу аращ. Мис апхуэдэ Iэзэхэр щыслъэгъуащ Тыркум.
Алыдж, Византие гъуазджэм я музей куэд дэтщ Истамбыл. Сымылъэгъуамэ, си фIэщ хъунтэкъым тыркухэм апхуэдиз яхъумэфауэ. Мозайкэ, барельеф жыпIэми, телъыджэ куэд ущрохьэлIэ а музейхэм. Мозаичнэ лъэгум щыщ Iыхьэ рамэм иралъхьэри, фIадзащ. Ар гъэщIэгъуэнкъэ?!
ЖысIэну сызыхуейращи, КъуэкIыпIэм сурэтыщI цIэрыIуэ куэд щолажьэ, псом хуэмыдэу зэчий ябгъэдэлъщ тыркухэм, абыхэм ди лъэпкъэгъу Iэзэхэр зэрахэтри ямылейуэ гуапэ сщыхъуащ.
Абстракционистхэм нэмыщI, примитивистхэми (нэхъ пасэм щыIа стилхэр зи творчествэм къыщызыгъэсэбэп) сащрихьэлIащ сэ Тыркум. СфIэгъэщIэгъуэныр мис а примитивистхэм краскэ зэмыфэгъухэр хьэлэмэту зэрызэхалъхьэрщ - фIыцIэ, хужь, дэм, щIым я фэр. Апхуэдэ нэхъыбэу щыслъэгъуар Куржыращ. Абы сыщеджащ, сыщыпсэуащи, фIыуэ сощIэ, куржыхэр а сурэт щIыкIэм зэрыбгъэдыхьэр. Абыхэм нэхърэ нэхъыфIу примитивизмыр къызыгурыIуэ бгъуэтынукъым. Зи гугъу сщIы тыркухэм куржы школыр ялъэгъуакъым, итIани зэрызэпэджэжыр гъэщIэгъуэнщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Тыркум щыпсэу ди къуэшхэр куржыхэм ещхьу сурэт ящI.
Краскэмрэ къалэмымрэ
- Иджыпсту нэхъыбэу сыдэзыхьэхыр акварелращ - краскэ псынщIэщ, узэпхроплъ. Ар бзылъхугъэ краскэу жаIэ языныкъуэхэм. Ауэ къыхэгъэщыпхъэщ урилэжьэну хуабжьу зэрыгугъур. Ухуэсакъын хуейщ, армыхъумэ пIэщIож. Сирием, Иорданием нэхъ къыщагъэсэбэп акварелыр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къуэкIыпIэ Iуэхугъуэхэр ириптхыну нэхъ къозэгъ.
Нэхъапэм сызэлэжьу щытар дагъэр зи лъабжьэ живописырщ. Ауэ ар Кавказым, Урысейм къыщащтэркъым, Куржырат нэхъыфIу щикIыр. ФIыцIэр нэхъ ебэкIыу зэрыщытыр арагъэнщ. Фэ зэрыфщIэщи, Урысейм плъыфэ нэхъ цIухэр, зэмыфэгъухэр нэхъ къыщащтэ.
ДагъэкIэ сыщытхэм, фIыцIафэр нэхъ зэбэкI живописым иужь сыщитым, куэдым зэрафIэмыфIыр къызагъэщIащ, къызэхъурджэуаи яхэтащ. Ауэ Куржым щысшам IэщIагъэлI нэхъыфIхэм ягу ирихьащ икIи щIэх дыдэу зэбграхащ.
Иджыпсту сызэрытхэр псыр зи лъабжьэ краскэращи, абы и фIыцIэр дахэ хъуркъым, узэпхроплъри. Плъыфэ зэмыфэгъухэм сытехьауэ, уафэм и фэр, плъыжьыр нэхъ къыхызогъэщ. АкварелкIэ сщIа сурэтхэр Кавказ Ищхъэрэм утыку къыщыщисхьэм: «Къатыр къэтцIыхужыркъым, и краскэ фIыцIэр дэнэ ихьа?», - къысхужаIэрт. «ИкIэм-икIэжым сурэт щIыным зригъэсащ», - ятхырт гъуазджэмкIэ критикхэм.
