Уигу ирихьмэ, зебгъэсэфынущ

Нэмыцэ усакIуэ, драматург, прозаик, философ, щIэныгъэлI Гёте Иоганн Вольфганг Германием щыIэ Франкфурт Iус Майне къалэм 1749 гъэм шыщхьэIум и 28-м къыщалъхуащ. И адэ Гете Иоганн Каспар адвокату щытащ, и анэ Катаринэ Элизабет къалэ старшинам ипхъут.

Гёте и адэр цIыху ткIийт, зэпIэзэрытт, пэжагъ зыхэлът. ЩIэныгъэм зэрыхуэнэхъуеиншэмкIэ, гулъытэшхуэ зэрыхэлъымкIэ, зэрыкъабзэлъабзэмкIэ и адэм ещхь хъужауэ къалъытэрт Гёте. И анэращ зи фIыгъэр щIалэр хуабагърэ гумащIагърэ хуэмыныкъуэу къызэрыхъуар.

Гёте и унагъуэр зыхуей хуэзэу псэурт, библиотекэшхуи яIэт. Абы и фIыгъэкIэ, пасэ дыдэу щIиджыкIащ «Илиада»-р, Овидий, Вергилий, нэгъуэщI усакIуэхэм, тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Унэм кърагъэблэгъа егъэджакIуэм иригъащIэхэм нэмыщI, езыр-езыру куэдым хуеджащ, апхуэдэуи нэмыцэбзэм къыдэкIуэу франджыбзэ, латыныбзэ, алыджыбзэ, итальяныбзэ зригъэщIащ. КъищынэмыщIауэ, Гёте хуэIэзэу щытащ къэфэным, шы тесыным, фехтованием.

Лейпциг университетым щеджащ, 1770 гъэм Страсбург университетыр къиухащ, аращ правэмкIэ и доктор диссертацэр щыпхигъэкIари.

 Юриспруденцэм мащIэт Гёте зэрыдихьэхыр. Лейпциг кIуа нэужь, абы фIыуэ елъагъу Шойнкопф Кэтхен икIи рококо жанрым иту усэ дыхьэшхэн цIыкIухэр хуитхыу щIедзэ. Усэм дихьэха нэужь, нэгъуэщI жанрхэми иролажьэ тхакIуэр икIи произведенэ купщIафIэхэр и Iэдакъэ къыщIокI. Щэнхабзэм и тхыдэр зыдж нэмыцэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Гердер Готфир Иоганн хуэза нэужь Гёте и творчествэм хуабжьу зехъуэж. Страсбург щыдэса лъэхъэнэм тхакIуэ ныбжьыщIэхэм, иужькIэ дуней псом зи цIэр щыIуахэм, гъусэ яхуохъу, и творчествэми зеубгъу. Ауэ и адэм фIэлIыкIырти, юрист IэщIагъэр Iэпэдэгъэлэл ищIакъым, литературэ лэжьыгъэм зыкIи зэран хуэмыхъуу зыкъомрэ къекIуэкIащ.

Урысейм Гёте къыщацIыхуар XVIII лIэщIыгъуэм и кIэуххэрщ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр япэу урысыбзэкIэ щызэрадзэкIар 178I гъэрщ. ТхакIуэм и творчествэм япэу щыгъуазэ защIащ икIи щытхъуащ Радищев Александр, Новиков Николай сымэ. Пушкин и лъэхъэнэм гулъытэ нэхъыбэ хуащI хъуащ нэмыцэ тхакIуэм икIи и IэдакъэщIэкIхэу «Фауст», «Вильгельм Мейстер» жыхуиIэхэр зэIэпахыу щIаджыкIырт.

Гёте Иоганн Вольфганг 1832 гъэм дунейм ехыжащ и ныбжьыр илъэс 82-м иту.

Гёте и Iэдакъэ къыщIэкIа псалъэ Iущхэм ящыщщ мыхэр:

ГъащIэр хьэхущ

Я нэхъ псыгъуэ щхьэц налъэми ныбжь едз.

Зи IэщIагъэм хуэIэзэ цIыхур къызэрыпщIэр ищIэн хуейм и гъунапкъэр къызэрихутэфырщ.

Сэбэпынагъ гуэр къыумыхьу упсэуныр игъуэ нэмысу дунейм уехыжыным хуэдэщ.

Уигу ирихь Iуэхуращ зызэбгъэсэфынур.

ЩIыуэпсым щыIэ псоми я нэхъыфIыр гъащIэращ.

Хахуагъэм зыхуагъасэркъым икIи IэщIыб ящIыфыркъым.

ЦIыхум щахэтым и дежщ цIыхум зыщицIыхужыр.

ГъащIэр хьэхущ, зы медан хуэдиз фIэкIа мыхъуми.

Гъуазджэр псалъэкIэ къыпхуэмыIуатэхэр къэзыгъэлъагъуэ гуэрщ.

Дэтхэнэми къылъыкъуэкIыну лIыгъэр ищIэркъым, ар къыщигъэсэбэпын щIыпIэ имыхуауэ.

Куэдрэ гупсысэм хэкIыпIэфI къыхуэгъуэтыркъым.

Куэдым щыгъуазэм зэманыр зэрыкIуэр нэхъ къохьэлъэкI.

ЩIэныгъэ зэбгъэгъуэткIэ мыхьэнэ иIэкъым, ар къыщыбгъэсэбэпынур умыубзыхуфмэ.

Сытым дежи лIыхъужьу ущытыфынукъым, ауэ цIыхуу укъэнэжыфынущ.

Ухуей къудейкIэ зэфIэкIынукъым, пщIэн хуейщ.

ЦIыхухэм ялъытэр къахуэсэбэпынуращ.

ЩIэджыкIакIуэ мелуан иIэну зимыгугъэм зы сатыри имытхми хъунущ.

ЦIыхум щIэпсэун зы щхьэусыгъуэ нэхъ мыхъуми ептмэ, сыт хуэдэ щытыкIэми къикIыфынущ.

Щыуагъэр нэхъ псынщIэу къыпхуэгъуэтынущ пэжым нэхърэ. Щыуагъэр щхьэфэм телъщи, занщIэу къыболъагъу, пэжыр щIэхъумащи, япэ къэсым къыщIигъэщыфыркъым.

Дохъушокъуэ Синэ.
Поделиться:

Читать также: