УдзыпцIэ унащхьэхэр

Норвегием щыIэщ зи унащхьэхэр удзыпцIэ дахэ лъапсэхэр. XIX лIэщIыгъуэ пщIондэ Скандинавием «хъанцу (дёрн) унащхьэкIэ» зэджэхэр куэд дыдэу узыщрихьэлIэт. Абы щIымахуэм унэр хуабэу щигъэтт, гъэмахуэрати, къэмыплъу иIыгът. Ауэ хуабагъ-щIыIагъ тэмэмыр унэ кIуэцIым къызэрыщызэригъэпэщракъым удзыпцIэ унащхьэхэр къыщIагупсысам щхьэусыгъуэ хуэхъуауэ щытар. Ику ит лIэщIыгъуэхэм а щIыпIэхэм щыпсэухэм жылэ-жылэкIэ зэхэуэ цIыкIухэр зэхаублэрейт, зыр адрейм теуэрт. УдзыпцIэ унащхьэхэр къагупсысауэ щытащ къуажэр щIыуэпсым хагъэгъуащэу ирагъэпщкIун мурадкIэ. ИужькIэ, зэтеуэ-зэхэуэхэр кIащхъэ хъуа нэужь, удзыпцIэ унащхьэр хабзэу къахуинащ цIыхухэм.

Пасэм апхуэдэ унащхьэхэм я лъабжьэм щIалъхьэу къагъэсэбэпырт пхъэхуейм и пхъафэр. Арат унащхьэм псы кIуэцIрымыкIынымкIэ къалэн нэхъыщхьэр зыгъэзащIэр. Пхъэхуей пхъафэм и щхьэфэр трагъэжырти, унащхьэм щаузэхурт, абы и щIыIум тхьэмпэхэр Iуву трагуэшэжырт. Пхъафэр быдэу триубыдэн щхьэкIэ, ар хъанцу пыупщIахэмкIэ траупIащIэрт. И лъабжьэм удзыр егъэзыхарэ и лъахъцхэр къыдэгъэзеяуэ тралъхьэрт. Удзыр гъуа нэужь, абы пхъафэр мыщащэу ихъумэрт. Абы и гущIыIум аргуэру иралъхьэжырт хъанцу – иджы удзыр къыдэгъэзеяуэ. ЩIымахуэм хъанцум пхъэ блынхэм зрикъузылIэрти, жьы дэхупIэхэр гъэбыда хъурт. Зы метр зэбгъузэнатIэр гъэбыдэным хуэгъэфэщауэ хъанцу килограмм 500-р хурикъурт. Апхуэдэ удзыпцIэ унащхьэхэр илъэс 30 нэхъыбэ телъыфынутэкъым.

Скандинавием апхуэдэ унащхьэхэр къыщызэрагъэпэщыф а Iэмалыр щIыпIэм дунейм щиIэ щытыкIэм хуокIуэри. Норвегием дунейр щыуэмщ. Гольфстрим и хуабэмрэ бгыхэмрэ пэщIоувэ Атлантикэм къриху жьы щIыIэм. Гъэмахуэр уэлбанэрилэщ, уэгъу щыIэкъым, щIымахуэри уае хъуркъым. Урысейм апхуэдэ унащхьэ щыпщIыну гугъущ. Ар гъэмахуэм псыкIэ бгъэнщIу, щIымахуэм щIыIэм щыпхъумэу укIэлъыплъын хуей хъунущ.

Ди зэманым Скандинавиеми удзыпцIэ унэхэм иджыри ущрихьэлIэнущ, ауэ зыкъомкIэ нэхъ мащIэ хъуащ. ЦIыхухэм нэхъ къащтэ гугъуехь пымылъу теплъхьэф унащхьэхэр.

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: