Урысейм езым и ислъам тхыдэ иIэжщ

Дин IуэхущапIэхэм я унафэщIхэр, къэрал къулыкъущIэхэр, хабзэмкIэ, тхыдэмкIэ, щэнхабзэмкIэ щIэныгъэлIхэр, имамхэр, ислъам еджапIэхэм я студентхэр, СМИ-хэм я лIыкIуэхэр хэтащ жэпуэгъуэм и 6-м Налшык щекIуэкIа, щIыналъэ зыбжанэм зэдай конференцым.

«Дунейм зехъуэж, - жиIащ япэу псалъэ зрата, КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщI, муфтий Дзасэжь Хьэзрэталий. – ЖэуапыщIэ зэтын хуей упщIэхэр къызыхуэувыр политикэмрэ экономикэмрэ я закъуэкъым, атIэ псэкупсэ щIэныгъэхэми я къарур къызыкъуахын хуей мэхъу, цIыхум нэхъ лъапIэу бгъэдэлъ гурыщIэхэмрэ псэукIэ хабзэхэмрэ зэблэзышыну хэтхэм ар яхуэбдэ зэрымыхъунум къыхэкIыу. Идее нэхъ дахэ дыдэри фIы зигу имылъым пхэнжу къыхуэгъэлъэгъуэнущ. «Псэкупсэ щхьэхуэныгъэр хъумэным» къидгъэкIыр убзыхупхъэщ, сыту жыпIэмэ, ар къэралым и шынагъуэншагъэм и зы Iыхьэу зэрыщытым шэч хэлъкъым.

Нобэ муслъымэн лэжьакIуэм зимыхъуэжыпIэ иIэкъым. ЩIалэгъуалэм бжыгъэр зи лъабжьэ Iэмэпсымэхэр яIэщIэлъщ, и фIэщ хъури интернетым къыщигъуэтырщ. Абыхэм я акъылыр едмыгъэгъэутхъуэн папщIэ, мэжджытыр чырбышым къыхэщIыкIа ухуэныгъэ къудейуэ зэрыщымытыр къыдгурыIуапхъэщ. Дэ зэманым декIу къыхуеджакIуэхэм дахуэныкъуэщ, телефоным къыщыхуэза дэтхэнэ гупсысэ пхэнжми ирихьэжьэну хьэзыр ныбжьыщIэр бийм къыIэщIэтхыфын хуэдэу. Интернет къудамэ купщIафIэхэр къыдомэщIэкI, апщIондэху мыхьэнэшхуэ зимыIэ Iуэхугъуэхэр башым фIаIури, диным къыхыхьагъащIэхэм я гупсысэр зэблаш. А псом къикIращи, псэ зыIут псалъэ гъэхуам и къарур зэрынэхъапэр зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Дэ зетхьэр зы дину щытми, адыгэбзэм щегъэжьауэ тэтэрыбзэм деж щиухыжу, бзэ куэдкIэ допсалъэ, лъэпкъ куэди дохъу. А псоми езым я дин зехьэкIэ хабзэ тхыдэм къыкIуэцIрахауэ яIэжщ, ауэ псоми ди лъабжьэр ислъамым и тегъэщIапIэхэрщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхърэ нэхъ щапхъэфI ухуейкъым, мамыру муслъымэн лъэпкъ зыбжанэ зэрыщызэдэпсэумкIэ. ЩIэныгъэ зиIэ имамхэр димыIэу хъунукъым, упщIэ къагъэувхэм урысыбзэкIи щхьэж и анэдэлъхубзэкIи жэуап иратыфын хуэдэу».

Нобэрей дин лэжьакIуэфIыр хъутIбэ къеджэу мэжджытым щIэтракъым, муфтийр зэрегупсысымкIэ. Абы унэ еухуэ, цIыхухэр егъэхъуж, гъуэгу ещI, Урысейм щекIуэкI гъащIэм и зы Iыхьэ лъэщу хэтщ ар, ислъамым и мыхьэнэр езым и хьэлрэ щэнкIэ яригъэлъагъуу. Къэралым къыбгъэдэкIыу сыт дызыхуэныкъуэр жыпIэмэ, щIэныгъэ куур зи лъабжьэ ислъам дин диIэн папщIэ, еджапIэхэр, центрхэр нэхъыбэ хъуарэт жыдоIэ.

Конференцыр ауэ сытми ирагъэкIуэкI къудей мыхъуу, абы жылагъуэр зыхуэныкъуэ упщIэхэр щагъэувыным, жэуапхэр къагъуэтыным хуэунэтIауэ зэрагъэхьэзырам тепсэлъыхьащ муфтийм и къуэдзэ КIэрэф Жэмболэт.

«Псэкупсэ щхьэхуэныгъэр хъума хъун апщIхэ, IуэхугъуиплI хэмыту хъунукъым, - жиIащ КIэрэфым. – Япэрауэ, идеологиер. Иджыпсту диным и пIэ ирагъэувэну хэту, гуп щхьэрыуахэр къежьащ: «неоязычество», «неофашизм», къинэмыщIхэр. Езы ислъам диным и кIуэцIкIи лъабжьэ зимыIэ унэтIыныгъэ пхэнжхэр къыхозэрыхь. А псоми диным хуеджа щIэныгъэлIхэр я щхьэр течауэ тепсэлъыхьыну Iэмал етын хуейуэ къэтлъытэри, апхуэдэхэр къедгъэблэгъащ.

ЕтIуанэрауэ, Урысейм щыпсэу муслъымэнхэм дэ езым дыдейуэ дин щIэныгъэ зехьэкIэ диIэжыпхъэщ, КъуэкIыпIэмкIэ къикIми КъухьэпIэмкIэ кърахми дедэIуэн хуей мыхъуу. Сыту жыпIэмэ, дэтхэнэ щIыналъэми и Iуэхур щхьэхуэщ, щIыпIэм щымыщым абы щекIуэкIыр къыгурыIуэнукъым.

Ещанэрауэ, дэ хабзэр щызекIуэ къэрал дыщопсэу. Абы и гъунэм узэрикIыу, псори зэхэмызэрыхьынкIэ Iэмал иIэкъым. Ауэ щыхъукIэ, дин зезыхьэ цIыхур зыхуитымрэ ищIэ мыхъунумрэ фIыуэ дыщыгъуазэркъым. Абы къыхэкIыу, къэрал хабзэм фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэри къедгъэблэгъащ.

ЕплIанэрауэ, къэралым щыпсэу муслъымэн лъэпкъ псоми къызэднэкI тхыдэ гъуэгуанэ къэткIуащ, дызыдэплъеинрэ щапхъэ тхуэхъунрэ къыхэтхыфыну. Абы и мыхьэнэм тхыдэмкIэ щIэныгъэлIхэр къытхутепсэлъыхьынущ».

Конференцым и лэжьыгъэм хэтащ лъэпкъ Iуэхухэмрэ цIыхубэ проектхэмкIэ министрым и къалэныр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Гергоков Жэмболэт. Псэкупсэ щхьэхуэныгъэм и мыхьэнэр къыдгурыIуэн папщIэ, КъухьэпIэм щыжаIэмрэ ящIэмрэ деплъын хуейуэ аращ, жиIащ Гергоковым. Швецием КъурIэныр зэрыщагъэсам и хъыбар псоми зэхэтхащ. Демократием дыкъыхуезыджэхэм сыт щадэтлъэгъуар абдежым? Я полицэм КъурIэныр зыгъэс щIэпхъаджащIэр ехъумэ. Абы иужькIэ дауэ ахэр «демократиекIэ» зэджэм езыхэр тету уи фIэщ зэрыпщIынур? Ауэ щыхъукIэ, ди къэралыр хабзэкIэ тхылъ лъапIэхэм къащхьэщож. Урысейм щыпсэу муслъымэнхэр жылагъуэм и зы Iыхьэшхуэщ.

КъуэкIыпIэмкIэ уплъэмэ, абыхэм диныр къэралым пэщIэувэн хуейуэ къалъытэ. Иджыпсту Урысейм дзэ Iуэху хэха зэрыщекIуэкIыр къагъэщхьэпэу, светскэ къэралым диныр нэгъэсауэ щызумухьэфын хуэдэу жаIэурэ, Урысейм щыщ лъэпкъ цIыкIухэр абы къыгуэгъэкIын хуейуэ ягъэув. Языныкъуэхэр щIэныгъэм поув. Муслъымэнхэр къэрал школым кIуэн хуэмейуэ, уеблэмэ хъыджэбз цIыкIухэр емыджэми ягъэ мыкIыну пхагъэкIыну хэтщ. Абы узыхуишэнур сыт? Муслъымэныр зэманым къыкIэрыхуа цIыху ящIыну хуейуэ аращ, щIэныгъэ имыIэрэ жылагъуэм хэмызагъэу. Мис ахэр къытщымыщIын папщIэщ мыпхуэдэ конференцхэр щIедгъэкIуэкIыр.

Къэпсэлъэныгъэ купщIафIэкIэ утыку къихьащ РАНХИГС - мрэ РГГУ-мрэ я профессор Шахов Олег. Ар тепсэлъыхьащ дин зезыхьэ цIыхум и хьэкъыр языныкъуэхэм пхэнжу къазэрыгурыIуэм. Шаховыр тепсэлъыхьащ ислъам дин зезыхьэхэр нэхъ щымащIэ щIыпIэхэм къыщыхъухэми. «Щапхэ къэсхьынут, - жиIащ профессорым. – Iуащхьэмахуэ лъапэ сыщыIэу, абдежым щыхатIа хъыбарегъащIэм гу лъыстауэ щытащ: «Мы щIыпIэм щыпсэухэм пщIэ яхуэфщIи, фи щIыфэр пцIанэу къэвмыкIухь». Ардыдэр яжеIапхъэт муслъымэн куэд здэщымыIэ къалэхэм щыпсэухэм. ЦIыхухэр зэмыса теплъэгъуэ я пащхьэм ибгъэувэмэ, абы къаугъэ къишэнкIи хъунущ, абы къыхэкIыу, апхуэдэ щIыпIэхэм уэрамым, цIыхубэ зэхэзекIуапIэм нэмэз щумыщIмэ, нэхъыфIу къыщIэкIынщ».

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: