Дунейм щыхъыбархэрКърымыр зыIэрыгъэхьэжыныр Age of Crimea дунейпсо зэхуэсым вэсэмахуэ къыщыпсалъэу къэралым и президент Зеленский Владимир жиIащ Кърымыр зыIэрыгъэхьэжыныр Украинэм и лъэпкъ гупсысэу къызэрынэжыр. «Иджыпсту Украинэр ерыщу хущIокъу Донбассым зауэр щыгъэувыIэным, ауэ абы къикIыркъым Кърымым ехьэлIа Iуэхухэр IэщIыб тщIауэ, - къыхигъэщащ Зеленскэм. – ХытIыкъу ныкъуэр хъуфынукъым мамырыгъэм щIэттыну уасэ лъапIэ». Эрдоган Идлиб хуодалъэ Тыркум и президент Эрдоган Реджеп жиIащ и дзэхэр Сирием и Идлиб щIыпIэм къызэрыримышыжынур, атIэ ебгъэрыкIуэныгъэхэм зэрыпищэнур. Абы ягу къигъэкIыжащ курдхэм я хэщIапIэ нэхъыщхьэ Идлиб Сирием и дзэхэм щабгынэн хуейуэ хуагъэува пIалъэр зэрикIыр икIи тырку армэм ар къанэ щымыIэу зэIэригъэхьэну зэримурадыр. Кхъухьлъатэхэр къраудыхыну хуит ящI Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщI Мишустиным Iэ щIидзащ граждан кхъухьлъатэхэм ди къэралым и гъунапкъэхэр хабзэм къемызэгъыу къызэпаупщIмэ, къраудыхыну хуит зыщI унафэм. КъызэрагъэлъэгъуамкIэ, граждан е IэщэкIэ зэщIэузэда кхъухьэлъатэхэм Урысейм и къэрал гъунапкъэхэр къызэпаупщIауэ, ягъэзэжыну зэрыхуагъэувар уэим ящIурэ адэкIэ кIуэцIрыкIмэ, залымыгъэкIэ ягъэтIысынущ. Ар къаймыхъулIэмэ, къраудыхыну хуитыныгъэ дяпэкIэ яIэщ. ♦1555 гъэм Нострадамус и тхылъ цIэрыIуэр къыдэкIащ. Абы дунейм къыщыхъунухэр къыщигъэлъэгъуауэ къалъытэ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Псэм фIэIэфIыр, нэм фIэдахэщ.
Поделиться:
Читать также:
20.05.2024 - 13:10 →
НОБЭ
17.05.2024 - 07:16 →
Нобэ
16.05.2024 - 09:08 →
НОБЭ
15.05.2024 - 16:22 →
Хьэрш къэхутэныгъэщIэхэр
15.05.2024 - 15:10 →
Дэтхэнэри дыхуэныкъуэщ
|