Куэдым хуэIэрыхуэ

ЦIыхум зыхуейуэ зримыгъэхъулIэфын зэрыщымыIэм, зэуэ Iэджэм и Iэ къызэрыпекIуэкIынум и щыхьэтщ мы тхыгъэр зытеухуа бзылъхугъэ цIыкIум хузэфIэкIыр. Къуэжакъ Сэтэней нысащIэр и щыгъынкIи, и теплъэкIи хьэгъуэлIыгъуэм хуегъэхьэзыр, лъэпкъ фащэхэр, абы и пкъыгъуэхэр зыхэлъ, европей бостейхэр къигупсысурэ ирегъэд, фащэхэр щащэ, бэджэнду щат «SATI WEDDING» салоныр илъэс зыбжанэкIэ игъэлэжьащ. Сыт а IуэхущIафэ псом я къыщIэдзапIэр, щхьэ лъэпкъ IэпщIэлъапщIагъэр и хьэрычэт Iуэхум лъабжьэ хуэхъуа?  
- Курыт еджапIэм и класс нэхъыжьхэм сыщIэсу технологиемкIэ ди егъэджакIуэм сытригъэгушхуэри, зэгъусэу фащэ дгъэхьэзырауэ щытащ. Абы ипэкIи, иужькIи зэи сэ езым здыну сытегушхуакъым, апхуэдэ шыIэ зэрысхэмылъым къыхэкIыу, - игу къегъэкIыж Сэтэней. – Щхьэц щIэсщэну,  дахэу зэщIэскъуэну сытым дежи сфIэфIт, ауэ си адэ-анэм экономист сыхъумэ нэхъ къызэращтэм щхьэкIэ а IэщIагъэр зэзгъэгъуэтыну еджапIэ сыщIэтIысхьащ. АрщхьэкIэ куэдрэ сыщеджакъым, унагъуэ сихьэщ, сабий згъуэтри, нэгъуэщIу мыхъуу къэзгъэнэжауэ щытащ. СыхущIегъуэжауэ схужыIэнукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ си гум, си псэм фIэфI Iуэхум яужь сихьэнымкIэ а лъэбакъуэри сэбэп хъуахэм ящыщщ. 
ЯпэщIыкIэ щхьэцыр зэщIикъуэу, игъэдахэу, нысащIэм и щхьэцым елэжьу щIидзащ Сэтэней. Зэман дэкIри, щхьэц щIищэу зигъэсащ, адэкIэ сэхусэплъ екIуу хилъхьэу хуежьащ, и IэщIагъэм хуигъасэхэр иIэ хъуащ, итIанэ бзылъхугъэм и теплъэ псор (и щхьэци, и нэкIуи, и фэилъхьэгъуи) зэригъэкIуу, нысащIэр хьэгъуэлIыгъуэм зэрыхэтынум хуигъэхьэзыру хуежьащ. КъызыхэкIари нэпсеягъэкъым - Iэмалыншагъэщ. Фащэ зыщитIэгъэн хуей нысащIэр абы зыкIи хуэмыкIуэ сэхусэплъ хэлъу къыщыкIуэкIэ е езым зи теплъэ ищIам нэгъуэщIыпIэ игу щрихьа бостейр «пыплъхьэнкIэ» Iэмал щимыIэкIэ, къыпхуэнэр Iуэхур и нэм уэ езым нэбгъэсынырт. Ар пылъхьэншэу къохъулIэ Сэтэней. «Тыншкъым а псор зэдэпхьыну, си гугъам нэхърэ куэдкIэ нэхъ гугъущ. Гугъур, псалъэм и хьэтыркIэ, бостей ебгъэдынракъым хьэмэрэ си IуэхущIапIэм хуэдэр зэрыкуэдракъым – цIыхухэм уадэлэжьэнращ. Бостей ебгъэду салоным щIэплъхьэкIэ зэфIэкIыркъым, узыдэлажьэ цIыхухэм дзыхь яхуэпщIу, укъагъэпэжу щытын хуейщ. Щапхъэу къэсхьынщи, зыхуей хуэзэу фащэр щыпхуамыгъэкъабзэр нэхъыбэщ, «тхуэщIынукъым» къыбжамыIэу пIахрэ зыри мыхъужыну къуатыжуи мызэ-мытIэу срихьэлIащ», - жеIэ Сэтэней. 
Сэтэней зыхущIэкъур зыпэрыхьэ Iуэхур и кIэм зэрынигъэсынырщ. «Дизайнер IэщIагъэ сиIэкъым сэ, ауэ салон къызэIупхыу бостей къэбгупсысын папщIэ диплом уиIэныр Iэмалыншэу къэслъытэркъым. Пэжщ, зы щIэныгъэ гуэр уиIапхъэщ, ауэ нэхъыщхьэр екIумрэ емыкIумрэ зэхэпщIыкIмэ, уи лъагъукIэрэ шыIэрэ пхэлъмэ пхузэфIэкIынущ. Къапщтэмэ, хъыджэбз цIыкIум и дежкIэ псом нэхърэ нэхъыщхьэу къысщыхъур езым и зыужьыныгъэрщ. IэщIагъэ зэбгъэгъуэтмэ, зыгуэр зэбгъэхъулIэфмэ, цIыхум уахыхьэрэ уахэгъуащэу Iуэху зепхьэфмэ мис итIанэщ адрейхэми уащыфIэхьэлэмэтынур, укъыщрадзэнур. Ар сэ хьэкъыу спхыкIащ».    
Сэтэней зыхэт Iуэхум уи пIэм уиуджыхьу уитынкIэ Iэмал иIэкъым, махуэ къэс щIэ гуэр къэпщIэн хуейщ. «ЕпхьэжьакIэ Iуэхур зэфIэкIыркъым, хэбгъахъуэурэ зумыужьыфмэ укъыкIэрыщэтыжынущ. Зэманым удекIуу убэкъуэн хуейщ, цIыхум уаIэщIэмыгъупщыкIын щхьэкIэ», – жеIэ си псэлъэгъум. Аращ, увыIэгъуэ имыIэу, и IэщIагъэм щIыхигъахъуэр, щIэх-щIэхыурэ мастер-классхэм щIыхэтыр, къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм кIуэурэ я салонхэр зэрыщытым, я Iуэху зехьэкIэм щIыкIэлъыплъыр. Апхуэдэу ар иужьрей зэманхэм щыIащ Москва, Кисловодск къалэхэм, Дагъыстэн, Шэшэн республикэхэм.
«СогъэщIагъуэ Дагъыстэным я Iуэху зехьэкIэр. Япэрауэ, абы нэхъ псынщIэу нос къежьэ хьэпшыпхэр, етIуанэрауэ, цIыхухэр нэхъ зэрыIыгъщ, зыр адрейм доIэпыкъу. Сыщыпсэуну сыхуейтэкъым, ауэ ущылэжьэну, уи зэфIэкIым щыхэбгъэхъуэну уасэ иIэтэкъым абы. Шэшэныр къэсщтэнщи, хьэгъуэлIыгъуэ хьэпшыпхэр зыщIэлъ я IуэхущIапIэхэм вакъэ лъыгъыу зыри щIыхьэркъым. ЯпэщIыкIэ згъэщIэгъуащ, ауэ захуагъэщ ар: вакъэм и щхьэкIэ дызэса тхылъымпIэпс лъапэфIэлъхьэр лъыттIагъэми, бостей хужьыбзэхэр зэрыбуфIеинкIэ хъунур пщIэнукъым. Мис ар зы хьэлыфIу ди дежи щыпхызгъэкIыну си хъуэпсапIэщ. Къапщтэмэ, апхуэдэ гукъэкIхэр мащIэкъым», - жеIэ си псэлъэгъум.  
Сэтэней ибзыщIыркъым узыншагъэмрэ унагъуэмрэ нэхъапэ зыри зэрыщымыIэр 2023 гъэм къызэрыгуригъэIуар. «И зэманым зигъэпсэхун хуейщ уи Iэпкълъэпкъым и мызакъуэу уи щхьэми. ИтIанэ, уи щхьэр зыхуей хуэмызауэ нэгъуэщIым и Iуэху пхузехуэнукъым, узыпэрытри нэгъэсауэ къохъулIэнукъым. Къапщтэмэ, зы лъэбакъуэ пчын щхьэкIэ тIукIэ укъикIуэтын хуей щыхъу куэдрэ къохъу, тыкуэн-салоныр зэрызэхуэсщIыжари абы щыщ зыуэ къэплъытэ хъунущ. Бостейхэр хэти сщэжащ, хэти стыжащ, бэджэнду къэсщтауэ щIыпIэ хэха сиIэщи, япэми хуэдэу, нысащIэм и теплъэм солэжь. Зэгуэр бостей, фащэ Iуэху зесхуэну къыщIэздзэжми, си унейуэ фIэкIа хьэхуу пэш къэсщтэнукъым». 
ЦIыху псэуакIуэм хужаIэ хабзэ «нэхъыфIыж тхьэм уищI!» псалъэхэр къилэжьауэ худогъэфащэ мы цIыхубз цIыкIум. Мураду зыхуэбгъэувыжар къохъулIэну ди гуапэщ, Сэтэней! 
ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: