Адыгэ балий фIыцIэ

            «Мы пхъэщхьэмыщхьэ телъыджэр 1794 гъэм зиусхьэн Рональдс Хью Брентфорд Шэрджэсейм (Адыгэ Хэкум) къришауэ щытащ», - апхуэдэу кърегъажьэ «Адыгэ балий фIыцIэ» фIэщыгъэм щIэту къэдгъуэта тхыгъэм.

          «ИужькIэ ар цIыху куэдым ящэхури, къэкIыгъэм зиубгъуащ. Жыгыр и лъэдийкIэ быдэщ, пхъэщхьэмыщхьэ куэд къыпокIэ. И къудамэхэр гъумщ, щIэуэ къыдэжхэр быдэщ. Тхьэмпэхэр инщ, Iувщ, куэду дэбзыкIащ, и лъынтхуэхэр къыхощ. Пхъэщхьэмыщхьэхэр Iэрамэ-Iэрамэу къыпокIэ, «Май герцог» жыхуэтIэ лIэужьыгъуэм ещхьу, инышхуэщ, и теплъэкIэ гум ещхьщ, лъэдийм пэгъунэгъу щыхъум деж нэхъ пIащIэу, и фэкIэ плъыжьыбзэщ, уеблэмэ плъыжьдэпщ, хъупа нэужь, фIыцIэ мэхъу. И IувагъкIэ фIы дыдэщ, «Май герцогым» нэхърэ нэхъ быдэнщ, ауэ Бигаррер лIэужьыгъуэм нэхърэ нэхъ щабэщ. Псы куэду щIэтщ, IэфIщ, мэ дахи къыпех. «Май герцогым» ещхьу, мыри бадзэуэгъуэм дежщ щыхъур, тхьэмахуитIкIэ нэхъ кIасэу. Мы балиейр тыншу зэрыхиубыдэм щхьэкIэ фIыуэ ялъагъу, иджыпсту къагъэкI апхуэдэ жыгхэм мыбы нэхърэ нэхъ лIэужьыгъуэфI яхэткъым».

                                                                                         ЧЭРИМ Марианнэ.

 

Поделиться: