НэхъыфIыр зэхагъэкI
Къэбэрдей-Балъкъэрым иджыблагъэ щыхэплъэжащ Дунейпсо кооперацэмрэ экспортымрэ IэнатIэм щылажьэхэм «Илъэсым и экспортёр нэхъыфI» саугъэтыр къахьыным хуэунэтIауэ екIуэкIа урысейпсо зэхьэзэхуэм кърикIуахэм. Абы хэтащ республикэм щатха икIи щылажьэ хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ хыхьэ IуэхущIапIэхэр. Зэхьэзэхуэм къыщапщытэжащ «Илъэсым и экспортёр нэхъыфI» саугъэтым щIэбэнахэм 2023 гъэм и щIышылэм щегъэжьауэ дыгъэгъазэм и 31-м пщIондэ зэфIагъэкIамрэ а лэжьыгъэм кърикIуамрэ. ЕрыскъыхэкIхэм елэжь IэнатIэхэм ящыщу япэ увыпIэр хуагъэфэщащ «Лэгъупыкъу» ООО-м, абы къыкIэлъокIуэ «Велес Агро»-мрэ Къэрэгъэш и гъэш заводымрэ. Мэкъумэш-промышленнэ комплексым щылажьэхэм ящыщу илъэсым и экспортёр нэхъыфIу щытауэ къалъытащ «Базис» фирмэр, етIуанэу «Хьэсэ щхъуантIэ» ООО-р. Промышленнэ IуэхущIапIэхэм ящыщ япэ увыпIэр иратащ «Техно-алмаз»-м. «Илъэсым къриубыдэу нэхъ зызыужьа» зэпеуэм щытекIуащ «Энерджи дринк компани» IуэхущIапIэр. ЦIыхубзхэр зи унафэщI IуэхущIапIэ-экспортёрхэм ящыщу нэхъыфIу къалъытащ Уэрыш Мадинэ («Аква-кристалл» сату щIапIэр), Анаевэ Ларисэ («Эльбрус-К» IэфIыкIэ фабрикэр) сымэ. Бжыгъэр и лъабжьэу сату езыгъэкIуэкI IуэхущIапIэхэм ящыщхэм япэ хъуащ «Пастилушка»-р, сату зыдащI щIыналъэхэм я куэдагъымкIэ текIуащ Шэджэм абдж къыщыщIагъэкIыу дэт заводыр, абы къыкIэлъокIуэ «Кавказская здравница»-р. «Илъэсым и экспортёр нэхъыфI» саугъэтым щIэбэнахэм я щIыналъэ зэхьэзэхуэр республикэм къыщызэригъэпэщащ КъБР-м «Си хьэрычэт IэнатIэ» и центрым, Къэбэрдей-Балъкъэрым Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и нэIэ щIэту. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
16.05.2024 - 18:33 →
Ратмир и жыгхэр мэкI
16.05.2024 - 17:30 →
Гулъытэр зиIэ ныбжьыщIэхэр
16.05.2024 - 15:24 →
Европэр насыпыншагъэм къезыгъэла щIалищ
16.05.2024 - 12:16 →
ТекIуэныгъэ Иным теухуа концертхэр
16.05.2024 - 11:14 →
Ди щIыналъэри йозэгъ
|