Сабии 170-рэ кърагъэблэгъащ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек и унафэкIэ республикэм кърагъэблэ­гъащ Белгород областым щыщ ныбжьыщIи 170-рэ.

Украинэм IэщIэкIэ зэщIэузэда и къарухэр зыхэуа щIыпIэм щыпсэу цIыкIухэм зыщагъэпсэхунущ «Лэгъу­пыкъу» республикэ сабий центрым. Сабийхэм зыхуей хуэзэу загъэпсэхунымкIэ, я узыншагъэр зэфIагъэувэ­жынымкIэ мы IуэхущIапIэм щытыкIэ псори къы­щы­хузэрагъэпэщащ.

Поделиться: