05.03.2026, 15:26 - Спорт

Мы гъэм и мазаем Бахъсэн къалэм и спортсменхэр зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэтащ икIи абыхэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрагъэхьащ. Псалъэм къыдэкIуэу, Налшык къалэм и «ЛФЛ Арена» стадионым щекIуэкIащ КъБР-м и ЩIымахуэ кубокыр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэм и кIэух зэпеуэр, 8х8 жыпхъэм тету. Бахъсэн и «Автозапчасть» командэр абы щыIущIащ Прохладнэ щIыналъэм и Алътуд къуажэм и «Искра-Алътуд» клубым икIи зэIущIэм и бжыгъэр 4:0-у абы къыфIихьащ. ЩIымахуэ кубокыр зи Iэрылъхьэ бахъсэндэсхэм я тренерыр ПщыхьэщIэ Тимурщ.

05.03.2026, 12:14 - Жылагъуэ

Ди щIыналъэм хабзэ щыхъуауэ щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ жыгыщIэхэр щагъэтIыс, щхъуантIагъэр нэхъыбэ щащI. Налшык къалэм ухуэныгъэшхуэхэр зэрыщекIуэкIым къыхэкIыу, къэкIыгъэр зыхэпщIэу мащIэ зэрыхъур, лажьэ зимыIэ жыг узыншэхэр ираупщIыкIыурэ IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я гупэхэр зэрагъэдахэр цIыхухэм щIэх-щIэхыурэ къызыпхагъэIукIыу зэхэпхынущ. Апхуэдэу щыт пэтми, къалэ унафэщIхэр хущIокъу щыхьэрым и хъыбарыфIыр щIыпIэ жыжьэхэм нэзыхьэса щхъуантIагъэр нэхъ мащIэ зэрымыхъуным. Аращ зытеухуар иджыблагъэ Налшык къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм къыхилъхьа жэрдэм щIагъуэри.

05.03.2026, 12:11 - Жылагъуэ

«Школа без опасности» ассоциацэм и СРО-м и президент Саминский Сергей Бэч Рузанэ къыхуигъэфэщащ фIыщIэ тхылърэ ахъшэ саугъэтрэ. Ар къыпэкIуащ и къалэнхэр нэсу, набдзэгубдзаплъэу зэрырихьэкIым.

04.03.2026, 20:39 - Махуэгъэпс

ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсым и махуэу гъатхэпэм и 3-р ягъэувынымкIэ унафэр къыщащтар ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 2013 гъэм дыгъэгъазэм и 20-м иригъэкIуэкIа и зэхуэсыщхуэрщ. 

04.03.2026, 18:34 - Тхыдэ

Адыгэхэм апхуэдизкIэ тхыдэ куу яIэщ, ар лIыхъужьыгъэкIэ гъэнщIащи, сыт хуэдэ зэманми ди лъэпкъым къытетхыхьу, ар яфIэтелъыджэрэ, яфIэгъэщIэгъуэну щытащ. Абыхэм я щапхъэ зыбжанэ къыдохь зэддзэкIауэ.

04.03.2026, 13:19 - Жылагъуэ

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ 2026 гъэм зэIузэпэщ ящIынущ Шэджэм щIыналъэм цIыхухэр куэду щызэхуэс, зыщагъэпсэху и щIыпIэхэр.

03.03.2026, 15:00 - Спорт

Урысей Федерацэм боксымкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Фархутдинов Виктор я пашэу тренер гуп иджыблагъэ щыIащ Щхьэлыкъуэ къуажэм и спорт базэм. ХьэщIэхэм зрагъэлъэгъуащ нэгъабэ а жылэм къыщызэIуаха, спорт лIэужьыгъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ -гимнастикэмкIэ, боксымкIэ, дзюдомкIэ, нэгъуэщIхэмкIи - зэхьэзэхуэхэр щебгъэкIуэкI хъуну комплексымрэ волейболым, футболым, баскетболым хуэщIа стадионымрэ, ахэр Iэмэпсымэхэмрэ оборудованэхэмкIэ къызэрызэгъэпэщар.

03.03.2026, 13:24 - Жылагъуэ

Хэкупсагъэр щIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ яхэлъхьэным, къэралым ис цIыхухэр къыщалъхуа щIыналъэм хуэпэжу псэуным теухуа Iуэхугъуэ мин 43-м щIигъу иригъэкIуэкIащ «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондыр къызэрызэрагъэпэщрэ.

03.03.2026, 13:16 - ЩIалэгъуэ

Анэдэлъхубзэхэм я дунейпсо махуэм хуэгъэпса «Лъэпкъыр зымыгъэкIуэдыр и бзэрщ» Iуэхугъуэр щрагъэжьащ КъБКъУ-м. Ар къызэрагъэпэщащ ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ адыгэ щэнхабзэмкIэ центрымрэ Отаров Керим и цIэкIэ щыIэ балъкъэр щэнхабзэмкIэ центрымрэ.

03.03.2026, 13:05 - Махуэгъэпс

«ТхакIуэхэм я дунейпсо махуэ» зыфIащар 1986 гъэ лъандэрэ ЩIы Хъурейм тет къэралхэм я нэхъыбапIэм ягъэлъапIэ. Литераторхэм, редакторхэм, журналистхэм, тхакIуэхэм, тхылъеджэхэм гулъытэ хэха щыхуащI махуэр гъатхэпэм и 3-м трагъэхуащ. 

02.03.2026, 15:43 - ЩIалэгъуэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым архитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ и институтым щеджэхэр иджыблагъэ Краснодар къалэм къыщызэрагъэпэща архитектурэ зэпеуэм хэтащ.

02.03.2026, 13:11 - ЩIалэгъуэ

Мазаем и 21-м ди къэралым щагъэлъапIэ Экскурсоводым и дунейпсо махуэр. Абы ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым МенеджментымкIэ, туризмэмрэ хьэщIагъэ индустриемкIэ и институтым экскурсие гъуэгухэмкIэ зэпеуэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. «ХьэщIэщ Iуэху», «Туризм» унэтIыныгъэхэм, абы пыщIа IэщIагъэхэм щыхурагъаджэ къудамэхэм я студентхэм лэжьыгъэ 25-м щIигъу кърагъэхьат зэхьэзэхуэм, ауэ кIэух Iыхьэм нэсар проектибл къудейщ.

02.03.2026, 13:00 - Жылагъуэ

УФ-м и Правительствэм и къалэн нэхъыщхьэхэм хохьэ мэкъумэшыщIэхэм защIэгъэкъуэнымрэ мэкъумэш техникэ паркхэр къэгъэщIэрэщIэжынымрэ. Абы къыхэкIыу, 2026 гъэм ахэр зыхуэныкъуэну машинэхэмрэ обрудованэхэмрэ къращэхун, абы и уасэр зэрыхудачых лизинг IэмалкIэ иужькIэ иратыжын папщIэ, къэралым и бюджетым сом мелардитI къыхэкIынущ. Апхуэдэ унафэм Iэ щIидзащ Мишустин Михаил.

24.02.2026, 12:59 - Спорт

Краснодар крайм щыIэ «Сириус» щIыналъэм щекIуэкIащ УФ-м тхэквондомкIэ (ИТФ – Олимп джэгухэм хэмыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы щызэпеуащ спортсмен балигъхэри, щIалэгъуалэри, ныбжьыщIэхэри.

24.02.2026, 12:56 - Спорт

«Асатрян Арарат и фэеплъ Кубок» фIэщыгъэр зэрихьэу кудомкIэ щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ Ставрополь къалэм щекIуэкIащ. Хэгъэрейхэм нэмыщI, абы щызэпеуащ Луганск областым, Дон Iус Ростов къалэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Дагъыстэным, нэгъуэщIхэми я спортсмену 200-м щIигъу.

24.02.2026, 12:52 - Жылагъуэ

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Прохладнэ – Елъхъуэт автомобиль гъуэгум хуэзэу тэрчыпсым деж телъ лъэмыжыр къагъэщIэрэщIэж мы махуэхэм.

            

ОСТАЛЬНЫЕ РУБРИКИ

Литературэ
07.12.2018 - 08:00 | 👁 32

Подробности...

Зы щIыгум и бынхэр

Усыгъэхэр 2019 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и илъэсыр Къэрэшей-Шэрджэсым, КъШР-м и илъэсыр ди республикэм щагъэлъэпIэну иджыблагъэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ щIыналъэ Iэтащхьэхэм. А Iуэхугъуэм дыпежьэу...
Махуэгъэпс
05.12.2018 - 08:10 | 👁 38

Подробности...

Нобэ

♦Урысейм и Дзэ щIыхьым и махуэщ - 1941 гъэм советыдзэхэм Москва деж нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр щрагъэкIуэтыжу хуежьащ.
Спорт
05.12.2018 - 08:08 | 👁 133

Подробности...

Дунейпсо адыгэ вагъуэхэр

Ди щIыпIэм илъэс мин Iэджэ ипэкIэ щыпсэуа нартхэр гъэ къэс Хьэрамэ Iуащхьэ щызэхуэсырти и щыгум жаншэрхъыр кърагъэжэхырт икIи хэти лъакъуэкIэ, хэти натIэкIэ ар абы дрихуеижырт.
Тхыдэ
05.12.2018 - 08:08 | 👁 792

Подробности...

Адыгэ цейр - лъэпкъыпсэм хэлъ къарум и дамыгъэщ

Лъэпкъ фащэр щыгъын къудейуэ щыткъым ар зезыхьэхэм я дежкIэ.
Махуэгъэпс
05.12.2018 - 08:08 | 👁 99

Подробности...

ГушыIэр Тхьэм и щIасэщ

Сытхъэжу  къэсшакъым Партым зыгуэр хагъэхьэрт. И биографиер яжриIащ, къызэреупщIхэм жэуап яритащ. Ауэ зыгуэр къэпсалъэри жиIащ: - Фыз куэд къызэрыпшам и хъыбарыр къыджеIэт. - Сытхъэжу къэсша уи гугъэ...
Махуэгъэпс
05.12.2018 - 08:07 | 👁 173

Подробности...

Тхылъ телъыджэ

«КЪАРДЭНГЪУЩI Зырамыку и махуэ дэтхэнэри лэжьыгъэкIэ гъэнщIауэ, лъэп­къым хуэщхьэпэн Iуэху зэрихуэ зэпыту мэпсэу» жытIэмэ, егъэлея хъуну си гугъэкъым. Абы и зы щапхъэщ мыр.
Махуэгъэпс
05.12.2018 - 08:07 | 👁 273

Подробности...

И IэдакъэщIэкIхэм щыщхэр

Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ. Пьесэ. Налшык, 1940 гъэ Уэращ зи фIыщIэр. Хуумыгъэгъу. Зыщумыгъэгъупщэ. Усэхэр. Налшык, 1945 гъэ
Махуэгъэпс
05.12.2018 - 08:07 | 👁 74

Подробности...

ЛIы и Iуэхуу хэкум ирищIыхьар

Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, КъардэнгъущI Зырамыку къыфIащауэ щытащ ди республикэм и цIыхубэ артист цIэ лъапIэр. Сэ фIыуэ къызгуроIуэ апхуэдэр къэзымылэжьам фIащ зэрымыхабзэр.
Махуэгъэпс
05.12.2018 - 08:07 | 👁 85

Подробности...

ЛIищ я пщIэ къылъос

КъардэнгъущI Зырамыку хуэдэ лIы Iущым, лэжьакIуэ емызэшыжым, щIэ­ныгъэлI щыпкъэм псалъэ гуапэ ху­жыпIэну къилэжьыртэкъэ?!
Махуэгъэпс
05.12.2018 - 08:06 | 👁 101

Подробности...

Адыгэ щэнхабзэм и тхьэмадэ

У-адыгэм, уемызэшу, ЖыIэ и цIэр Зырамыку, Езыр псэкIэ хуэлэжьащи КъимыкIуэту ар ди Хэку.
Махуэгъэпс
05.12.2018 - 08:06 | 👁 68

Подробности...

Лейуэ зы псалъэ хэттэкъым

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист, гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ Респуб­ликэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КъардэнгъущI Зырамыку, цIыхубэ IуэрыIуатэр зэхуэ­хьэс
Махуэгъэпс
05.12.2018 - 08:05 | 👁 79

Подробности...

ЛIэщIыгъуэм и цIыху

Адыгэм ди гъащIэм зэхъуэ­кIыныгъэшхуэхэр къыщыхъуащ: бгъэныщхьэ унэм щIэкIри унэ зэтетхэм Iэпхъуахэщ, фэтыджэн уэздыгъэр электрокъарукIэ яхъуэжащ, пхъэгъэсын жаIэжыркъым - газкIэ мэпщафI
Махуэгъэпс
05.12.2018 - 08:05 | 👁 82

Подробности...

Абы и уэрэдхэр тхыдэщ, бзэщ, хабзэщ

Куэд щIауэ соцIыху Зырамыку. ДыкъакIуэмэ, дызэ­хуозэ. Ди насып къихьри, Иорданым нэкIуати, абыи дыщызэбгъэдэсащ, и гушыIэрэ уэрэдрэ жедгъэIэу.
Махуэгъэпс
05.12.2018 - 08:04 | 👁 76

Подробности...

Щхьэх зымыщIэм и жьауэр

КъБР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрми и мызакъуэу, Адыгейми Шэрджэсми фIыуэ ща­лъагъу КъардэнгъущI Зырамыку илъэс куэд щIауэ щолажьэ щэнхабзэм, мащIи мы IэнатI
Махуэгъэпс
05.12.2018 - 08:03 | 👁 169

Подробности...

Тхьэмадэ Iумахуэ

Лъытэгъуейщ КъардэнгъущI Зырамыку и гуа­щIэ­дэкIыр - ар апхуэдизкIэ инщ, зэмылIэужьыгъуэщи.
Махуэгъэпс
05.12.2018 - 08:00 | 👁 49

Подробности...

Адыгэ щэнхабзэм и пхъуантэдэлъ

Дуней псом зы адыгэ тету къыщIэкIынкъым КъардэнгъущI Зырамыку и цIэр зэхэзымыхарэ ар фIыуэ зымылъагъурэ. Зырамыку хуэдэ лIы щэджащэхэр илъэсищэ къэс зэ къызыщIэхъуэ лъэпкъым и насыпщ.

Страницы