Дыщэ медалу тху«Кубок Дона» фIэщыгъэр зэрихьэу кикбоксингымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ Дон Iус Ростов къалэм. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 26-м я спортсмену 960-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу 39-рэ яхэту. Спортсменхэр зэхьэзэхуащ «К1», «фулл-контакт», «лайт-контакт» унэтIыныгъэхэмкIэ. Ди республикэм и гъэсэнхэм ящыщу я хьэлъагърэ ныбжьрэ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Къарэ Къантемыр (кг 86-рэ), СэвкIуий Сэид (кг 48-рэ), Къандэхъу Расул (кг 71-рэ), Курбанов Рэмэзан (кг 45-рэ), Куэпэшэр Батыр (кг 71-рэ) сымэ. Абыхэм нэмыщI, ди щIалэхэм къахьащ дыжьын медалу 1-рэ домбеякъыу 9-рэ. Ди спортсменхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Саралидзе Айдин, Къудейхэ Алимрэ Залымрэ сымэ. НыбжьыщIэхэр щагъэхьэзыр щIыпIэ КъБР-м картингымкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Нарткъалэ и «Iуащхьэмахуэ» картодромым щекIуэкIащ тхьэмахуэ кIуам. Ар и фэеплъу щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ. Хэгъэрейхэм нэмыщI, абы щызэпеуащ Кавказ Ищхъэрэмрэ Урысей Ипщэмрэ я щIыналъэхэм ящыщу Къэрэшей-Шэрджэсым, Краснодар крайм, Ростов областым, Осетие Ищхъэрэ – Аланием я спортсмену 60-м щIигъу. ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу екIуэкIа зэхьэзэхуэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, Нарткъалэ и командэм япэ увыпIэр иратащ, Налшык къалэм и картингистхэм етIуанэ увыпIэр яубыдащ, Пролетарск къикIахэр ещанэ хъуащ. Щхьэзакъуэ зэпеуэхэм щытекIуащ Емкъуж Икрам, Дэдэхъу Имнан, Атаров Мансур, Теувэжыкъуэ Гермэн, Къебак Ислъам, Соблыр Ислъам, Хьэкъун Елдар, Дмитриев Руслан, Таукенов Елдар, Быщтокъуэ Исмэхьил сымэ. Къыхэдгъэщынщи, картингымкIэ зэхьэзэхуэхэр Нарткъалэ и картодромым щрагъэкIуэкI илъэс 30-м нэблэгъауэ. «Iуащхьэмахуэ» спорт клубым и унафэщI Уэлджыр Аскэр зэрыжиIэмкIэ, Урысей Ипщэм и картингист ныбжьыщIэхэр нэхъыбэу икIи нэхъыфIу щагъэхьэзыр щIыпIэ хъуащ Аруан щIыналъэр. «1998 гъэм щегъэжьауэ нобэ къыздэсым етхьэжьа хабзэм дытетщ. Нобэрей зэхьэзэхуэри КIуэкIуэ Валерэ и фэеплъу щытащ. Ар ди клубым фIыуэ къыдэIэпыкъуащ, куэдрэ дыдей щыIащ, картингым зегъэужьыным и гуащIэ хилъхьащ. Абы къыхэкIыуи, КIуэкIуэ Валерэ и фэеплъу зэхьэзэхуэхэр егъэкIуэкIыным пыдощэ мы гъэми», - къыхигъэщащ Уэлджырым. Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм медалхэр, кубокхэр, щIыхь тхылъхэр иратащ.
Поделиться:
Читать также:
06.11.2026 - 17:59 →
Кубокым зэхуешэс
06.11.2026 - 15:54 →
ЛIыхъужьым и фэеплъу
02.11.2026 - 12:05 →
Спорт хъыбархэр
01.11.2026 - 12:26 →
Амырхъан и зэфIэкIхэр
27.10.2026 - 17:16 →
Спортсмен цIэрыIуэм и щIыхькIэ
| ||




