БгъуэнщIагъ-къалэ

ЩIыпIэ телъыджэхэмкIэ гъэнщIащ Абхъаз щIыналъэр. Абы и Iыхьэ щанитIыр бгылъэщи, Абхъаз Альпхэр фIащауэ, дуней псом щыцIэрыIуэщ.

Троян зауэм (ди лъэхъэнэм ипэкIэ 1218 гъэм щIидзам) ипэкIэ Хьэт къэралыгъуэм къикIри, Диоскур зэкъуэшитI (Касторрэ Полидевкрэ) хы ФIыцIэм и Iуфэм къалэ щаухуащ, IуэрыIуатэм зэрыжиIэмкIэ. Къалэм зэкъуэшитIым я лIакъуэцIэр фIащыжащ – Диоскурей. Ар нобэрей Сыхъумращ зыхуэзэр. Археологхэм зэрыжаIэмкIэ, псы Iуфэм щIыхъей шынагъуэ къыщыхъущ, абы псыдзэ къыкIэлъыкIуэжри, къалэр илъэсащ, ар зытета щIыр гуэщэтри, псы лъабжьэм щIилъэфэжащ. Нобэр къыздэсым псым къыхопIиикI пасэрей Диоскурейм и мывэ блынхэмрэ чэщанэхэмрэ.

Абы и закъуэкъым ди къуэш щIыналъэр цIэрыIуэ зыщIар… Псоми ягу къинэж бгъуэнщIагъ телъыджэу Новый Афон къалэм щыIэм и гугъу фхуэтщIыну ди гуапэщ.

Ивер Iуащхьэм и ищхъэрэ нэпкъым метр 220-кIэ удэкIуеймэ мащэ зэриIэр ижь-ижьыж лъандэрэ ящIэрт абхъазхэм. «ЩIэншэ» фIащат, уеблэмэ. Илъэс мин бжыгъэкIэ зы цIыху тегушхуакъым а мащэм ехыу ар зищIысыр, уздишэр, абы и щIэм щыIэр зригъэщIэну. 1961 гъэм къызэрыгуэкI кIапсэ фIэкIа  нэгъуэщI зы Iэмэпсыми имыIыгъыу илъэс 16 хъу щIалэщIэ ехащ а мащэм. ИужьыIуэкIэ а щIалэр – Смыр Гиви – спелеолог цIэрыIуэ хъуауэ щытащ. Абы щыгъуэ щIалэр метр 35-кIэ ехащ, ауэ мащэр куэдкIэ зэрынэхъ куур къыщыгурыIуэм къыдэкIуеижащ, зыхуеину Iэмэпсымэ псомкIэ къызэщIэузэдауэ, дэIэпыкъуэгъу щIыгъуу тригъэзэжыну мурад быдэ ищIауэ.

А илъэс дыдэм Гиви спелеолог гуп щIыгъуу игъэзэжащ, мащэр иджыну. Сыт хуэдэу къэуIэбжьат ахэр метри 139-рэ ехыу, къалэ псо щIы лъабжьэм щIэлъу къыщагъуэтам! Мыбдеж гу лъытапхъэщ гупыр мащэм сыхьэти 8-кIэ зэрехари, гугъуехькIэ 3-нэ лIэужьыгъуэм зэрыхабжари. Апхуэдэу къахутауэ щытащ Новоафон бгъуэнщIагъыр.

БгъуэнщIагъыр куууэ яджын щIадзащ щIэныгъэлIхэм: биологхэми, геологхэми, географхэми. И зи чэзу ехыгъуэ къэс кърахьэлIа къэхутэныгъэхэр зэхуахьэсыжурэ, бгъуэнщIагъым и картэ зэхагъэуващ икIи унафэ ящIащ ар лъэмыж, щIыхьэпIэ, къинэмыщI IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщу турист кIуапIэ ящIыну.

НобэкIэ бгъуэнщIагъым зы ихьэпIэ закъуэщ иIэр. Абдеж щыт электропоездым уотIысхьэри, метр 1360-кIэ ябрууа тоннелым уокI, бгъуэнщIагъым уихьэн папщIэ. ПсалъэкIэ къыпхуэмыIуэтэну щIыкъалэ телъыджэ укъыщохутэ абдеж…

БгъуэнщIагъыр пэши 9 зэпыудащ. ТIум концерт щат, зыр лабораторэ ящIауэ къэпщытэныгъэхэр щрагъэкIуэкI.

ЩIыпIэ-щIыпIэкIэ бгъуэнщIагъым и щIэм уиту метр 60-кIэ удоплъей, апхуэдизкIэ инщ ахэри, метри 150-рэ зи кIыхьагъ пэши яхэтщ. Лъэгум абрэмывэ домбейхэр илъщ, дунейр къыщигъэщIа лъэхъэнэ жыжьэм укъыщыхута нэхъей. ИщхьэкIэ къыкIуэцIривыкI псыр къыщеткIуха щIыпIэми, ар зытеткIуам дежи хьэщхьэрыIуэдзэ нэхъей папцIэу шыгъу сыджхэр кIэрищIащ. БгъуэнщIагъым и кIуэцIыр щхъуэкIэплъыкIэщ: гъуатIэу, удзыфэу, плъыжьу, хужьыпсу, кхъуэщыныфэу зэхэлъщ, гуэл щхъуантIи 2 итщ. Псым градус 11 и хуабагъщ, псым уефэ хъуну къабзэщ, зэгуэр бдзэжьей хэсауэ къахуэхутакъым.

Пэшхэм акустикэ хъарзынэ яIэщи, Абхъазым и къэрал уэрэджыIакIуэхэм микрофоныншэу концерт щат Апхерца зыфIаща пэшышхуэм. ЗэрыжаIэмкIэ, а пэшым апхуэдизкIэ макъыр къабзу щоIури, зы микрофонми пхуегъэпщэнукъым.

Биологхэм къахутащ бгъуэнщIагъым дзыгъуэ нэфхэр, хьэндрабгъуэ, бадзэ, цIыв зэмылIэужьыгъуэхэр щыпсэууэ.

ТхьэкIумэм Iэджи зэхех, уи нэкIэ плъэгъуам дегъэдаIуэ жи адыгэм. Си нэкIэ слъэгъуауэ, псалъэкIэ къыпхуэмыIуэтэн щIыуэпс телъыджэщ зи гугъу фхуэсщIар.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться: