Лъэпкъ гупсысэр къару хуохъу

Арымбэч (Arimbeg) Айшанур Узуняйлэ къыщыхъуащ. Ар щеджащ Тыркум, Коджаэли, щыIэ къэрал университетым (Kocaeli University) промышленнэ инженеру. Ар 2020 гъэм къиухауэ, и IэщIагъэм иролажьэ. Зэгуэр Хэкум икIыу Тыркур псэупIэ зыхуэхъуауэ щыта адыгэ унагъуэм и щIэблэщ. Иджыблагъэ Айшанур унагъуэ щыхъуащ Истамбыл, Щоджэнхэ я нысэщ. Щоджэн Умаррэ Арымбэч Айшануррэ лъэпкъым зы адыгэ унагъуэу къыхэуващ. 
 Хэкум теухуауэ и нэхъыжьхэм къаIуэтэжахэри, хабзэу зыщIапIыкIари, тхыдэ хъыбару зэхихахэри, уэрэдыжьу зыщIэдэIуахэри пщащэм и дежкIэ лъапIэщ. А псор гъащIэ жылэ хуэхъуащ абы и адыгэпсэр къэушынымкIэ, лъэпкъым щыщ бзылъхугъэ щыпкъэ хъунымкIэ. Ди тхыдэр фIэфIу едж, адыгэбзэкIэ уэрэд дахэу жеIэ, адыгэ шхыныгъуэхэр ипщэфIыну фIэфIщ, анэдэлъхубзэмкIэ дерсхэр щIалэгъуалэм ядрегъэкIуэкI. Айшанур и гупсысэхэм ущIодэIури, лъэпкъым теухуа гугъэр уи гум щохуабэ. 
 Хэкум икIыу Тыркум къэкIуауэ щытар Айшанур и адэшхуэм и адэшхуэ Арымбэч Умарт. 
-Нэхъ иужьу Хэкум къиIэпхъукIахэм ящыщщ ди лIакъуэр. Абы теухуа хъыбархэр къыджиIэжащ ди адэшхуэ Джэмалэттин. Дэ «Дин дадэкIэ» доджэ. Хэкум и хъыбархэр, адыгэ тхыдэм щыщхэр фIыуэ ищIэрти, абыхэм дыщIипIыкIащ. Адыгэ уэрэдыжьхэр дахэу жиIэрт. Езы Дин дадэ хуэгъэфэщауэ зэрищIэмкIэ, илъэс 95-рэ и ныбжьщ, ауэ нэхъыжьынкIи хъунущ. Си адэшхуэм и унагъуэр щыпсэуар Узуняйлэщ (иджыпсту Анкара щопсэу). Узуняйлэдэсхэм адыгэбзэмрэ лъэпкъ хабзэмрэ хъарзынэу яхъумэ. Бынибл иIэщ Дин дадэ. Сэ лъагъунлъагъу сыщыхуэкIуэкIэ зэпымыууэ жиIэу зэхызох: «А джыдэмыгъуэ, Хэкум сыкIуарэт, сыIуплъарэт!» ЖыпIэнурамэ, Хэку лъагъуныгъэр и гум изщ. Апхуэдизу хуабэу си адэшхуэм и гум илъ Хэкур сэри фIыуэ слъагъуу сыкъэхъуащ, - жеIэ пщащэм. 
Адэшхуэм и деж къуэрылъхур лъагъунлъагъу щыкIуэкIэ, къыжреIэ хъыбару иIуэтэжхэр къалэмыр къищтэу зэгъэкIуауэ итхыну. ИкIи абыкIэ зэгурыIуащ ахэр – Дин дадэм иIуэтэжынущ, Айшанур итхыжынущ. Нэхъыжьыр мэхъуапсэ и хъыбархэр зэуIуу ищIыну, ар щIэблэм къахуигъэнэну хуейщ. 
Айшанур зэрыцIыкIурэ и унагъуэм щызэхихар адыгэбзэт. Ауэ анэдэлъхубзэр къыгурыIуэ пэтми, тыркубзэкIэ нэхъ псалъэрт. «Ирикъун хуэдизу къызгурыIуэртэкъым абы щыгъуэ бзэм и мыхьэнэр», - жеIэ езым. Адыгэ бзылъхугъэм анэдэлъхубзэр нэсу зыхищIэн щхьэкIэ зы Iуэхугъуэ гуэрт зыхуэныкъуэри, ари игъэунэхуащ:
- Бзэр къуэпсу сиIэмкIэ зыхэсщIащ, ар щыпсэу адэжь щIыналъэм сыщыбэуа нэужь. СызэрыцIыкIу дыдэрэ Хэкум сыкIуэну сехъуапсэрт, ар си гум илът, си нэгум къыщIэзгъэхьэрт. Илъэс 15 сыщыхъум си хъуэпсапIэр къызэхъулIащ – си адэ-анэм хуит зыкъезгъэщIри, Налшык сыкIуащ япэу. КАФФЕД-м ныбжьыщIэ гуп ишэрти, абыхэм сахэтт. Абы ныбжьэгъуи щызиIэ хъуащ. Ситхьэкъуащ Налшык дэнэкIи адыгэбзэ зэрыщызэхэсхам. «Мыбы ипэжыпIэкIэ щопсэу адыгэбзэр! ЦIыкIуи ини яIурылъщ бзэр! АтIэ сэ щхьэ сымыпсалъэрэ адыгэбзэкIэ хуиту?!» - мыпхуэдэ гупсысэхэр си щхьэм щызэзгъэзэхуащ. Си гум быдэу ислъхьащ си анэдэлъхубзэр срипсалъэу, сритхэу зэзгъэщIэжыну, - жеIэ.
 Хьэрфхэр, макъхэр ифIэщу иджын щIидзащ икIи пэлъэщащ. Матхэ, мэпсалъэ, къоджэ, иджыри къыхегъахъуэ. 
- Пэжщ, си адэ-анэм яIурылъ анэдэлъхубзэм хуэдэу къабзэкъым си адыгэбзэр, уеблэмэ псалъэ гуэрхэр зэдзэкIауэ къызжьэдэхуу ахэр щызгъэдыхьэшхи къысхуохуэ. Егъэлеяуэ сфIэфIщ ХэкумкIэ къикIхэм садэуэршэрыну, - жеIэ Айшанур. 
ЦIыхур хэкум пыщIащ къуэпскIэ. Айшанури игъащIэм имылъэгъуа адэжь щIыналъэм и гур къыхуеIэрт. Абы и IэфIыр нэхъри зыхищIащ зэригъэлъэгъуа нэужь. 
 - Хэкум сыщыIэу мыбы къэзгъэзэжа нэужь, Тыркур хамэ хъуат сэркIэ. «Сэ мыбы сыщыпсэуну сыхуейкъым, сэ мыбы сыщыщкъым, кхъыIэ, дывгъэкIуэж» - жысIэурэ селъэIурт си анэ-адэм, - жеIэ. 
ЕтIуанэуи Налшык къытригъэзащ илъэсиплI япэ. ЗэрыжиIэмкIэ, и лIакъуэр къыздикIа къуажэр къыхуэгъуэтакъым. 
2019 гъэм, Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэм (шыщхьэуIум и 1-м), Мейкъуапэ щекIуэкIа гуфIэгъуэм хэтащ Айшанур. Абы щыжиIащ хэхэс дунейр къыхэщу Къущхьэ Догъэн итха уэрэдыр. 
ЦIыхур хамэ лъэпкъ къыхэхутамэ, нэгъуэщI хабзэхэр куэдрэ илъагъумэ, хамэбзэр и тхьэкIумэм итмэ, тыншу абыхэм яхэшэпсыхьыжыфынущ. Ауэ сыт ар къэзыхъумэфынур лъэпкъ щхьэхуэм къыхэкIа цIыхуу жыпIэмэ, ар и куцIырщ, и лъым хэту зыхищIэ къарурщ. Ар пхэлъмэ, уи бзэри абы щыхъумащи, къэпщтэжынущ. 
- Япэрауэ, лъэпкъым теухуауэ фIэщхъуныгъэ уи гум илъын хуейщ: уэ езыр узыщыщыр псом нэхърэ зэрынэхъыфIыр хьэкъыу ппхыкIа нэужь, ар къару лъэщ пхуохъу. «Сыт сэ хабзэри бзэри схъумэн щIыхуейр?» жыбоIэри узоупщIыж. «Ар сысейщи, сегъэдахэри, сегъэлъапIэри, си щхьэр сегъэIэтри!» Аращи, бзэм и IэфIыр унагъуэм щахъумэ. Ди унэм зы дыдыкъуш цIыкIу щIэсщи, абыи фIы дыдэу дыкъыгуроIуэ, гъэфIэгъыбзэ куэди жеIэф. Си анэм адыгэбзэ иригъэщIащ а бзу цIыкIум. «Бзу пэтрэ адыгэбзэкIэ мэпсалъэ, уэ уи адыгэбзэр иджыри тэмэмкъым» - жиIэу йоущие си адэр си дэлъхум, - жеIэ Айшанур. 
- Айшанур яхэтщ Истамбыл адыгэбзэкIэ дерсхэр щезыгъэкIуэкI гупым. 
 - Дерсым къекIуалIэ щIалэгъуалэр сэ згъэгупсысэн щхьэкIэ мыпхуэдэу соупщI: «Фи еджэныр зэфIэкIа нэужь, тхылъыр ивогъэтIылъэкIри, фэ мыбы фи лъэм фыкъахь, зыгуэр щхьэкIэ фыкъокIуэ, сыти жыфIи. Фэ езым къывгурыIуэж-къывгурымыIуэжми, мыбы зы гупсысэ лъапIэ гуэрым фыкъешэри, ар фымыутIыпщ». ХамэщIым анэдэлъхубзэ щызэхэтхыну дыхуеймэ, ар дэ дэлъытыжащ. Бзэр къабзэу зыIурылъ, тхуэзыхъума ди нэхъыжьхэр къытщхьэщымытыж хъужыкъуэмэ, дэращ анэдэлъхубзэр зи анэмэтыр, - яжызоIэ, - къыхегъэщ ди шыпхъум. 
 «Адыгэбзэр адрей бзэхэм нэхърэ нэхъ лъэщ?» - деупщIащ пщащэм. 
- Нэхъ лъэщщ адыгэбзэр - гум илъыр нэхъ ныбохьэсыф зыжепIэм деж. Зы псалъэ закъуэр усэ хуэдэу щызыхэпщIэ щыIэщ. Ди бзэм и кум итщ лъэпкъ тхыдэ! 
ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: