ХэкулI хахуэ

Гур здэкIуэм кIуэфыр лIыфIщ, жиIащ пасэрей адыгэм. ЛIыфIым къыщымынэу, абы насып къызэрыдэкIуэри, гупсэхугъуэрэ берычэтрэ къызэрыпэкIуэри щынэрылъагъущ Тыркум къыщалъхуа, зи адэжь щIыналъэм къэкIуэжауэ тыншу щыпсэу Къетыкъуэ Мухьэрэм и гъащIэм. Хэхэсыныр зи натIэ хъуа адыгэ мелуанхэм ящыщт Мухьэрэм. И натIэ къритхар арами, Тхьэм фIыуэ илъэгъуахэм я бжыгъэм хэтти, хэкужьым унагъуэ щыхъужыну, и щхьэ Iуэху щызэрихуэжыну, лажьэу-шхэжу и гъащIэр щрихьэкIыну къыхуэупсэжащ. 
АтIэми, адэжь щIыналъэм къызэрыкIуэжа гъуэгур тыншу икIи кIэщIу щытауэ пхужыIэнукъым. НыбжькIэ щIалэ дыдэу къэкIуэжыну мурад ищIами, а пIалъэр къэмысу къезышэжьэжа щхьэусыгъуэшхуэ иIащ. 
Езыр I965 гъэм Тыркум и къухьэпIэ лъэныкъуэм щыIэ Эскешехир къалэм къыщалъхуащ. А лъэхъэнэм абы дэс адыгэхэм я насып къихьауэ къалъытэрт Эскешехир къызэрыщалъхуар, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адыгэ нэхъыбэ зыдэс къалэу Тыркум итхэм язт. Адыгэ къуажэхэм щыпсэуа унагъуэхэм я щIэблэм къызыхэкIар ящIэжу, я анэдэлъхубзэр яIурылъу къэхъурт. ЩIыпIэр пхыдзами, уи лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр щыпхъумэжыфырти, абыкIэ я гур ягъэфIырт ди лъэпкъэгъухэм. Абы и лъэныкъуэкIэ я Iуэхур нэхъ гугъут къалэдэсхэм. НэгъуэщI лъэпкъхэм укъаухъуреихьу уи быныр адыгэбзэкIэ псалъэу, хабзэм тету бгъэсэныр гугъут. Гугъум къыщымынэу, ар зэрыпхузэфIэмыкIынум и щыхьэту щапхъэ куэд къыпхуэхьынущ, хамэщI нэс умыIэбэми... ИтIани, укъэзылъхуар хэкупсэ, лъэпкъыпсэу щытмэ, уэри абыхэм ещхь уохъуж. Мухьэрэм и адэ-анэм  щIалиплIрэ зы хъыджэбзрэ яIэт, я анэшхуэр я жьантIэм дэсти, езыхэм я адыгэ дуней яIэжу къэхъурт. 
- Абы щыгъуэм диIа берычэтымрэ унагъуэм илъа хабзэмрэ зыхуэбгъадэ хъун щыIэкъым. Иджыри къыздэсми, срихьэлIакъым, - игу къегъэкIыж Къейтыкъуэм. – ЕтIуанэрауэ, Алыхьым и фIыщIэу къызолъытэ сэ сыкъызыхэкIа лъэпкъым урибыну ущытыныр, адыгэу укъалъхуныр. Насыпу гъащIэр къызэрысхуэупсам я нэхъыщхьэр аращ. Ар къыщыбгурыIуэр балигъ ухъуа нэужькIэщ, адрей лъэпкъхэм уахэсрэ, зебгъапщэу укъыщыхъум дежщ. 
Укъыщалъхуами ущапIами емылъытауэ, адыгэгу пкIуэцIылъмэ, адыгэ цIыху нэс узэрыхъур хьэкъыу уи фIэщ ещIыф Мухьэрэм. Эскешехир къалэм дэс тыркухэр и дэджэгуэгъуу къэхъу щIалэ цIыкIум зы махуи щыгъупщакъым езыр зэрыадыгэр. Апхуэдэу къагъэхъуащ ар и адэ-анэм. 
«Си къуэш нэхъыжь дыдэмрэ си шыпхъумрэ адыгэбзэр фIыуэ ящIэрт. Дэ, нэхъыщIэхэр, тыркубзэм нэхъ дыхуэшэрыуэт. Илъэси 5-6 ди ныбжьу уэрамым дыджэгуу дыщыдэтым, ди ныбжьэгъухэм дарещхьтэкъым дэ. Ди адэ-анэм къекIумрэ къемыкIумрэ, хабзэмрэ абы къемызэгъымрэ махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу къытхутепсэлъыхьырти, абы дызэрытетыным иужь дитт. Ауэ щыхъукIи, ди ныбжьэгъухэм сыт ящIэми хъурт, абыхэм а псори къыхуадэрт. Мис ар къыдгурыIуэртэкъым абы щыгъуэм. Ауэ зы псалъэ закъуэм - уэ уадыгэщ -жыхуиIэм дыкъигъэувыIэрт. 
Сэ сытым дежи жызоIэ, бзэракъым нэхъыщхьэр! Нэхъыщхьэр гуращ! Алыхьым апхуэдэгу, апхуэдэ щхьэ, апхуэдэ гупсысэ къыдитати, адыгэу дыкъызэтенэфащ, ди анэдэлъхубзэр зэдгъэщIэфащ, дызыхэт тыркухэм ядэтлъагъу хабзэм дытехьакъым, дэ езым ди дуней тетыкIэ диIэжащ сыт щыгъуи – дыджэгуу уэрамым дыщыдэтми, дылажьэу балигъхэм дащыхэтми. 
Ди адэр губзыгъэт, бын гъэсэныгъэмкIэ ткIийт. ФэрыщIыгъэ илътэкъым ди унагъуэм. Абы дигъэтIысырти, дыкъызыхэкIа лъэпкъыр зыхуэдэм къытхутепсэлъыхьырт. Хъунумрэ мыхъунумрэ къыдгуригъаIуэрт. ДыпсэухукIэ фIыщIэ хуэтщIынущ абы къыдбгъэдилъхьа псом щхьэкIэ. 
Школым кIуэн щыщIэддзам ди зэхэщIыкIыр зэфIэувакIэт. Абы ущыщIэтIысхьэжкIэ, япэу еджакIуэхэр къыщызэхуэсыжым деж, зы къыхуеджэныгъэ жаIэрт: «Сэ сытыркущ, Тыркум сыхуэпэжщ!». Сэ фIыуэ седжэрт, нэхъ жыджэрхэм сащыщт, еджапIэм си къалэн псори фIыуэ щызгъэзащIэрт. Ауэ а къыхуеджэныгъэр жысIэну си гум зэи къысхуидакъым. Ар къэспсэлъын хуейуэ си чэзур къыщысам, «сэ апхуэдэу жысIэнукъым, сэ сытыркукъым», - жысIэри псалъэмакъ къэсIэтауэ щытащ. Си адэр ираджат школым, ауэ ар си телъхьэу дыкъэкIуэжащ. ИужькIи, тыркур апхуэдэу щыкIийм деж, сэ сигукIэ «сэ сышэрджэсщ» жысIэ зэпытт. Тыркум сыщыпсэуху тырку ныбжьэгъу сиIакъым зэи. Адыгэт си гъусэхэри, си ныбжьэгъухэри, сызыдэлажьэхэри.
I974-I979 гъэхэм хэкум къакIуэ-кIуэжыр нэхъыбэ хъуат, тхылъ, журналхэр нахьырт. Хэкум щыхъыбархэр, дызэджэнухэр къытIэрыхьэ хъури, дыкъызыхэкIа лъэпкъым худиIэ пщIэр, зыхэщIыкIыр нэхъри бэгъуащ. 
