Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ Налшык къалэ щекIуэкIащ. Абы хэлэжьыхьащ Тыркум, Сирием, Иорданием, АР-м, КъБР-м, КъШР-м, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием щылажьэ Хасэ къудамэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ. Щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ къримыхьэлIэфахэм папщIэ видео зэпыщIэныгъэ къызэрагъэпэщри, зэIущIэм щекIуэкI лэжьыгъэм щыгъуэзахэщ Израилымрэ Европэм хыхьэ къэралхэмрэ я Хасэхэм я тхьэмадэ Тхьэухъуэ Зухьейррэ ДыщэкI Эртанрэ. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, КъБР-м граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, ДАХ-м и Нэхъыжьым и советым хэтхэр, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэм нэхъыщхьэу зыщытепсэлъыхьахэм ящыщщ 2020 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу ДАХ-м иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр; Шапсыгъхэм я Адыгэ Хасэм зэфIигъэкI Iуэхухэр; анэдэлъхубзэр хъумэным, егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ ДАХ-м и лэжьыгъэр зи пщэ дэлъ гупым я IуэхущIафэхэр; «Анэдэлъхубзэр лъэпкъым и гупсэщ» проектыр зэрекIуэкIар; «Панорама культурной жизни черкесской диаспоры» тхылъыщIэр къызэрыдэкIар; Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 156-рэ щрикъу махуэр зэрекIуэкIынум зыхуэгъэхьэзырыныр; хэхэс адыгэхэм я щIалэгъуалэр КъБР-м, КъШР-м, АР-м я еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэныгъэ щызрагъэгъуэтыным и Iуэхур; ДАХ-м и гъэзэщIакIуэ гупыр 2020 гъэм зэлэжьыну Iуэхугъуэхэр убзыхуныр, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэр къызэIуихри, хамэ къэралхэм, гъунэгъу хэгъэгухэм къикIа лIыкIуэхэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ Сэхъурокъуэ Хьэутий, икIи зэрызэдэлэжьэну жыпхъэр яубзыхури, Iуэхум пэрыхьащ.
Мы илъэсыр къызэрихьэрэ ДАХ-м иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм щытепсэлъыхьым, Сэхъурокъуэ Хьэутий псалъэмакъыр къыщIидзащ Хасэ зыбжанэм я тхьэмадэ хэхыныгъэхэр зэрыщыIамкIэ. Иорданием и Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэу хахащ Къардэн Самир, Адыгейм щыIэ Хасэм и тхьэмадэу ЛIымыщокъуэ Рэмэзан хахыжащ. Сэхъурокъуэм къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ ДАХ-р зыхэлэжьыхьа Iуэхугъуэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и къызэгъэпэщакIуэ Къалмыкъ Юрэ теухуа, адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ Тхьэгъэзит Зубер щагъэлъэпIа пшыхьхэр, «Адыгэ пщащэ» зэпеуэр, Армавир щылажьэ Адыгэ Хасэр илъэс 15 зэрырикъум теухуа зэхуэсыр, щIыналъэ куэдым адыгэбзэмкIэ диктант зэрыщатхар, Мэздэгу къалэм адыгэбзэр зыджхэм я курсхэм къыщызэрагъэпэща зэIущIэр, нэгъуэщIхэри.
Апхуэдэу, УФ-м и Президентым егъэщIылIа, Лъэпкъ зэхущытыкIэхэм пыщIа къалэнхэр зи нэIэ щIэт Советым зэрыхагъэхьэрэ лъэпкъ Iуэхуу утыку кърихьахэм, ахэр гъэзэщIэн и лъэныкъуэкIэ екIуэкI лэжьыгъэм кIэщIу тепсэлъыхьащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. УФ-м и Конституцэм хэлэжьыхьыжыну къыхаха гупым хэту иригъэкIуэкIа лэжьыгъэми и гугъу ищIащ Хасэ тхьэмадэм.
Сэхъурокъуэм и псалъэм къыпищэу къэпсэлъащ Шапсыгъ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ КIэкIыхъу Мэжид. Ар тепсэлъыхьащ иужьрей илъэсым хасэм и IуэхущIафэхэм ящыщу нэхъыщхьэу къилъытэхэм, адыгэ псэкупсэ щIэиныр хъумэнымрэ щэнхабзэм зегъэужьынымкIэ Хасэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм. Мэжид и псалъэхэм къыхэщащ адыгэ лъэпкъыр адрей псоми къащхьэщызыгъэкI и бзэр, хабзэр, тхыдэр, щэнхабзэр, IуэрыIуатэр хъумэныр, а хъугъуэфIыгъуэхэм нэхъри зегъэужьыныр, къыдэкIуэтей щIэблэм, щIалэгъуалэм ябгъэдэлъхьэныр лъэпкъыр щыIэнымкIэ, абы зиужьынымкIэ и IэмалыфIу зэрыщытыр.
АдэкIэ псалъэ зрата, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ езыр зэлэжьа, ДАХ-м къэралым хухиха мылъкумкIэ (президент грант) къыдагъэкIа «Адыгэ хэхэсхэр. Щэнхабзэ гъащIэм и теплъэгъуэхэр» тхылъыр дунейм къызэрытехьам. Хэхэс адыгэхэм ятеухуа тхылъ хьэлэмэтыр напэкIуэцI 228-рэ мэхъу, сурэту 282-рэ итщ.
Апхуэдэу Мухьэмэд жиIащ адыгэ дунейм и классик нэхъыфI дыдэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса тхылъ къыдэкIыгъуэу «Черкесика» фIэщыгъэр иIэу тхылъи 8 дунейм къызэрытехьар, «Адыгэ псалъэ» газетым и мин 24-нэ къыдэкIыгъуэр адыгэ газетиплIым: «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку», «Жьынэпс» жыхуиIэхэм зэгуэту зэрытрадзар.
Анэдэлъхубзэр хъумэным, егъэфIэкIуэным елэжь гупым я лэжьыгъэм щытепсэлъыхьым, Щоджэн Iэминат къыхигъэщащ Iуэхугъуэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ зэреджэ тхылъыщIэхэр (учебникхэр) къыдэгъэкIыным КъБР-м творческэ гупхэр зэрыщелэжьыр, абы и лъэныкъуэкIэ КъШР-мрэ АР-мрэ хуаIэ зэпыщIэныгъэхэм. ТхылъыщIэхэмкIэ лэжьэну егъэджакIуэхэм я щIэныгъэхэм хэгъэхъуэным теухуауэ республикищым курсхэр къызэрыщызэрагъэпэщым, апхуэдэ курсхэм къекIуалIэм я бжыгъэми къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ абы.
- Мы лэжьыгъэр псори хэкуращ щекIуэкIыр. Хэхэсхэм я деж мы Iуэхур дауэ щызэтеубла? Хасэхэм адыгэбзэр щезыгъэджхэр дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэ? Зэреджэ тхылъхэмрэ егъэджакIуэм и дэIэпыкъуэгъу методикэ тхылъхэмкIэ дауэ къызэгъэпэща? Абыхэм ятеухуауэ ма-щIэщ дызыщыгъуазэр. Абы и лъэныкъуэкIэ комитетым и лэжьыгъэр егъэфIэкIуапхъэщ. Ди зэманым и Iэмалхэм хуэдэ зэи щыIакъым - зэбгрыдзауэ псэу лъэпкъым и бзэр иджыжыну IэмалыфIщ интернетыр къигъэсэбэпурэ. Мы лэжьыгъэр зэтеублэгъуейщ жаIэмэ, зэреджэ тхылъхэм нэхъ тегъэщIэн хуейщ. Абы и лъэныкъуэкIэ хэкурысхэмрэ хэхэсымрэ нэхъ жыджэру зэдэлэжьапхъэщ икIи комитетым мы Iуэхум и нэIэ тету и лэжьыгъэр зэтриублэну и гугъэщ, - жиIащ Щоджэн Iэминат.
КIурашын Анзор псалъэмакъым къыпищэу жиIащ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм яхудиIэ зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэн и лъэныкъуэкIэ КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм и лэжьыгъэм щыщу зы унэтIыныгъэ къызэрыхилъхьэр. Ар - хэхэс адыгэхэм анэдэлъхубзэр егъэщIэнымкIэ дистанционнэ курс жыхуэтIэхэр къызэгъэпэщынырщ. Мы лэжьыгъэр ДАХ-м дэщIыгъуу къызэрагъэпэщмэ зэрыфIэкъабылыр, абы текIуэдэну мылъкур министерствэм и пщэ зэрыдилъхьэжыр къыхигъэщащ КIурашы- ным.
«Анэдэлъхубзэр лъэпкъым и гупсэщ» проектым ипкъ иткIэ ДАХ-м иригъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм тепсэлъыхьащ ДАХ-м и гъэзэщIакIуэ гупым хэт Табыщ Муратрэ Ставрополь щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Шыбзыхъуэ Юрэрэ.
АдыгэбзэмкIэ, адыгэ IуэрыIуатэмкIэ, тхыдэмкIэ щIэблэм и щIэныгъэр здынэсыр къызэрахутэ зэпеуэ, адэ-анэр мы лэжьыгъэм къыхэша хъун папщIэ IэмалыщIэхэр къагъэсэбэпу сабийхэм я зэныкъуэкъу утыку кърахьэу проект зыбжанэ ДАХ-м зэрыригъэкIуэкIым къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ Табыщ Мурат.
Гъатхэпэм и 6-м Дунейпсо адыгэ диктантыр зэрекIуэкIам, абы кърикIуахэм тепсэлъыхьащ Шыбзыхъуэ Юрэ. А Iуэхум и мыхьэнэм кIуэ пэтми зэрыхэхъуэр, абы къыхыхьэхэм я бжыгъэр нэхъыбэ зэрыхъур, Урысейм ис адыгэхэм нэмыщI, хамэ къэралхэри мы Iуэхум жыджэру зэрыхэтар къыхигъэщащ абы.
Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 156-рэ зэрырикъум зыхуэгъэхьэзырыным теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Абы къыхигъэщащ илъэс зыбжанэ хъуауэ а махуэм епхауэ екIуэкI Iуэхухэр мы гъэми Налшык къызэрыщызэрагъэпэщынур, адыгэ щыпсэу нэгъуэщI къэралхэми апхуэдэ махуэхэр зэрыщекIуэкIынур, адыгэу зыкъэзылъытэж дэтхэнэ зыри Щыгъуэ махуэм ехьэлIа дауэдапщэхэм зэрыхэтынур. Мы махуэр зэрекIуэкIынум теухуауэ ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я гупсысэхэр къыхалъхьэну къыхуриджащ Сэхъурокъуэм.
Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я Федерацэм а махуэр зэрыригъэкIуэкI хабзэм кIэщIу къытеувыIащ Токъмакъ Самит. «Накъыгъэм и 21-р къэблэгъа нэужь, хэкIуэдахэм мэрем махуэм мэжджытхэм къурIэн щахудогъаджэ, итIанэ хы Iуфэм докIуэри, Щыгъуэ пэкIур идогъэкIуэкI, цIыху мин бжыгъэхэр кърихьэлIэу. Мы гъэми апхуэдэу къызэдгъэпэщыну ди мурадщ. А псом нэмыщI, мы махуэм ирихьэлIэу Тыркум къикIыу хэкум къэкIуэну я мурадщ адыгэ гупышхуэ», - жиIащ Токъмакъым.
Хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ нэхъыфIу зэпыщIа хъунымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэр нэхъ убгъуауэ къэгъэсэбэпын зэрыхуейм и щыхьэту ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр тепсэлъыхьащ хамэ къэрал щыпсэухэм я щIалэгъуалэм ди еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэныгъэ щрагъэгъуэтыным. Сэхъурокъуэ Хьэутий къызэхуэсахэм гу лъаригъэтащ мы Iуэхур ДАХ-м и лэжьыгъэм увыпIэ нэхъыщхьэ щызыубыдхэм зэращыщым. Ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэр КъБР-м, КъШР м, АР-м я еджапIэ нэхъыщхьэхэм щегъэджэным Iуэхур зытетым къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ КъБКъУ-м и проректор Къэжэр Артур.
- ИлъэсипщI ипэкIэ хамэ къэрал къикIа адыгэ щIалэгъуалэ 500-м нэс КъБКъУ-м щеджэу щытащ, абы щыщу 200-р адыгэт. Иджы университетым щеджэм я бжыгъэр зэрыхъур 180-рэ къудейщ (адыгэхэр 110-рэ мэхъу). Мы илъэсым хэхэс адыгэ ныбжьыщIэу 61-рэ къэралым хухих мылъкукIэ щоджэ университетым. Мы бжыгъэр мащIэ дыдэщ. Ди зэпыщIэныгъэхэр нэхъ быдэ, нэхъ куу хъун папщIэ, мы Iуэхум щIыпIэ хасэхэр нэхъ жыджэру хэлэжьыхьыпхъэу къызолъытэ, - жиIащ Къэжэрым.
Абы и псалъэм къыпищэу ДАХ-м и Советым хэт Къуэдзокъуэ Анатолэ жиIащ УФ-м и лъэпкъэгъухэм я щIэблэр хэкум щегъэджэным теухуауэ УФ-м 1999 гъэ лъандэрэ Хабзэ зэрыщыIэр.
- Мы хабзэм мыгурыIуэгъуэ гуэри хэлъщ: хамэ къэрал щыпсэу адыгэм, хабзэ и лъэныкъуэкIэ, сыт хуэдэ щIыкIэу къызэригъэлъэгъуэнур ар Урысейм ис лъэпкъхэм языхэзым и къудамэм зэрыщыщыр? Мы Iуэхум ерыщу, Iэмалу щыIэр къагъэсэбэпу щIыпIэ Хасэхэри елэжьмэщ дифI къыщыпэкIуэнур, - жиIащ Къуэдзокъуэм.
Апхуэдэу, «Россотрудничество» къэрал IуэхущIапIэм зэрыдэлажьэм и щапхъэу ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ Бырсекъуэ Орфан къигъэлъэгъуащ хэкум щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызрагъэгъуэтыну зигу илъ ди лъэпкъэгъухэм я тхылъ зыхуеинухэр ягъэхьэзырри, Россотрудничество-м и сайтым зэрыралъхьар, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я дежкIэ мыпхуэдэ Iуэху зехьэкIэр IэмалыфIу зэрыщытыр, ар нэхъ ерыщу къэгъэсэбэпын зэрыхуейр.
КАФФЕД-м и лIыкIуэ Алкыш Атиллэ зэрыжиIамкIэ, мы гъэм Тыркум къикIыу ныбжьыщIи 8-м я тхылъхэр ягъэхьэзы-ращ.
- Къапщтэмэ, а бжыгъэр мащIэ дыдэщ, ауэ ар нэхъыбэ зэрытщIыным яужь дитынущ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, къэралым и мылъкукIэ еджэхэм я бжыгъэм хэмыхьэмэ, абыхэм университетым зэрыщеджэн мылъку ябгъэдэлъкъым. Мы щIалэхэм ядэIэпыкъуныр ди къалэн нэхъыщхьэхэм яхыдобжэ, ахэр хэкум къинэжынкIэ гугъэ диIэщи, - жиIащ Атиллэ.
АдэкIэ Сэхъурокъуэ Хьэутий КАФФЕД-м и гуащэ Мамхэгъ-Рахъуэ Йылдызрэ адрей лIыкIуэхэмрэ захуигъэзащ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым и къыкIэлъыкIуэну зэIущIэхэм хэтыну Iэмал яIэн папщIэ тхылъ къатхыу IэIэткIэ щIэгъэбыдэжын зэрыхуеймкIэ.
Зэхуэсым и кIэм ДАХ-м къыбгъэдэкIыу Сэхъурокъуэ Хьэутий ехъуэхъуащ, фIыщIэ тхылъхэмрэ тыгъэхэмкIэ хуэупсащ адыгэ лъэпкъым къыхэкIа цIыху щыпкъэ, ДАХ-м илъэс куэдкIэ хэлэжьыхьа, зи ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъуа, Иорданием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Къардэн Самир. Апхуэдэу лъэпкъым и сэбэп къызыпыкIын лэжьыгъэ ирихьэкIыу, и тхылъхэмкIэ адыгэ лъэпкъыр зыгъэлъапIэ журналист, тхакIуэ Котляровэ Марие ДАХ-м и дамыгъэмрэ и ЩIыхь тхылъымрэ хуигъэфэщащ.
Адыгэбзэ диктантым жыджэру хэтахэри мы махуэм гуапэу ягъэлъэпIащ. Апхуэдэу утыку кърашэри щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ иратащ ар фIы дыдэу зытхахэм, лэжьыгъэхэр къэпщытэным хэлэжьыхьа егъэджакIуэфIхэм, Iуэхур къызэгъэпэщыным, дахэу екIуэкIыным хэтахэм.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ лъэпкъыр зыгъэпIейтей нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми, абыхэмкIэ унафэхэр IэIэткIэ къащтащ. ГъэзэщIакIуэ гупым и къыкIэлъыкIуэ зэхуэзэр мэкъуауэгъуэм щыIэну зэгурыIуащ.
ТхылъыщIэм и «лъэтеувэр» Сэхъурокъуэ Хьэутий къызэIуех.
КIэкIыхъу Мэжид. Шапсыгъ Хасэм и лэжьыгъэм ДАХ-р щыгъуазэ ещI.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и псалъэ.
ЩхьэщэмыщI Изэ ягъэлъапIэ.
Адыгеймрэ Тыркумрэ
къикIа лIыкIуэхэр.
Табыщ Мурат куэдым егъэпIейтей.
Министр КIурашын Анзор
Шыбзыхъуэ Юрэ
(Ставрополь)
Сурэтхэр Къэрей Элинэ трихащ.