Бзэр хъумэным йолIалIэАдыгагъэ, хабзэ, нэмыс, Iулыдж зыхэлъ дэтхэнэми ди лъэпкъым пщIэ хэха хуищIу игъащIэми къокIуэкI. ЦIыху псэ къабзэщ, пэжыгъэмрэ захуагъэмрэ зи гъуазэщ Къэбэрдей- Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и егъэджакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат, доцент Бозий Наимэ Борис и пхъур. Зи гъащIэр анэдэлъхубзэр хъумэным епхауэ псэу бзылъхугъэр апхуэдэуи хьэл-щэн дахэ зыхэлъщ, гупсысэ шэщIарэ Iуэху зехьэкIэ екIурэ зиIэщ. Наимэ Аруан щIыналъэм хыхьэ Псыгуэнсу къуажэ къыщалъхуащ. Жылэм дэт курыт школми щIэныгъэ нэхъыщхьэрэ IэщIагъэрэ щызригъэгъуэта КъБКъУ-ми фIы дыдэу зэрыщеджам къыдэкIуэу, пщащэр сыт щыгъуи жыджэру хэтащ а IуэхущIапIэхэм щекIуэкI жылагъуэ лэжьыгъэхэм. Апхуэдэу купщIафIэу студент илъэсхэр езыхьэкIа Наимэ и щIэныгъэм аспирантурэм щыхигъэхъуащ и егъэджакIуэхэм я чэнджэщкIэ. ИужькIэ ар университетым уващ студентхэр адыгэбзэмкIэ иригъэджэну.
Поделиться:
Читать также:
01.05.2024 - 13:43 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» зрагъэубгъу
01.05.2024 - 11:18 →
CурэтыщI ныбжьыщIэхэр утыку къохьэ
01.05.2024 - 10:01 →
ЗэчиифIэм и щапхъэ
01.05.2024 - 08:58 →
Дызэкъуэтмэ, дызэрыIыгъмэ...
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
|