Сабийхэм я «Ныбжьэгъу цIыкIу»

Иджыблагъэ дунейм къытехьащ Багъ Марьям сабий IыгъыпIэхэм щыIэ нанухэм щыщIэдзауэ курыт еджапIэм и еплIанэ классым щеджэхэм яхуэгъэзауэ, адыгэбзэ, инджылызыбзэ зэзыгъэщIэнухэм я дэIэпыкъуэгъуу игъэхьэзыра «Ныбжьэгъу цIыкIу» тхылъ щхъуэкIэплъыкIэр.
Тхылъыр бзищкIэ – адыгэбзэ, урысыбзэ, инджылызыбзэ – къыдэкIащ. Абы  ихуа тхыгъэхэм   я сурэтхэмрэ зытеухуа елъытауэ зэщхьэщыхащ. Апхуэдэщ псэущхьэхэм, къуалэбзухэм, гъудэбадзэхэм, псыщIагъым щыпсэухэм, пхъэщхьэмыщхьэхэм, хадэхэкIхэм, мывэ лъапIэхэм, щIыуэпсым, нэгъуэщIхэм ятеухуахэр. КъыжыIапхъэщ, зытеухуа темэ и лъэныкъуэкIэ абы пкъыгъуэ 45-рэ зэрихуар. КъызэщIэпкъуэжмэ, тхылъым псалъэ минищым щIигъу къызэщIеубыдэ.
КъыдэкIыгъуэр дэIэпыкъуэгъу яхуэхъунущ сабий гъэсапIэхэм анэдэлъхубзэ   щезыгъэджхэм. Апхуэдэу яхуэщхьэпэнущ адыгэбзэмрэ инджылызыбзэмрэ зэзыгъащIэ цIыкIухэм. Лэжьыгъэм хагъэхьа сурэтхэр и Iэдакъэ къыщIэкIащ Марьям ипхъу, зи IэщIагъэкIэ дизайнер ГъущIапщэ-Къандур Томэ. Тхылъым инджылызыбзэкIэ ихуа псалъэхэм я редакторыр Къандур Язанщ.
- Адыгэбзэр гъэлэжьэным, нэхъыбэрэ къэгъэсэбэпыным хуэфащэ гулъытэ хуэтщIмэ абы къытхуимыгъэтIэсэн, анэдэлъхубзэкIэ тхужымыIэн псалъэ щыIэкъым. Лэжьыгъэм щIэдзапIэ хуэхъуар хамэ къэрал щыпсэу си пхъурылъху цIыкIум адыгэбзэр Iурылъу къэгъэхъунырщ, - жеIэ Марьям. – Сабий IыгъыпIэхэр гъэр икIыху ирилэжьэфыным тесщIыхьащ лэжьыгъэр. Тхылъым и бжыгъэр зэрымащIэм къыхэкIыу иджыри псоми яIэрыхьакъым. Республикэм и школ библиотекэхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ къыдэкIыгъуэмкIэ къызэзгъэпэщыну си хъуэпсапIэщ.
Тхылъыр къыдэгъэкIыным ахъшэ куэд текIуэдащ. АбыкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ КъБР-м и Iэтащхьэу щыта политик цIэрыIуэ, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыбгъэдэкIыу сенатору щыIэ, Федеральнэ Советым Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и комитетым и Iэтащхьэм и къуэдзэ, ЩIДАА-м и президент къалэнхэр зыгъэзащIэ  Къанокъуэ Арсен.

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: