КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЩIыпIэ самоуправленэм и махуэм теухуа и хъуэхъу

ПщIэ зыхуэсщI си лэжьэгъухэ! Сигуми си псэми ­къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу ЩIыпIэ самоуправленэм и махуэмкIэ.
Нобэ фэ фи пщэ дэлъщ жэуаплыныгъэ ин зыпылъ ­къалэнхэр. Фэ лэжьыгъэм хувиIэ бгъэдыхьэкIэрщ зэ­лъытар цIыхухэм я псэукIэр зыхуэдэнур, экономикэм зэ­рызиужьынур, республикэр зэIузэпэщ зэрыхъунур, гъащIэр зэрефIэкIуэнур. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыпIэ самоуправленэмкIэ и къулыкъущIапIэхэм узыншагъэр егъэфIэкIуэным, егъэ­джэныгъэм, гъуэгухэм, щыIэкIэ-псэукIэм епха Iуэху­хэм, къуажэхэмрэ къалэхэмрэ заужьыным хуащI хэлъхьэныгъэр гъэ къэс нэхъыбэ мэхъу. 
Уасэншэщ нобэкIэ дзэ Iуэху хэхам щыIэ фи лъахэ­гъухэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрызащIэвгъакъуэр. 
ФIыщIэ фхузощI къэщIэрэщIэныгъэм фызэрытелажьэм, жэуаплыныгъэ фхэлъу фи IэнатIэм фызэ­ры­пэрытым щхьэкIэ. Шэч къытесхьэркъым, фэ Iуэхум фы­зэрыбгъэдыхьэр, къыхэфлъхьэ жэрдэмхэр ерыщу зэ­рывгъэкIуатэр Къэбэрдей-Балъкъэрми Урысейми я зыу­жьыныгъэм сэбэп зэрыхуэхъунур. 
Узыншагъэ быдэ, ехъулIэныгъэ фиIэну сынывохъуэхъу. 

Поделиться:

Читать также: