«Сыщытхэм, дамэ стетым хуэдэт...»КъШР-м и Хьэбэз къуажэм къыщалъхуа, къалэмымрэ тхылъымпIэмрэ пасэу Iэпэгъу зыхуэхъуа Тхьэгъэпсэу (ПIэф) Альбинэ иджыри ныбжьыщIэ дыдэу адыгэ усакIуэхэм яхэуващ. Альбинэ литературэм и дунейм щича лъэбакъуэхэм, зытетхыхьыну фIэфIхэм ятеухуауэ ди лэжьэгъу Хьэтай Мадинэ игъэхьэзыра тхыгъэр фи пащхьэ идолъхьэ. Альбинэ усэ зэритхым япэу гу къылъитащ адыгэбзэмрэ литературэмрэкIэ и егъэджакIуэу щыта Акъ (Дэбагъуэ) Софье Рэмэзан и пхъум. Абы иригъэкIуэкI литературэ гупжьейм, зыгъэгушхуа и егъэджакIуэм и фIыщIэкIэ, Альбинэ и зэчийм нэхъри зиубгъуащ. И япэрей усэхэр 1992 гъэм къыщытрадзащ Хьэбэз районым къыщыдэкIыу щыта «Iэдииху» газетым. ИтIанэ тхыгъэхэр газетхэмрэ журналхэмрэ къытрадзэ хъуащ. Тхэным дихьэха цIыхур гу пIащIэу, гу махэу зэрыщытыр дэплъагъуу, Альбинэ зыхищIэрт цIыхум и гукъеуэр, жылагъуэр зыпэщIэт гугъуехьыр, зыгъэпIейтейхэр, ди адыгэ лъэпкъыр зыгъэунэхъу фадэ ефэнымрэ цIыху къызэрыгуэкIым и псэукIэ мытыншымрэ. Ахэр апхуэдизымкIэ и псэм ежалIэрти, тхыгъэ купщIафIэхэр цIыхум ябгъэдилъхьэным, уеблэмэ игъэукIытэу щытыкIэм зригъэхъуэжыным хущIэкъурт. ЕджапIэм щIэсу Альбинэ лэжьэн щIидзащ «Черкес хэку» газетым штатым хэмыт и корреспонденту. А зэманхэм абы и тхыгъэ зэхуэмыдэхэр къытехуащ «День республики», «Абазашта» республикэ лъэпкъ газетхэми, и усэхэр къыщытрадзащ «Нарт (Къэбэрдей-Балъкъэр), «Недельное обозрение» (КъШР), «Новая реальность», «Разумное, доброе, вечное» (Москва) газет цIэрыIуэхэми. Хьэбэз курыт еджапIэр ехъулIэныгъэ иIэу къиуха нэужь, Альбинэ адэкIэ и щIэныгъэр зыхуиунэтIынур хэткIи нэрылъагъут. Тхьэгъэпсэухэ Мухьэмэдрэ Розэрэ я сабийр зыхущIэкъур сыткIи къыдащтэу, тхэным, еджэным трагъэгушхуэрт. Журналист IэщIагъэмрэ усэнымрэ дихьэх я пщащэ пажэм жыг хадэм деж адэм къыщыхузэригъэпэщат «усакIуэм и плIанэпэ цIыкIу». Абдежым Альбинэ Хьэбэз бжьэпэ дахэм хэплъэу усыгъэхэр, тхыгъэхэр къыщигъэщIырт, экзаменхэм зыщыхуигъэхьэзырырт. Альбинэ къехъулIащ зыщIэхъуэпсар - Къэрэшей-Шэрджэс педуниверситетым и журналист факультетым щIэтIысхьащ. Экзаменыр езыгъэкIуэкI егъэджакIуэхэм, еджагъэшхуэ гупым я пащхьэ иту Цветаевэ Маринэ и усэхэм къеджа адыгэ пщащэ гурыхуэм гу къылъатащ, газет, журнал зэхуэмыдэхэм къыхэгъэжауэ папкэ Iувым щызэхуэхьэсыжауэ иIыгъ тхыгъэхэри ягъэщIэгъуащ. КъищынэмыщIауэ, журналист зэчий зэрыбгъэдэлъымкIэ щыхьэт техъуэу, «Черкес хэку»-м и редактор нэхъыщхьэ Дэбагъуэ Мухьэмэд и Iэпэр зыщIэлъ тхылъри и Iэрылъхьэт Альбинэ. Альбинэ университетым и япэ Карачаевск къалэм щрагъэкIуэкIа «Новые имена» литературэ зэхьэзэхуэм и лауреат хъуащ. Университетым щеджэу, «Черкес хэку»-м и щIалэгъуалэ къудамэр и IэмыщIэ къралъхьэри, еджэнымрэ лэжьэнымрэ зэдихьурэ екIуэкIащ. Кавказ зауэм теухуауэ республикэ зэпеуэм «Джэрпэджэж» усэмкIэ етIуанэ увыпIэр къыщихьащ абы. А зэпеуэм и гугъу ищIурэ Альбинэ игу къегъэкIыж и адэм, сыт щыгъуи хуэдэу, игъэгушхуэу абы зэрыхигъэхьауэ щытар. - Жэщи-махуи сытхэу пэшым сыщIэсынут, унагъуэ Iуэхухэри сщхьэщахыртт, «Альбинэ матхэ, йоджэ» жаIэурэ. Папэ сыт хуэдэ зэпеуэхэми сызэрыщытекIуэнур и фIэщ хъурт, абы и фIэщхъуныгъэм сэри нэхъри сигъэгушхуэрти, зэхьэзэхуэхэм сыхыхьэ зэпытт. Зи гугъу тщIы зэпеуэм хэтауэ щытащ тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэхэри егъэджакIуэхэри. Иджы хуэдэу сощIэж 2-нэ увыпIэр къызэрысхьам папщIэ фIыщIэ тхылърэ соми 100-рэ къызэрызатар. ГуфIэгъуэм сызэщIиIэтэрт, къыздэгуфIэрт си адэ-анэри, си шыпхъухэри. Си зэфIэкIкIэ къэзлэжьамкIэ япэ дыдэ зы фэилъхьэгъуэ къэсщэхури, еджапIэм срикIуэжауэ щытащ! - же1э ди псэлъэгъум. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ езыгъэджа Пщыбий Инал и нэIэм щIигъэт, нэхъыфIу илъытэ студентхэм яхэту еджащ Альбинэ. ИкIи «Студент нэхъыфI Тхьэгъэпсэу Альбинэ, узэхъуапсэм нэхърэ къохъуапсэр нэхъыбэу» жиIэу, Нало Заур и IэкIэ зытритха тхылъыр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыхурихауэ щытащ. 1998 гъэм, университетыр къыщиух илъэсым, Черкесск къалэм къыщыдэкIащ адыгэ бзылъхугъэ усакIуэхэу Кхъуэхъу Хъаннэ, Мыжей Мамыржан, Хьэкъун Риммэ, Тхьэгъэпсэу Альбинэ сымэ я усэхэр щызэхуэхьэса «Адыгэпхъухэм я пшыналъэ» тхылъ гъэщIэгъуэныр. Абы ихуащ Альбинэ и япэ усэхэри. 1999 гъэм «КъШР-м и щIалэгъуалэм я гъащIэм теухуауэ тхыгъэ нэхъыфI» республикэ зэхьэзэхуэм 2-нэ увыпIэр къыщилъэщащ. Илъэс дэкIри, 2000 гъэм «УсакIуэ, тхакIуэ, драматург ныбжьыщIэ» республикэ литературэ зэпеуэми и лауреат хъуащ. 2002 гъэм Урысейм и Журналистхэм я союзым хагъэхьащ. Альбинэ усэхэм нэмыщI, цIыху гъэщIэгъуэнхэм ятеухуа очеркхэмрэ рассказхэмрэ фIыуэ къехъулIэрт. Псом хуэмыдэу, ар хуабжьу елэжьырт гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ адыгэ хъыбарыжьхэр зэхуэхьэсыжыным, абыхэм я лъэужьыр дунейм къытенэным, фельетонхэр, сатирическэ тхыгъэхэр къэгъэщIыным. Илъэси 6-кIэ «Черкес хэку»-м щылэжьащ пщащэр. Гуапэу игу къегъэкIыж зыдэлэжьа гуп хъарзынэр, журналист лъэщхэу зи жьауэ щIэтахэр: Даур Жэхьфэр, АбытIэ Владимир, Къантемыр Тыркубий, Шорэ Ахьмэд, Ширдий Маринэ сымэ. Жэхьфар щIыгъуу зы пэшым зэрыщIэсар, абы куэдым зэрыхуигъэсар щыгъупщэркъым. Иджыри студент щIыкIэ унагъуэ ихьа Альбинэ лэжьапIэри, еджэнри, сабий пIынри зэдихьащ. 2002 гъэ пщIондэ газетым и собкорру Хьэбэз районым щылэжьащ. Иужьым унагъуэмкIи сабийхэмкIи нэхъ тыншыну къилъытэри, Хьэбэз лицейм егъэджакIуэу кIуащ, илъэси 6-кIэ щыIащ ар а еджапIэм. ИтIанэ езым и щхьэ хуэлэжьэжыну мурад ищIри, щIэ куэдми зыхуигъэсащ. А зэманхэращ Альбинэ усэ тхыныр щыщигъэтари. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуам тегъэчынауэ и гугъу ищIыркъым, ауэ усэ тхыным псэкIэ зэрыхуэзэшар зыхыумыщIэну Iэмал иIэкъым, абы щытепсэлъыхькIэ. Альбинэ и гъащIэм щIыпIэ хэха щиубыдащ щхьэгъусэ къыхуэхъуа ПIэф Мухьэмэд. Илъэс 20-кIэ зэгурыIуэу зэдэпсэуа зэщхьэгъусэхэм щIалитI къащIэхъуащ. АкъылыфIэу, IэпэIэсэу, гупсысэ куу зыбгъэдэлъ адэфIу щыта Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 44-рэ фIэкIа мыхъуауэ дунейм ехыжащ. Альбинэрэ Мухьэмэдрэ я гъащIэр зы зэрыхъуар зи фIыщIэу илъытэр и щхьэгъусэм и адэ ПIэф ФуIэдщ. Иджыри еджапIэм щIэсу, Альбинэ и Iэпэр зыщIэлъ «ЕфакIуэ зиIэм и хьэдагъэщ» тхыгъэшхуэр къытехуауэ щытат газетым. А тхыгъэр хуабжьу зигу ирихьа, абы щыгъуэм районом щылажьэ, пщIэшхуэ зиIэ егъэджакIуэ ПIэф ФуIэд егъэджакIуэхэм щапхъэгъэлъагъуэу а тхыгъэр яригъэлъагъурт, ар балигъым итхауэ илъытэу. Тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIыр иджыри еджакIуэ цIыкIуу къыщищIам, хуабжьу игъэщIэгъуат, икIи абы къыщегъэжьауэ пщащэ гурыхуэр и нэIэм щIигъэкIакъым, ауэри, я унагъуэм и зы нэрыбги хъужащ. Нобэ Мухьэмэд къыбгъэдэмытыжми, Альбинэ анэ насыпыфIэу зелъытэ. И щIалитIыр - Ахьмэдрэ Маратрэ - и дамитIщ, и къарущ, и насыпщ. Нэхъыжьым къыщIэхъуэжа бын цIыкIухэм нанэ гущабэ-Iущабэу яхэсщ. Ахьмэд КъШР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэм ехъулIэныгъэ къыщигъэлъагъуэу щылэжьащ, нобэкIэ и лэжьыгъэр хуэунэтIащ къэрал Iуэхухэм, Марат студентщ, муниципальнэ управленэм хуоджэ. Тхэныр зэпызыгъэуа Альбинэ псэхупIэ къезымыт зэчийм нобэ хуэм-хуэмурэ зыIэпешэж. - Илъэс 20-кIэ сымытхауэ, шкIащIэ бэкъуэкIэу щIэзыдзэжым сыхуэдэщ иджы. Сыщытхэм - мы дунейр сысейт, дамэ стетым срещхьт, сылъатэрт, си гур хэхъуэрт. Си псэр хуэзэшащ а щытыкIэм. Арыншэу цIыху ныкъуэм сыхуэдэщ, зыгуэр схущыщIэу сопсэу, - и гурыщIэхэм дыщегъэгъуазэ Альбинэ. Иджы дыдэ аргуэру къалэмыр къэзыщтэжа Альбинэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ куэд щIауэ и гум щигъэв, гуауэ псалъэкIэ гъэнщIа, и щхьэгъусэм триухуа усэ купщIафIэр. Альбинэ и гъащIэр творчествэм епхауэ, лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ гъэнщIауэ псэуным хущIокъу. Иджы дыдэ ландшафтный дизайнер IэщIагъэр зыIэригъэхьауэ, дахагъэ къэзыгъэщI IэнатIэми зрепщыт. Догугъэ ди лэжьэгъум и цIэр адыгэ утыкухэм куэдрэ щыIуну, и къалэмыпэр жану, и псалъэ зыщIэлъ уэрэдхэмкIэ, и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъхэмкIэ лъэпкъыр иджыри бжыгъэншэрэ иIэтыну!
Поделиться:
Читать также:
06.11.2026 - 19:05 →
Бейтыгъуэн Сэфарбий – щIэныгъэлI, лэжьакIуэшхуэ
05.11.2026 - 17:35 →
ЩIы IэмыщIэ
05.11.2026 - 14:15 →
УцIыхуну нэхъ тыншщ
03.11.2026 - 12:26 →
Фирмэр къезыгъэла бадзэ
02.11.2026 - 16:17 →
Я дагъуэхэм гу лъарегъэтэж
| ||