Сурэт щIыным сыщыдихьэхам къыщожьэ журналистикэм сыщыхуеплъэкIари. Школым сыщыщIэсым ди республикэм къыщыдэкI адыгэ газетым ретушеру сыщыIэт, ахъшэ тIэкIу къыщызлэжьу. Мис абы щыгъуэм сфIэфIт тхыгъэхэри яхуэсхьыну. Уеблэмэ лэжьыгъэм и пIалъэ зыщIэ журналистхэм «кистыр гъэтIылъи, тхэн щIэдзэ», - къызжаIэрт. «Сыт си пщIэр щIевудыхыр, сэ сысурэтыщIщ», - жысIэрти, зытезгъэхьэртэкъым. ИужькIэ, си адэшхуэм и хьэщIэщым щызэхэсха хъыбар къомыр дунейм къытегъэхьэн зэрыхуейм сегупсысри, тхылъым иужь сихьащ. Абы сыпэрыхьэн и пэ къихуэу, газетым тхыгъэ кIэщIхэр схьырти, «хьэуэ» къыхамыгъэкIыу къытрадзэрт, еджэхэми ягу ирихьу зэхэсхыжырт.
Си Iэдакъэ тхылъитху къыщIэкIащ. Абыхэм яхэтщ си гъащIэр къызэрекIуэкIам, сыкъыщыхъуа унагъуэм, Краснодар сызэрыщеджам теухуахэр. Си гукъэкIыжхэр зым ихуащ. Романхэмрэ повестхэмрэ адрейхэм щызэхуэхьэсащ.
Си адэм хьэщIэщ иIэу щытащ, си адэшхуэм ищIауэ. Абы Адыгэ Республикэ псом щыщ лIыжьхэр къыщызэхуэсырт. Сэ сыщыцIыкIум си адэшхуэм деж къакIуэу щытащ ахэр, иужькIэ си адэм деж къекIуалIэ хъуащ. Сыту хъыбар гъэщIэгъуэн куэд сыщедэIуа абы, сыту Iущыгъэ куэд щызэхэсха! Гъэмахуэ пшыхь кIыхьым абыхэм жаIэм седаIуэу сыщысыфынут. Абы ди адэшхуэм и гъуэлъыпIэ гуэр щIэтт, арджэн илъу. Си жеин къыщыкIуахэм деж а гъуэлъыпIэжьым и лъабжьэм сыщIэпщхьэрти, зызгъэпсэхурт. Зы сыхьэт ныкъуэ хуэдэ сыжейм, сыкъэушыжурэ, дадэхэм седаIуэрт. Псалъэжь Iущхэр, нарт хъыбархэр, джэгуакIуэхэм жаIэу щыта гъыбзэхэр - зэхэзмых щыIэтэкъым.
Ди деж къыщызэхуэсхэм зы лIыжь яхэтт, нэфт ар, революцэм и пэкIэ Каир университет къыщиухат. Астроному щытагъэнщ ар, дэнэ деж сыт хуэдэ вагъуэ исми ищIэрт, ахэр зэрызэхэсымкIэ, гъэр бэв хъунрэ гъей хъунрэ жиIэфырт.
Абы щыгъуэм зэхэсхауэ си гум, си щхьэм илъыр игъащIэ псокIэ стхыжыну срикъунщ…
А хъыбархэм хэтахэм я цIэхэр зэсхъуэкIащ, икIи сэ къызбгъэдэкIыу зыгуэрхэр дэщIызгъужащ, архив куэдми сыхэплъащ, тхылъ куэди щIэзджыкIащ, абы иужь сихьэн ипэ.
Къэбэрдейм сыпызыщIэр сыт?
- А зэпыщIэныгъэм къежьапIэ хуэхъуар Краснодарщ, си студентыгъуэ илъэсхэрщ. Кубань къэрал университетым и художественно-графикэ факультетыр къызэIуахагъащIэу сыщIэтIысхьащ сэ. Кавказ Ищхъэрэм щыщ куэд си япэкIи иужькIи нэкIуащ абы. Къэбэрдейм щыщхэу КIыщ Мухьэдин, Мэлбахъуэ Борис, Ездэч Владимир сымэ аращ къыщысцIыхуар. Илъэс бжыгъэкIэ дызэщхьэщыкIми, дызэныбжьэгъуу, къуэшыгъэ ди зэхуаку дэлъу дызэдеджащ.
Си ныбжьэгъуфIу щытащ Къып Мухьэмэд. СыткIи къыстекIуэу си къуэш адыгэхэм яхэтар а зыращ - псэлъэнкIи, къэфэнкIи, гуп хэсынкIи, Iуэху щIэнкIи. Куэдрэ дызэкIэлъыкIуэрт, я унагъуэ сыкъихьэрт, езыр ди деж накIуэрт. Зы лъэхъэнэ сэ - Адыгейм, ар Къэбэрдей-Балъкъэрым я СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэхэм драунафэщIу щытащ. Мис абы щыгъуэм щIэх-щIэхыурэ дызэхуэзэрт, дызэдежьэрт. Хуабжьу цIыху зэпIэзэрытт, щабэт, губзыгъэт, сурэтыщI Iэзэт Къыпыр.
Абей Виктор, БжэIумых Хьид, ТхьэкIумашэ Михаил, Темыркъан Владимир сымэ я цIэ къисIуэну сыхуейщ. Ахэри ныбжьэгъугъэр иризгъэунэхуну Тхьэр къызэрысхуэупса цIыхухэм ящыщщ.
ХудожествэмкIэ къэрал академиеу Тбилиси щыIэм си щIэныгъэм щыпысщащ. Абы къыщыздеджащ Зеикъуэ къуажэ щыщ Щомахуэ Мухьэмэд. Къэбэрдей сурэтыщIхэр, Сындыку Тобий (Анатолэ) деж щегъэжьауэ, нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэри къуэш пэлъытэу сиIащ.
Куэдрэ сытепсэлъыхьыфынущ IэщIагъэкIэ ныбжьэгъуфI схуэхъуа адыгэ щIалэхэм. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мыбы СурэтыщIхэм я союз лъэщ щызэфIэуващ, УФ-м и зэгухьэныгъэм япэу хыхьа хэгъэгур КъБР-ращ, Кавказ Ищхъэрэм щыщ сурэтыщI нэхъ Iэзэу къалъытэхэр уи хэкуэгъухэрщ.
Куэдрэ сигу къокIыж си гъащIэм хэта цIыху щэджащэхэр. Уи щIалэгъуэм адэ-мыдэкIэ зыбдзурэ гъэхэр зэрыкIуэри гулъытэ нэхъыбэ зыхуэщIыпхъэ цIыхухэр зэрыпIэщIэкIри зыхэпщIэркъым. ИтIанэщ, уи щхьэм тхъугъэ хидза нэужькIэщ, уи гъащIэр зыгъэщIэрэщIа цIыху телъыджэхэм я Iэзагъри, цIыхугъэри, дуней тетыкIари здынэсу щытам ущегупсысыжыр. Сэ апхуэдэхэр сигу къыщызгъэкIыжкIэ къызгуроIуэ, адыгэ сурэт щIыным и лъабжьэр зыгъэтIылъар мис а си ныбжьэгъухэр зэрыарар.
ЦIыхугъэкIэ гъунэгъу схуэхъуахэм ящыщщ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэди. Ар лIы зэпIэзэрытщ, политикэ и лъэныкъуэкIэ цIыху Iущщ, езыр хьэлэлщ. Сыт хуэдэ щытыкIэ къихутэми, гугъуехьыншэу хэкIыпIэр къигъуэтынущ, хэти чэнджэщ пэж иритыфынущ. Сигу ирихьу хэлъхэм ящыщщ и гумрэ и псэмрэ зэIухауэ зэрыщытыр, цIыхум фIыкIэ зэрыхуэхъуапсэр. ХьэлкIэ дызэтохуэ абырэ сэрэ. Творческэ цIыхухэр апхуэдэ къыщIэкIынщ - къэзыухъуреихьхэм гурэ псэкIэ ябгъэдэтщ, ягу илъыр гъэпщкIуа хэмыту жаIэу.
Къэбэрдейращ сэ адыгэ щэнхабзэм и къежьапIэр щыслъагъур. Адыгэм къытхэкIа цIыху щэджащэхэм ящыщщ Хъан-Джэрий. Мы хэгъэгуращ абы теухуа япэ тхылъыр щытрадзар. Къапщтэмэ, си щIалэгъуэм тхылъ куэд исхыу щытащ мыбы, зыри зылъэщIэмыхьэну адыгэбзэ шэрыуэкIэ тхахэри кIэмыргуей, шапсыгъ диалектхэмкIэ тедзахэри щыбгъуэтырт…