|
Махуэгъэпс
24 мая, 2023 - 09:26
Накъыгъэм и 24, бэрэжьей
♦Славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэщ.
♦IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэр къыхэхыныр, ахэр IэнатIэ гъэувыныр зи къалэным и махуэщ
♦Паркхэм я европэпсо махуэщ
♦1918 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Иуан Хьэсэн.
♦1940 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ, тхакIуэ, Анзор Мухьэмэд.
Дунейм и щытыкIэнур
23 мая, 2023 - 12:27
ЦIыхухэр, псэущхьэхэр, къэкIыгъэхэр зи хэщIапIэ ЩIы Хъурейм гулъытэ хэха хуэщIыным теухуауэ ООН–м хигъэунэхукIа пIалъэм Биологие зэмылIэужьыгъуагъэм и махуэкIэ йоджэ. Ар 2001 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс къэс накъыгъэм и 22-м дуней псом щагъэлъапIэ.
УсакIуэхэми гупсысакIуэхэми псалъэ дахэ куэд зыхужаIа, лъэпкъ къэс къыддекIуэкI IуэрыIуатэми гулъытэншэ щымыхъуа, гъащIэм мыхьэнэ ин дыдэ щызиIэ щIыуэпсым, ди жагъуэ зэрыхъущи, иужьрей илъэси 100-м къриубыдэу тхьэмыщкIагъэу къылъыдгъэсым хэхъуэ зэпытщ.
23 мая, 2023 - 06:16
Накъыгъэм и 23, гъубж
Шылъэгум и дунейпсо махуэщ
1955 гъэм къалъхуащ адыгэ хьэрычэтыщIэ цIэрыIуэ, «Шиферник» ОАО-м (Краснодар) и генеральнэ директор Сагуэ Хьид.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 - 24-рэ, жэщым градус 15 - 19 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Зи Iуэху егугъур дыгъэм япэ къотэдж.
22 мая, 2023 - 12:54
Накъыгъэм и 22, блыщхьэ
Биологие зэмылIэужьыгъуагъэм и дунейпсо махуэщ
1917 гъэм къалъхуащ адыгэхэм къахэкIауэ Тыркум щыпсэухэм ящыщ спортсмен, Европэм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпион,1948 гъэм екIуэкIа Олимп джэгухэм дыжьын медаль къыщызыхьа Джандемыр (Гугъэв) Адыл.
1946 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академик Озбек (Едыдж) Батырай.
Дунейм и щытыкIэнур
19 мая, 2023 - 11:20
Накъыгъэм и 19, мэрем
Урысейм щагъэлъапIэ хущхъуэ зэхэлъхьэным, щэным пыщIа IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэр
Пионер зэгухьэныгъэм и махуэщ
1943 гъэм СССР-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и къэрал комитетым Бахъсэн ГЭС-р зэфIэгъэувэжыным теухуа унафэ къищтащ.
1985 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Сабий творчествэм и унэ.
17 мая, 2023 - 08:00
Накъыгъэм и 17, бэрэжьей
Электросвязымрэ хъыбарегъащIэ зэгухьэныгъэмрэ я дунейпсо махуэщ
Гу узыфэхэм ебэныным и дунейпсо махуэщ
1848 гъэм къалъхуащ Адыгейм щыщ тхыдэдж, узэщIакIуэ Хьэджымыкъуэ Темтэч.
1917 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и утыкур илъэс куэдкIэ зыгъэбжьыфIа, Урысей Федерацэм и цIыхубэ артисткэ ДыщэкI КIунэ.
Дунейм и щытыкIэнур
16 мая, 2023 - 06:00
Накъыгъэм и 16, гъубж
♦Биографхэм я махуэщ
♦1954 гъэм Налшык къыщызэIуахащ украин тхакIуэ Вовчок Марко и фэеплъ.
♦1808 гъэм къалъхуащ адыгэ тхыдэдж, этнограф, тхакIуэ Хъан-Джэрий СулътIан.
♦1917 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Щхьэгъэпсо Таужан.
15 мая, 2023 - 08:22
Накъыгъэм и 15, блыщхьэ
Унагъуэм и дунейпсо махуэщ
Климатым и дунейпсо махуэщ
1942 гъэм 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр лъэпкъ шу дивизэр зауэм кIуащ.
1903 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Темыр Сэлихь.
1914 гъэм къалъхуащ режиссёр, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ Республикэм и цIыхубэ артист IэхъуэджакIуэ Мэжид.
14 мая, 2023 - 06:41
Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбапIэм илъэс къэс накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «ЦIыхухэм экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIащам ехьэлIа Iуэхугъуэхэр. АбыкIэ унафэ къыщащтауэ щытар ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и зэIущIэу Бразилием и къалэ нэхъ инхэм ящыщ Рио-де-Жанейрэ 1992 гъэм щызэхашарщ.
12 мая, 2023 - 07:32
Накъыгъэм и 12, мэрем
♦Медсестрам и дунейпсо махуэщ
♦1954 гъэм Налшык политехникэ техникум къыщызэIуахащ.
♦1916 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Аргун Iэбубэчыр.
♦1917 гъэм къалъхуащ Абхъазым и цIыхубэ усакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Шинкубэ Бэгърат.
♦1920 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Хьэщыкъуей Билал.
Страницы
|