«Нанэ и бзэ, дадэ и бзэ» тхылъыр зытха бзылъхугъэр

Шыпш-Бэчбо Залинэ унэгуащэщ, анэщ, усакIуэщ. Зыхуеджа экономист IэщIагъэм пIалъэкIэ ирилэжьами, иужьым ар къигъэнэжащ. 2022 гъэм Къанокъуэ Арсен къызэригъэпэща «StartUp» зэпеуэм щытекIуэри, адыгэбзэкIэ сабийхэм папщIэ щхъуэкIэплъыкIэу гъэщIэрэщIарэ усэ нэжэгужэ цIыкIухэри иту сабийхэм папщIэ тхылъ къыдигъэкIащ. Залинэ и тхылъым, и мурадхэм, зыгъэусэм, зэпеуэм къыщихьа текIуэныгъэм кърикIуахэм теухуауэ упщIэ зыбжанэ еттащ.

- Залинэ, усэ тхыныр сытым къыхэпха?

- Сабиигъуэм къыздисхащ усэ тхыныр. СызэрыцIыкIурэ сфIэфIщ седжэнуи сытхэнуи. Пэжщ, сэ экономисту седжащ. Ауэ си IэщIагъэу солъытэ си лъым хэту сыкъалъхуар – усэныр! Абы зыми сыхуригъэджакъым, сыхуигъэсакъым, атIэ Iэмал зимыIэу сIурылъщ, збгъэдэлъщ. Дунейр усэу зэхызох, усэкIэ сопсалъэ!

- 2021 гъэм «Илъэсым и цIыху» зэпеуэм и лауреат ухъуауэ щытащ…

- Усэхэм сыкъеджэурэ социальнэ роликхэр тесхри интернетым и фIыгъэкIэ цIыхухэм езгъэлъэгъуащ. Куэдым ягу ирихьащ. Хамэ къэрал щыпсэу адыгэ куэдми сыкъацIыхуащ си роликхэмкIэ.

- КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Къанокъуэ Арсен и «StartUp» зэпеуэм щытекIуахэми уащыщщ…

- Къанокъуэ Арсен и зэпеуэм зэрымыщIэкIэ сыхыхьат. Сыту жыпIэмэ, ар нэхъыбэу хьэрычэт Iуэхущ зытеухуар. Сэ си проектыр зытеухуар тхылъ къыдэгъэкIынырт. Куэд щIауэ си гум илът, сехъуапсэрт тхылъ щхьэхуэ сиIэным. «Псэу си адыгэбзэ» зыфIэсща лэжьыгъэр щхьэпэ хъуну къыщалъытащ зэпеуэм.

- «Нанэ и бзэ, дадэ и бзэ» сабий усэ тхылъым и гугъу уэзгъэщIынут, Залинэ.

- Тхылъым сабийхэм папщIэ сыусахэр щызэхуэхьэсащ, щIэщыгъуэщ, щхъуэкIэплъыкIэщ. Тхылъыр гъэдэхэным елэжьащ Адыгейм щыщ сурэтыщI Бэгъус Заремэ. «Нанэ и бзэ, дадэ и бзэ» тхылъым пшыхь щыхуэтщIащ Сэралъп Мадинэ и арт-унэм. Тхылъым и хъыбар зэхаха нэужь, радиом срагъэблагъэри сытрагъэпсэлъыхьащ. Усэхэм ящыщ зы мультфильм гъэщIэгъуэну игъэпсащ аниматор Елей Нурдин.

- Залинэ, уэ езыр уадыгэ анэщ. Сабийм бзэр ищIэн папщIэ сыт хуэдэ Iэмал нэхъ зытебгъащIэр?

- Сабийхэм бзэр яIэщIэмыхун папщIэ Iэмалхэм я нэхъыщхьэр анэхэр бынхэм анэдэлъхубзэкIэ епсэлъэныр. А тIум я зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэр егъэлеяуэ быдэщ. Нэхъыбэу сабийр зыщIыгъур, зэхихыр, зэпсалъэр анэрщ.

Епсэлъар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться: