Дыкъуэ деж

Зы гъэмахуэ гуэрым Дзэгъданыкъуэ дыдэту, мэлхэм ядгъэхъун дымыгъуэтыжыххэу, уэгъу Iей къыдэхъулIэгъат. Сэ Хъупсырокъуэ ТIрэхъу тхьэмыщкIэр си мэлыхъуэ гъусэт, ди мэлхэр зэхэдгъэхьауэ дызэдэпщыIэу. 

Дзэгъдан, Дыкъуэ, Адзыгърэ, Кумбыжь, Шылыч, Архъыз - инжыдждэс адыгэхэмрэ абазэхэмрэ я къущхьэхъу хъупIэхэм я цIэщ.
Ди хъушэр зэщIэгъуагэу, дэнэкIэ зыдгъазэми, мылыф гъужа нэхъ дымыгъуэтыжыххэ щыхъум, ТIрэхъу и мэлхэр къызэщIикъуэу къехыжыну сфIытелъэдат. Сэ сечэнджэщ щIыкIэу жесIащ:
- Уэ-э, ТIрэхъу, уогъуащэ! Мыбдеж апхуэдизу щыуэгъукIэ, а уздэкIуэжынур дауэ нэхъыфIын? Абдежым жылэм я жэмыжьхэри, выжьхэри, шкIэхэри зытета хъупIэм ущыгугъыу, Къущхьэхъу уехыжыныр екIукъым. Уи Iэщыр Iисраф пщIынщ, уэри жылэ щIэнакIэ къэпхьынщ! ЦIыхухэр сытынэкIэ къоплъыжын? 
Дауэ мыхъуами, ТIрэхъу мыкIуэжыным къытызогъанэри, сэ ди мэлхэр зымащIэ нэхъ мыхъуми здэтIыгъыфын къэслъыхъуэну къыкIэлъыкIуэ махуэм сожьэ.
Зыкъомрэ къэскIухьа нэужь, Дыкъуэ (Дукка) сызэпрыкIри, зы хуей цIыкIу къэзгъуэтащ, хъуныфIэу. Мыбдеж зыщытIыгъыфынут, зыри къызытедмынэжыху дызытехъухьа Дзэгъданыкъуэ тIэкIу зыкъиужьыжыхукIэ. «Дыкъуэ» зыхужаIэр, ищхьэкIи къызэрыщыхэдгъэщащи, инжыдждэс адыгэхэм я къущхьэ хъупIэщ, ипщэкIэ нэхъ дзауэ. 
ТIрэхъу хуэмеиххэурэ абы здэсшэри дызэпрыкIат, ауэ дыхущIегъуэжатэкъым. 
Ди Iэщи, фащи, ди хьэхэри къуажэм къэнауэ щыIэти, ахэр къишэжыну ТIрэхъу къызогъэхыж. Ауэ здэкIуэжам лIэныгъэ гуэр къэхъури, ТIрэхъу сызэрыпэплъауэ ныдэкIыжыфатэкъым. 
Къамэ фIэкIа нэгъуэщI Iэщэ сымыIыгъыу, гъусэ гуэри симыIэу, а хуейм си закъуэ жэщий-махуийкIэ сисат. А зэманым и кIуэцIкIэ зы сыхьэти IумыкIыу мэл гъунэм зы мыщэжь Iусат. Сэ зыгуэр зэрезмыщIэфынур къищIауэ, мэлхэм къахэIэбэрти, зыхуейр хихыурэ ишхырт. 
Зы лъэныкъуэкIи сегупсысырти, си насып къикIауэ къэслъытэрт, си яужь къихьар зэрымыщэм сыщыгуфIыкIыу. Армыхъуамэ, дыгъужь быным натIэрыуапIэ сыкъащIамэ, мэл хъушэм шэчыншэу дыпыкIат. КIуэ, мыщэр здэщакIуэм дыгъужь кIуэртэкъыми, арат си гурыфIыгъуэр. 
ИтIани, махуэкIэ мыщэжьыр есхужьэрти, къамэ къихар сIыгъыу къесхуэкIырт. Ауэ лъэсу мыщэ бэгъуам улъэщIыхьэнт? ПщыIэ хъуреягъыр къижыхьурэ, дзыгъуэ-джэду зэдэджэгум хуэдэу сригъэзэшырти, сыкIэрыкIыжырт. ЖэщкIэрэ езыр зыхуей дыдэр ищIэрт, пщыIэ хъуреягъым къесщIэкI мафIэри къримыдзэу. Апхуэдэу а махуийм и кIуэцIкIэ а цIапIэжьым мэл пщыкIуз сфIишхат, зыри схуэмыщIэу.
Ауэрэ екIуэкIыурэ, алъандэрэ слъагъуу щыса мыщэжьыр махуэ гуэрым думпу мэбзэх. Уеблэмэ уэздыгъей жьакIэми (мэзыщIэ) сыхыхьэри зысплъыхьат, ауэ згъуэтыжакъым. «Ярэби, мы Тхьэр зэуэным нэгъуэщI мыхъуми сытригъэурт, иджы си закъуэ дыдэ сытезэшыхьынукъэ?» - сигукIэ жысIэу сыщысурэ, мыщэжьыр зэрыбзэхыжрэ зы сыхьэтыфIи дэкIагъэну, «гуоу-чыху!» - жригъэIэу, ТIрэхъуу плъагъур къэсыжащ, фочыжьри и плIэм фIэдзарэ хьэхэри и гъусэу.
Зэрыхъуар арати, мыщэм сэр нэхърэ IэджэкIэ нэхъапэ къищIат ТIрэхъу нызэрыкIуэжри, арат зыщIигъэбзэхыжар. И жагъуэIуэми, абы къыгурыIуагъэнт и тхъэжыгъуэм кIэ зэригъуэтар. Пэжу сэ ар куэдрэ згъэпсэужакъым. Мэлу сфIишхам я къупщхьэхэм хэшхыхьу хэсу срихьэлIэри, абдежым и псэр щыхэзудат. Ар и дэпсэукIэу, сэ тхьэмахуэм щIигъукIэ мыщэжьым сыдекIуэкIат, схуэмыхъуу…
 

 

ШЭРДЖЭС Алий.
Поделиться:

Читать также: