ЦIыху мин 74-м щIигъум дэIэпыкъуныгъэр яIэрыхьащ

Сабий къызыхэхъуа унагъуэм мазэ къэс къэралым зэрызыщIигъакъуэ ахъшэр зэрагъэбелджылым щытеп­сэ­лъыхьащ КъБР-м и Парламентым Лэ­жьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и зэIущIэм.

Абы хэтащ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и УнафэщIым и къуэ­дзэ Жанатаев Сэлим, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэмрэ суд IуэхущIапIэхэмрэ щыIэ ДыщэкI Мадинэ, депутатхэр, КъБР-м ЦIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ социальнэу хъумэнымкIэ и IэнатIэм и ­къудамэхэм я унафэщIхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ. 
КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI Къэжэр Хъусен зэIущIэр къыщызэIуи-хым, жиIащ республикэм и мызакъуэу, къэрал псоми мы зэманым гулъытэшхуэ зэрыщыхуащIыр унагъуэмрэ сабийхэмрэ защIэгъэкъуэным.
- УФ-м и Президентми КъБР-м и Iэтащ­хьэми гъэ къэс я Зэрызыхуагъазэм къы­щыхагъэщ къэралыр унагъуэхэм зэры­дэIэпыкъу Iэмалхэр зэпымыууэ егъэ­фIэкIуэн зэрыхуейр. Ар сэбэп хуохъу ­къалъхум и бжыгъэр нэхъыбэ  хъуным, - къыхигъэщащ къэпсэлъам. 
Унагъуэм сабий къыхэхъуа нэужь, мазэ къэс зэрызыщIагъакъуэ ахъшэр зэратым теухуауэ къэпсэлъащ УФ-м Пенсэмрэ ­социальнэ страхованиемкIэ и фондым и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Дыкъынэ Заремэ. Абы зэрыжиIамкIэ, зи гугъу ящI Iуэхум теухуауэ IуэхущIапIэм нэгъабэ зэрызыхуагъазэ тхы­гъэу мини 198-м нэблагъэ къы­Iэрыхьащ: мини 165-м щIигъур щрагъэтхащ Къэрал, муниципальнэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ порталым, 17 593-р - ­КъБР-м Къалэн куэд щагъэзащIэ и центрхэм. Езы фондым зыхуэзыгъэзар цIыху мин 15-м щIегъу. IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэр махуипщI пIалъэм къриубыдэу зыкъызэрыхуагъэзам и процент 98-м хэплъэфащ.
Зи дэфтэрым хэплъахэр цIыху 89 692-рэ мэхъу. Абыхэм ящыщу мин 74-рэ 580-м дэIэпыкъуныгъэр иратыну арэзы техъуащ, мин 15-м я лъэIур щхьэусыгъуэ зэхуэ­мы­дэхэмкIэ хуащIакъым.  
- Зи дэфтэрхэр пхымыкIахэм я щыщIэ­ныгъэхэр ягъэзэкIуэжурэ щIэрыщIэу сыт хуэдизри зыкъытхуагъазэ мэхъу. Аращ къызыхэкIар 2023 гъэм зыкъызэрыт­хуагъэза тхыгъэхэм я бжыгъэр щIэкуэдар, - къыхигъэщащ Дыкъынэм.
Къэрал дэIэпыкъуныгъэр зрамытхэм щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хуэхъур уна­гъуэм ику ит и хэхъуэр щIыналъэм ущыпсэун ­папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу узыхуейм нэхърэ нэхъыбэу зэрыщытырщ, къохъу дэф­тэрхэр иримыкъуу е и пIалъэм фIэкIауэ щат, IэнатIэ зэрыIутыр къыщамыгъэлъагъуэ, банкхэм хэлъ я хэхъуэр  щаущэху.
Сабий къызыхэхъуахэм зэрызыщIагъакъуэр иратыным 2023 гъэм текIуэдащ сом мелард 20-м щIигъу. 2024 гъэм и япэ мазитIым фондыр хэплъэну хунэсащ зыкъызэрыхуагъэза тхыгъэ мин 48-рэ 119-м. АхъшэмкIэ зыщIагъэкъуэну хуатхащ сабий мин 45-рэ 755-мрэ цIыхубз уэндэгъу 1307-мрэ. 
КъБР-м и Правительствэм 2023 гъэм фокIадэм и 18-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, 2024 гъэм урипсэун папщIэ ­нэхъ мащIэу узыхуей ахъшэр сом 16 535-рэ хъууэ (сабийхэм ейр - сом 17 440-рэ)  республикэм щагъэбелджылащ. Аращ къэ­рал дэIэпыкъуныгъэр нэхъыбэ щIыныр къы­зыхэкIари.
Къэралыр зыдэIэпыкъу унагъуэхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым зи щхьэ хуэлэжьэжу зыщезыгъэтхахэр - цIыху 122 137-рэ, IэнатIэ Iутыр - цIыху  118 267-рэ, хьэрычэтыщIэхэр цIыху 11 284-рэ мэхъу. 
Сабий зыпI унагъуэхэм мазэ къэс зэрызыщIагъакъуэ ахъшэр и чэзум ятын папщIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм социальнэ ахъшэхэр ты­нымкIэ и департаментым и унафэщI Ксанаев Мухътар. 
Абы зэрыжиIамкIэ, 2024 гъэм къэрал дэIэпыкъуныгъэмкIэ цIыхухэр къызэрагъэпэщыным сом мелард 28-рэ мелуан 946,9-рэ трагъэкIуэдэнущ. Абы щыщу республикэ ахъшэу фондым и бюджетым иритынур сом зы мелардрэ мелуан 447,3-рэ мэхъу.  
Къэжэр Хъусен жиIащ дэIэпыкъуныгъэр къыщIрамытым и щхьэусыгъуэр зэхагъэкIыну хуейуэ КъБР-м и Парламентым зыхуэзыгъазэхэр зэрыщыIэр. Депутатыр щIэупщIащ а Iуэхухэм цIыхухэр зэрыщагъэгъуазэ щIыкIэм.
Дыкъынэ Заремэ жиIащ илъэси 8-м къыщыщIэдзауэ 17-м нэс зи ныбжь сабийхэр зиIэ унагъуэ хуэмыщIахэм 2022 гъэм зыщIагъэкъуэн щыщIадза къудейм зэ­рылажьэ программэр и кIэм нэсу зэхагъэувауэ зэрыщымытар икIи зыхуэзы­гъазэхэм жэуап зэрыхуагъэхьыжым и бжыгъэр мащIэу къызэрыщIэкIар. 2023 гъэм щегъэжьауэ IэщIагъэлIхэм Iэмал яIэ хъуащ Iуэхум теухуауэ къащта унафэр зыхуэдэр программэм щрагъэувэжкIэ щхьэусыгъуэри къагъэлъэгъуэну. Апхуэ­дэуи къохъу къратыжа жэуапым езы цIыхум гу щылъимытэ.  
Жанатаев Сэлим жиIащ УФ-м Пенсэмрэ социальнэ страхованиемкIэ и фондым и къудамэу КъБР-м щыIэр зэрызэгуа­гъэхьэжрэ и лэжьыгъэм арэзы укъы­зэрищIыр. 
ЗэIущIэм щыжаIахэр къэлъытауэ, зэлэ­жьыпхъэхэр ягъэбелджылащ.
КъБР-м и Парламентым и 
пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться: