Спорт хъыбархэрДарэ дыщэ медалитI къехь Урысейм и Паралимп комитетым и Кубокыр атлетикэ псынщIэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Краснодар къалэм. Абы хэтащ къэрал 11-м я спортсмену 200-м щIигъу. УФ-м и командэ къыхэхам хэту зэхьэзэхуэм щыIащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и спорт еджапIэм и гъэсэн КхъуэIуфэ Дарэ икIи дыщэ медалу тIу абы къыщихьащ. Ди адыгэ пщащэм къыпэлъэщын къахэкIакъым метри 100, 200 зи кIыхьагъ гъуэгуанэхэр нэхъ псынщIэу къэжынымкIэ екIуэкIа зэпеуэхэм. Иджы екIуэкIа зэхьэзэхуэр къызэрыхахыу щытащ. Абы щытекIуахэр хэтынущ дунейпсо чемпионатым икIи абы щагъэджэгунущ 2028 гъэм США-м и Лос-Анджелес къалэм щызэхашэну гъэмахуэ Паралимп джэгухэм къызэрыхах баллхэр. КхъуэIуфэ Дарэ зэхьэзэхуэм хуэзыгъэхьэзырар Къарэмырзэ Къантемырщ. КъэрууфIэхэр зэпоуэ УФ-м силовой спортымкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Екатеринбург къалэм щекIуэкIащ иджыблагъэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 24-м я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 400-м щIигъу. Гупхэм я зэхьэзэхуэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм япэ увыпIэр къратащ. УФ-м и чемпионатым щхьэзакъуэхэм я зэпеуэм щытекIуащ Бараев Темырлан, Гайсултанов Адлан, Щоджэн Iэниуар, Къанэмэт Беслъэн, Тепляков Андрей, Веригин Владислав, Бэракъ Рустам, Дорошенкэ Тимофей, Къарэнашэ Залым, Жанатаев Магомед, Мэжджыхь Азрэт, Шыд Резуан, Джэтауэ Руслан, Ташу Мухьэмэд, Хьэжмэт Инессэ сымэ. Пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэпеуэм щытекIуащ Куэшмэн Елдар, Болэт Виталий, Жапу Ибрэхьим, Сыжажэ Идар, Мэжджыхь Алим, Щоджэн Алихъан, Шурдым Имран сымэ. Командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Бэракъ Рустам, Веригин Владислав, Гавриш Александр, Джэтауэ Руслан, Мэжджыхь Алим, Гъубж БетIал сымэ. Саратов щохьэщIэ «Волжские дали» фIэщыгъэр зэрихьэу алыдж-урым бэнэкIэмкIэ 4-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэ Саратов къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ 2011-2018 гъэхэм къалъхуа спортсмен ныбжьыщIэхэр икIи ар теухуауэ щытащ УФ-м и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым. Зэхьэзэхуэм хэтащ ди къэралым и щIыналъэ куэдым я спортсмену 250-м щIигъу. КъБР-м икIауэ бэнакIуэу 8 абы щыIащ икIи медаль зэхуэмыдэу 7 зэпеуэм къыщахьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ Алимжан Амырхъан (кг 25-рэ), Айтэч Муслим (кг 44-рэ), Эльдиев Бекхъан (кг 57-рэ) сымэ. ЕтIуанэ увыпIэхэр къахьащ Бабаев Аланрэ (кг 35-рэ) Айтэч Мухьэмэдрэ (кг 41-рэ). Домбеякъ медалхэр зэIэрагъэхьащ Биттиров Рустамрэ (кг 27-рэ) Жантегуэл Сулеймэнрэ (кг 35-рэ). Спортсменхэм ядэлажьэр Таумурзаев Мурадинщ. ЕкIуу зыкъыщагъэлъагъуэ «Урысейм и къэкIуэнур. Кавказым и къэкIуэнур» фIэщыгъэр зэрихьэу Черкесск къалэм щекIуэкIащ стIолыщхьэ теннисымкIэ щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 9-м я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 186-рэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэнхэм екIуу зыкъыщагъэлъэгъуащ Къэрэшей-Шэрджэсым и къалащхьэм икIи медалхэр абы къыщахьащ. ЖыпIэнурамэ, илъэс 18 зи ныбжьхэм я зэпеуэм Къуэдз Денизэ ещанэ щыхъуащ. Илъэс 14 зи ныбжьхэм ирагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм Пхъэней Алинэ щытекIуащ. Хъыджэбзхэм я тренерыр Хъыдзэдж Беллэщ.
Поделиться:
Читать также:
06.11.2026 - 17:59 →
Кубокым зэхуешэс
06.11.2026 - 15:54 →
ЛIыхъужьым и фэеплъу
02.11.2026 - 12:05 →
Спорт хъыбархэр
01.11.2026 - 12:26 →
Амырхъан и зэфIэкIхэр
27.10.2026 - 17:16 →
Спортсмен цIэрыIуэм и щIыхькIэ
| ||




