Налшык къалэ и уэрамхэр къызэщIагъаблэ«Уафэ къабзэ» программэм ипкъ иткIэ Налшык къалэм щызэфIагъэкIащ Владикавказ къалэм хуэкIуэ дэкIыпIэм хыхьэ, метр 1200-рэ зи кIыхьагъ гъуэгу гъунэм Iут пкъохэм иджырей уэздыгъэхэр фIэдзэным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр. IэщIагъэлIхэм гъуэгубгъум пкъоущIэхэр щагъэуващ, светодиод жыхуаIэ лампIхэм хуэдэхэр ираIуэнтIащ. А пкъохэм екIуалIэ электрокъарур щIы щIагъымкIэ ирашэлIащ. «Уафэ къабзэ» программэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм хохьэ пкъохэм фIэлъу япэм ирикIуэу щыта ток кIапсэхэр кърахьэхыу, щIы щIагъым щIалъхьэныр, ахэр зэпамыудын, я зэран зыми емыкIын папщIэ. Ар лэжьыгъэр псом япэу хуэунэтIащ электрокъарур шынагъуэншэу къэгъэсэбэпыным. Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Уафэ къабзэ» программэм ипкъ иткIэ республикэм и къалащхьэм и щIыпIэу 8 иджырей мардэхэм тету нэгъабэ къагъэнэхуащ, уэрам уэздыгъэу мини 10 зэрахъуэкIащ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|