И мыхьэнэр сыт щыгъуи инщ

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ аук­ционкIэ, зэхьэзэхуэкIэ ящэ-къащэхум ехьэлIа Iуэхухэр Къэ­бэрдей-Балъкъэрым къызэры­щызэрагъэпэщым.
 
ЗэIущIэр КъБР-м и Парламентым Экономикэ политикэмкIэ, зыу­жьыныгъэмрэ хьэрычэт Iуэху­хэмкIэ и комитетым и жэрдэмкIэ ирагъэкIуэкIащ. Абы хэтащ ­КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщ­хьэмрэ суд IуэхущIапIэхэмрэ щыIэ ДыщэкI Мадинэ, депутатхэр, республикэм и министерствэхэм я лэжьакIуэхэр, IэщIагъэлIхэр. 
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, ­К­ъ­БР-м и Парламентым Эконо­микэ политикэмкIэ, зыужьыны-гъэм­рэ хьэрычэт IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Iэпщэ Заур жиIащ къаIэта Iуэхум сыт щыгъуи и мы­хьэнэр зэрыиныр, я нэIэ зэ­рыт­рагъэтыпхъэр.
- Мы Iуэхур нэгъуэщI щIыналъэ­хэм къызэрыщызэрагъэпэщми зэпы­­мыууэ дыкIэлъоплъ, хабзэ и лъэныкъуэкIэ ар зэредгъэфIэ­кIуэнуми дыхущIокъу. Ауэ, къыхэгъэщыпхъэщ, абы хэт лъэныкъуэ псоми - къэралми, щэн-къэщэ­хуныр къызэзыгъэпэщхэми, хьэ­ры­чэтыщIэхэми - я Iуэху еплъы­кIэр зэтебгъэхуэныр зэрыгугъур. Псом хуэмыдэу щхьэж и Iуэху дигъэкIыным пылъу Iулъхьэ ятыну зэрыхэтым дыкIэлъыплъыпхъэщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, щэн-къэщэ­хуныр зэрырагъэкIуэкI мардэхэр къыщыгъэлъэгъуауэ мы зэма­ным хабзэ гъэбелджылауэ 50-м щIигъу диIэщ, - къыхигъэщащ Iэпщэм.
Федеральнэ антимонопольнэ IэнатIэм и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Къумахуэ Аннэ тепсэлъыхьащ IуэхущIапIэм и пщэрылъхэр зыхуэдэмрэ ахэр зэрагъэзащIэмрэ. Абы зэры­жиIам­кIэ, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щрагъэкIуэкI щэн-къэ­щэ­хуныр къызэрагъэпэщ ЩIым, Мэзым теухуа хабзэхэм тету. Ахэр ирагъэкIуэкI Къэрал мылъкур зыгъэлажьэ федеральнэ агентствэм и щIыналъэ управленэу КъБР-м щыIэм, республикэм ЩIы, мылъку IуэхухэмкIэ, ЩIы­уэпс хъу­гъуэ­фIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и ­министерствэхэм, районхэм я щIыпIэ администрацэхэм. 
- «Урысей Федерацэм и хабзэ щхьэ­хуэхэмрэ УФ-м и ЩIы Кодек­сымрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъ­хьэным теухуауэ» Федеральнэ Законым и 34-нэ статьям и 7-нэ Iыхьэм къару имыIэжу къэ­лъы­тэным, УФ-м и ЩIы Кодексым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и   Iуэ­ху­кIэ» Федеральнэ закон № 385-ФЗ-м (2022 гъэм жэпуэгъуэм и 7-м къыдагъэкIам) ипкъ иткIэ, 2023 гъэм гъатхэпэм и 1-м щегъэжьауэ щэн-къэщэхуным е щIы Iыхьэхэр бэджэнду тыным (къэрал мылъкуу щытхэр) ехьэлIа аукционхэр  электроннэу ирагъэ­кIуэкI. Зэхьэзэхуэхэр зэрырагъэ­кIуэкIам ныкъусаныгъэ къыхэкIамэ, Федеральнэ антимонополь­нэ IэнатIэм и управленэу ­КъБР-м щыIэм апхуэдэ Iуэхухэр къепщытэ «Сатур зыIэщIэлъхэм я Iуэху еплъыкIэхэр хъумэным ­теухуауэ» Федеральнэ закон №135-м тету, - жиIащ Къумахуэм.
Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, 2024 гъэм и япэ мазищым IуэхущIапIэр апхуэдэ тхьэусыхафэу 13-м хэплъащ: 6-м ирагъэгъэзэжащ дэфтэрхэр тэмэму зэрамыгъэхьэзырам, и чэзум зэрырамытам къыхэкIыу. Зэрызыхуагъэза Iуэхуищым теу­хуауэ аукционхэр къызэзыгъэпэщахэм я лэжьыгъэр зэрагъэзэкIуэжын хуейр хуатхащ, ахэр зи пщэ илъахэр административнэ жэуапым ирашэлIащ. 
ЗэIущIэм къызэрыщыхагъэщамкIэ, гугъуехьхэр нэхъыбэу къызыхэкIыр щэн-къэщэхуныр къызэрызэрагъэпэщ жыпхъэ­хэмрэ абыхэм зэрыхэт мардэ­хэмрэ языныкъуэхэм ткIийуэ зэ­рыщытырщ, зэхьэзэхуэр зэре­кIуэкIынум и пIалъэхэр и чэзум къызэрырамылъхьэрщ, хабзэхэр къызэпауду, аукционыр емы­кIуэкIауэ щIы Iыхьэхэр бэджэнду зэратымкIэ зэгурыIуэныгъэ иращIылIэну иужь зэрихьэрщ. 
КъБР-м щIы, мылъку IуэхухэмкIэ и министр Тохъу Аслъэн жиIащ 2023 гъэм къэрал мылъкум щыщ зэращэм теухуауэ Iуэ­хугъуэ 42-рэ зэрырагъэкIуэкIар. Абыхэм япкъ иткIэ, зэгурыIуэныгъэу 24-рэ зрагъэхъулIащ. ЩIы Iыхьэ бэджэнду зэратым теухуа-уэ зэгурыIуэныгъитIым, къэрал мылъкум щыщ бэджэнду тыным епхауэ 7-м Iэ щIадзащ. 
Къэрал мылъкур гъэлэжьэ-нымкIэ федеральнэ агентствэм и щIыналъэ управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Мэкъуауэ Аскэр къыхигъэщащ 2023 гъэм щIы Iыхьэу 25-рэ бэджэнду зэратым теухуа зэгурыIуэныгъэхэм (къуэдыхэри хэту федеральнэ бюджетым сом мелуан 39-рэ мин 497-рэ къыхуихьу) IуэхущIапIэр зэрелэжьар . «2023 гъэм къатхьэкъуа мылъкуу 232-рэ зэращэм теухуа тхыгъэу 43-рэ хэIущIыIу тщIащ, ахэр гъэзэщIэным къыпэкIуащ зы мелардрэ мелуан 251-м щIигъу», - дыщIигъуащ къэпсэлъам.
КъаIэта Iуэхур къызэрызэрагъэпэщым къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ Аруан районым мылъку, щIы IуэхухэмкIэ, мэкъумэш IэнатIэмрэ щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ и къудамэм и унафэщI Бекъшокъуэ Идар. 
ЗэIущIэм щыжаIахэр къэлъы­тауэ, щIыналъэ унафэщIхэмрэ щIыпIэ унафэр зезыхьэ IэнатIэхэмрэ гу зылъатапхъэхэр ягъэбелджылащ. 
БАГЪЭТЫР  Луизэ.

Поделиться: