КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ Май щIыналъэм щыIащ. Абы зригъэлъэгъуащ Май къалэм ущыкIуэкIэ метр 90 и кIыхьагъыу Шэрэдж телъ лъэмыжыр зэрызэрагъэпэщыжыр. А лэжьыгъэр «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хэту зыхуей хуагъэзэжу аращ. Нэгъабэ фокIадэм щIадзауэ мы гъэмахуэм яухыну хуагъэфащэ.
Май – Заречнэ - Ново-Ивановскэ гъуэгур, километри 10,3-рэ зи кIыхьагъыр, мы гъэм зэрагъэпэщыжынущ, абы щыщу гъуэгу Iыхьэ километри 2,5-р нэгъабэ хагъэщIащ. Гъуэгур Май къалэм кIуэцIрокI, Гагариным и цIэр зезыхьэ уэрамым утету Красная Полянэ, Право-Урванский, Ново-Ивановскэ къутырхэм ухуешэ. Абы хэтщ курыт еджапIэм уезышалIэ гъуэгу Iыхьэри. Ар хьэзыр хъумэ, автобус къэувыIэпIэхэри хуащIынущ, дамыгъэхэр трагъэувэнущ.
КъБР-м и Iэтащхьэм и телеграм-каналым зэрыщитхамкIэ, Май щIыналъэм мы гъэм иджыри щызэрагъэпэщыжынущ Железнодорожнэ, Совхоз уэрамхэр, Грибоедовым и цIэр зезыхьэр. Ар псори зэхэту километри 2,5-рэ мэхъу.
Александровскэ станицэм пэщIэдзэ школ щаухуэ, цIыху 200 щIэхуэну. КIуэкIуэ Казбек зэрыжиIамкIэ, ар мы гъэм яухынущ, федеральнэ проектымкIэ сом мелуан 206-рэ хухахащ. Абы къищынэмыщIауэ, ныбжьыщIэ 330-рэ зыщIэхуэ курыт еджапIэ щаухуэ «Птицесовхоз» хьэблэщIэм. НэхъапэкIэ 2-нэ, 5-нэ курыт школхэр зэрагъэпэщыжащ.
Республикэ унафэщIым зригъэлъэгъуащ Котляревскэм дащIыхь бдзэжьей гъэхъупIэр. Ар ди республикэм къыщызэIухыным мылъку хэзылъхьар Тюмень областым щыIэ Сладковскэ бдзэжьей гъэхъупIэрщ. Абы уней мылъкуу сом мелуни 150-рэ къыхилъхьащ, лэжьапIэ IэнатIэу 50 къыдитащ. Зыхуей хуэзэу яутIыпщмэ, бдзэжьей тонн 300-м щIигъу зы илъэсым ягъэхъунущ.
ИджыкIэ IуэхущIапIэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэрагъэпэщ, псыгуэни 8 ящIащ, абы псы къызэрыкIуэну кIэнауэ хуащIащ, метр 300 и кIыхьагъыу. Уеблэмэ япэ бдзэжьейхэр хагъэтIысхьащ.
КIуэкIуэ Казбек гупым ехъуэхъуащ ирагъэжьа Iуэхур махуэ яхуэхъуну.