Адыгэ хъыджэбзымрэ балъкъэр щIалэмрэ Голливудым спектакль щагъэувКуэдым яцIыху актёрхэу Кулиев Алимрэ Жэман Iэминэрэ иджыблагъэ спектакль гъэщIэгъуэн ягъэуващ. Stephanie Feury Studio Theatre камернэ пэш иным абыхэм утыку къыщрахьащ «ЛIэныгъэм зэпэIэщIэ дищIыху» фIэщыгъэм щIэт теплъэгъуэ. Абы и режиссёрри продюсерри Алимщ, спектаклыр ди зэманым хуэкIуэу зыгъэхьэзырар Iэминэщ. Я хъыбар зэрыщIэми, Кулиев Алимрэ Жэман Iэминэрэ зэи зэрихьэлIатэкъым. ФейсбукымкIэ зэрыцIыхуу, я мурадхэмкIэ зэдэгуэша иужькIэ, тегушхуэри спектаклым елэжьын щIадзащ, репетицэхэр Skype-кIэ ящIащ. ИтIанэ мазэкIэ Лос-Анджелес зыщагъэсащ. А тIум я закъуэ фIэкIа спектаклым зэрыхэмытым куэдкIэ тынш ищIырт Iуэхур.
Поделиться:
Читать также:
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
|