Хасэм кIуэн щIэздзащ, илъэс I4-м ситу, ансамблым сыхыхьащ. Пасэу лэжьыгъэми сыпэрыхьащ, иджыпсту зи ужь сит хьэрычэт Iуэхур абы щыгъуэм езгъэжьащ. Ухуэныгъэ Iуэхухэм сыщыхыхьам махуэм тыркухэм пщIэкIэ сахуэлажьэрт, жэщым адыгэхэм, абхъазхэм я унэхэр пщIэншэу яхузесхьэрт. Адыгэ щIалэ гупыфI дызэныбжьэгъути, дызэгурыIуащ, ахъшэ къэдлэжьыр зыхэтлъхьэу хэкум дызэрыкIуэжын автобус къэтщэхуу гъуэгу дыкъытеувэжыну. Абы щыгъуэм, I99I гъэм, си къуэш нэхъыжь дыдэр къэкIуэжауэ щыпсэурт мыбы. ИкIи адэжь щIыналъэми дыщыпсэуфыну, дыщылэжьэфыну зэрыщытыр къызжиIэурэ сытригъэгушхуауэ сыкъыхуеIэрт. 
Лъэпкъым, хэкум и пащхьэ щиIэ къалэныр игъэзащIэу, и анэдэлъхубзэмкIэ псалъэу, и лъэпкъэгъухэм яхэту, хабзэр зэрихьэу тыншу Тыркум ис пэтми, Мухьэрэм игури и псэри здэщыIэр Къэбэрдейрт. Хамэ щIыналъэм къыщилэжь ахъшэми, ухуакIуэ лъэрызехьэм къыхуащI пщIэми, бзэкIи, къэрал хабзэкIи хэзагъэми, ар а щIыпIэм зыми щиIыгътэкъым, и хэкужьыр къеджэрти. 
Сыт хуэдиз гугъуехь иримыхьэлIами, лъэпощхьэпо Iумыуами къикIуэтакъым Мухьэрэм. И узыншагъэри адэжь хэкум щызэфIигъэувэжащ, и тхылъ Iуэхухэри зэфIигъэкIащ, хьэрычэт Iуэху ин къыщызэIуихащ, игурэ и щхьэрэ зэтелъу лъэ быдэкIэ хэку гъащIэм хэувэжащ. Тыркум щызэригъэгъуэта IэщIагъэмрэ хьэрычэт Iуэхумрэ мыбдежи къыщегъэсэбэп, зы махуэ зыгъэпсэхугъуи имыIэу мэлажьэ. Нэхъыщхьэращи, унагъуэ дахэ хъуащ. Джэрмэншык щыщ ЛIупхэ я пхъур щхьэгъусэу къишэри, пщащитIи зэдагъуэтащ. Хъыджэбзхэм адыгэ пщащэ нэс къищIыкIащ, ехъулIэныгъэфIхэр яIэу курыт еджапIэр къаухащ. Зым урысыбзэмкIэ ита ЕГЭ-мкIэ - балли I00, адрейм урысыбзэмкIи инджылызыбзэмкIи балли I00 къахьащ. Ахэр иджыпсту Тыркум и университет нэхъыфIхэм щоджэ. 
Хамэ хэку ущытхъэ нэхърэ, уи хэкужь уисыжмэ зэрынэхъыфIым и щыхьэтщ Къетыкъуэхэ я унагъуэр. ПсыхэкIуадэ хъуакъым Мухьэрэм и нэхъыжьхэм къыхалъхьамрэ зэрагъэсамрэ. А псори гъащIэм дахэу хипщэфащ, нэхъыщхьэрати, езым и гур здэкIуэм и лъэр нихусыфри, къуэпс быдэу адэжь лъахэм щыхэкIэжащ. 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: