НыбжьыщIэхэр фIым хуаущийШколакIуэхэм я урысейпсо зэщIэхъееныгъэм и волонтёрхэмрэ жыджэру хэтхэмрэ Бахъсэн къалэ округым щызэщIэзыгъэуIуэ Бахъсэн къалэм Сабий творчествэмкIэ и унэм ныбжьыщIэхэр щахуэзащ хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм. Зэпсэлъэныгъэр теухуат «Терроризмэр жылагъуэмкIэ шынагъуэщ» Iуэхугъуэм. НыбжьыщIэхэм я хьэщIащ КъБР-м щыIэ МВД-м ООДУУП-мрэ полицэм и участковэ уполномоченнэхэм я лэжьыгъэр къызэгъэпэщынырэ балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и къудамэм и инспектор, полицэм и капитан Чэрим Дахэнагъуэ, Урысей МВД-м и «Бахъсэн» къудамэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и инспекторхэр, апхуэдэуи Бахъсэн къалэ округым и администрацэм физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщI Къардэн Аслъэн.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|