ФIым фIы къешэИнтернет губгъуэм ди нэгум щIигъэкI цIыхухэм бгъэщIагъуэ хъуну куэд ядыболъагъу. НэгъуэщI лъэпкъхэм, щIыпIэхэм, къэралхэм щыщхэм я псэукIэ хьэлыр уи хъуреягъкIэ щыплъагъум щхьэхуимыту ибогъапщэ. Ауэ къызэщIэубыдауэ узэхуеплъмэ, псори дызэщхьу, дыщIэгуфIэри дызыгъэнэщхъейри зэтехуэу, Толстои зэрыжиIауэ, цIыхуфIхэр зэрынэхъыбэр уогъэунэху. Къэзахъстаным щыпсэу Никулин Дмитрий тхыгъэ кIыхьышхуэ къриубгъуащ и напэкIуэцIым дызытепсэлъыхь Iуэхугъуэм теухуауэ. Урыс щIалэм зэрыцIыкIурэ зыдэпсэу къэзахъхэр къуэшу зэрибжым и гугъу ещI. Ар къызэригъэлъагъуэ псалъэхэмкIэ дывдэгуашэмэ, ахэр щхьэ сэ сигу къэмыкIарэ жыфIэнкIи хъунущ, апхуэдизкIэ гупсысэшхуэ ящIэлъщ Дмитрий зэригъэзахуэхэми. «Сэ сыурысщ, Къэзахъстаным сыщопсэу, ауэ мыбы щысшэчын хуей хъум сытемыпсэлъыхьу афIэкIа сыщысыжыфынукъым. Къэзахъхэм егъэлеяуэ урысхэр «дыдакъузэ». НэмыукIытагъэкIэ, ямыбзыщIыжу, уеблэмэ зы унэ къэмынэу а зи гугъу сщIы бэлыхьыр къыщытIуощIэ. УщIыхьакъэ къэзахъым деж – ухуей-ухуэмей жаIэу къомыупщIыххэу, шэнтым урагухри, я Iэнэм уIуагъэтIысхьэ. «СымэжалIэркъым», - жыпIэу уеплъыжарэт! «Уэ зыгуэр къоупщIауэ ара? Мыр бешбэрмакъщ, едзакъэт! Мыр баурсакщ - шхыт! Лы шхы! Шей ефэ!» Ушхэн умыдэмэ: «Сыт, пщIэ къытхуумыщIу, цIыхуу дыкъыумылъытэу ара?» Псори пшхамэ: «Сыт афIэкIа щIумышхар?» УщIэкIыжыну ухуожьэри: «Дэнэ уздежьар? Иджыпсту шей къахьынущ!» Сытми, сыхьэтищ дэмыкIауэ, уакъыIэщIэкIыжыфынукъым. УакъыфIэтэджыжкIи зэфIэкIынукъым. Пакет къыпIэщIагуэнущ. «Мыр унэм здэхь. Унагъуэм ептыжынщ!» Мис апхуэдэу «уи фэр трахауэ» уокIуэж: уи ныбэр къуауэ, зы Iэм – лы, адрейм – баурсак IэщIэлъу. АбыкIи ягу мызэгъауэ, къыпкIэлъоджэ: «Адрей къакIуэ унагъуэр къыздэшэ!» ГущIэгъу зыхэмылъыххэр я нанэхэрщ. Къоплърэ укъилъэгъуамэ, а пщыхьэщхьэм пщIэнур бухащ: «Уэй мыгъуэ, сыту ууэд Iей, гущэ!» ЕтIуанэу умышхауэ, укъызэриутIыпщын дунейм теткъым. А псор гушыIэщ, иджы си фIэщу сыпсэлъэнщ. СыкъызыхэкIа лъэпкъым теухуауэ зэгуэр си дэфтэрхэм «урысщ» жиIэу итащ. Сэри сыурысу зыкъэслъытэжырт. АрщхьэкIэ, сыкъызыхэкIам, си унагъуэм и тхыдэм сыщылъыхъуэм, сыкъыщыхъуам, си гъащIэр щекIуэкIам, ХэкукIэ сызэджэм сегупсысын щIэздзащ. Жэуап къэзгъуэтащ: «Сэ сыкъыщалъхуар Къэзахъстанырщ». Мы щIыналъэм си япэ унэр къызитащ. Мыбы си сабиигъуэр щыкIуащ, си Iыхьлыхэри ныбжьэгъухэри щопсэу. Сэ мыращ сыщылажьэри, сыщыгуфIэри, сыщыдауэри, сыщыщыуэри, мурад щысщIри, къэкIуэнум сыщегупсысри». Арати, къызгурыIуар вжызоIэ: «Пэжщ, си адэжьхэр урысынкIи хъунущ. Си дэфтэрхэми итщ а лъэпкъым сыкъызэрыхэкIар. Ауэ уи ХэкукIэ ухэт жиIэу зыгуэр къызэупщIмэ, «сэ Къэзахъстаным сыщыщщ» жысIэнущ. Уеблэмэ «сыкъэзахъщ» жысIэфынкIи хъунущ, сыпыгуфIыкIыу. Си лъымкIэкъым, си ХэкумкIэщ сызэрыкъэзахъыр. Сыту жыпIэмэ, Къэзахъстаныр сэ зэрымыщIэкIэ сыкъыщыхута щIыпIэу аракъым, ар си унэщ. Мыбдежым щиухын хуейуэ къызолъытэ мыхьэнэ зимыIэ ди зэдауэр: хэт урыс, хэт къэзахъ, хэт украин, хэт тэтэр, корей, уйгур, узбек, нэмыцэ, къыргъыз, е нэгъуэщI лъэпкъым къыхэкIа» жыхуиIэр. Сыту жыпIэмэ, псоми езым я лъабжьэ яIэжщ. Зыри хуейкъым и щIыбыр и къежьапIэм хуигъэзэну. Урысым урысын щимыгъэтынкIэ Iэмал имыIэу щыткъым, Къэзахъстаныр фIыуэ илъагъун папщIэ. Къэзахъми и щIыр зэрыфIэлъапIэр зыми и фIэщ ищIыну и къалэнкъым. Узбекри, къыргъызри, украинри, нэмыцэри, корейри я адэжьхэмрэ ди унэкIэ дызэджэ къэралымрэ щIахэбгъэдэн щыIэкъым. Уи лъабжьэм уи адэжьхэр къыздикIар къыбжеIэ. Хэкум уи гур здэщыIэр къегъэлъагъуэ. Мы гупсысэр Къэзахъстаным и закъуэкъым щызгъэIуну сыщыхуейр. Азие Курыт псом жесIэнут: Къэзахъстанми, Къыргъызми, Узбекистанми, Таджикистанми, Туркмениеми. Зэрыдунейуэ жесIэнут. Къатемыхьэлъэххэу, ди унэцIэхэмкIэ, бзэхэмкIэ, лъэпкъхэмкIэ, динхэмкIэ, гъунапкъэхэмкIэ дагуэш куэд щIауэ. Ауэ щыхъукIэ, цIыхур мащIэ дыдэщ зыхуейр: сабийхэр дуней мамырым тетыну, гъунэгъур гъунэгъуну, ныбжьэгъум сыт лъэпкъ укъызыхэкIар жаIэу ирамыудэкIыну, хьэщIэм унэбжэр хузэIуахыну, Iэнэ псоми узэрыIухуэнум шэч къытрамыхьэну. Илъэсищэ дэкIа нэужь, «хэт и лъыр нэхъ къабзэ» жаIэу, ди сабийхэр зэдэуэну сыхуейкъым. НэгъуэщI IуэхукIэ зрыредауэ: хэт и анэшхуэм бешбэрмакъ нэхъ IэфIу ищIрэ? Хэт и баурсакхэр IэщIэуха? Къэзахъстаным апхуэдэ къыщыхъуну къыщIэкIынкъым зэи. Аращ сэ нобэ щIыжысIэр: «Си къежьапIэр – си тхыдэщ. Си лъэпкъыр – си тхыдэм и Iыхьэщ. Къэзахъстаныр – си Хэкущ». Мы щIыр фIыуэ зэрыслъагъум, абы тес лъэпкъым пщIэ зэрыхуэсщIым, си ныбэ изу сызэрагъашхэм, ди блэкIар зэрызэтехуэм сигукIэ къэзахъ сыщищIкIэ, сэ абыхэм сащыщщи, си шейр къивгъахъуэ! Мы зы закъуэрауэ щрет Къэзахъстаным къущахыну лейм я нэхъ иныр: «Ей, щIалэ, дэнэ уздежьар? ТIысыт! Иджыпсту шей къахьынущ?»
Поделиться:
Читать также:
06.11.2026 - 12:45 →
ФIэщхъуныгъэмрэ фэрыщIыгъэмрэ
28.10.2026 - 13:22 →
Зым адрейм и хьэтыр илъагъупхъэщ
08.10.2026 - 12:26 →
Щыхьэрымрэ щIыпIэ пхыдзахэмрэ зэщхькъым
02.10.2026 - 16:07 →
Iэдэбым сыт щыгъуи и чэзущ
07.09.2026 - 12:59 →
НОБЭ
| ||




